ГЪУЭГУАНЭ ХЬЭЛЪЭХЭМ ЗРАПЩЫТУ ЩIАДЗЭ

ЩIэныгъэлIхэр игъащIэ лъандэрэ топсэлъыхь цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я псэкIэ, я IэпкълъэпкъкIэ зэрызэпыщIам, зым адрейм Iэмал имыIэу зыхъуэжыныгъэ гуэрхэр зэрыхилъхьэм. Пэжщ, а зэхъуэкIыныгъэхэм узыщыгуфIыкIыни уи жагъуэ хъуни къыщрикIуэхэр щыIэщ. Iуэхур нэхъыбэу зэлъытар дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэхущытыкIэрщ, лъагъуныгъэрщ. АитIур зэгурыIуэу къызэдекIуэкIмэ, зыр адрейм емыкъуэншэкIмэ, кърикIуэнур лъэныкъуитIми къахуэщхьэпэн IуэхуфIщ, сыту жыпIэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр псэ зыIуту хъуами къэкIыгъэхэми я дохутырышхуэщ, я хъумакIуэ пэжщ. Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, ди къуршхэми, мыIуэхуншэр щыгъэтауэ, дэ къытхуэлажьэурэ, къалэнышхуэ ягъэзащIэ: ди дунейм и хуабагъ-щIыIагъыр, псыIагъэ-гъущыгъэр зэщыщхъуу щытыныр бгыхэм куэдкIэ елъытащ.

Нэхъ жыжьэжу дыIэбэнщи, мыпхуэдэ щапхъэр къэтхьынщ: ныбжьышхуэ зиIэ Мысырыр къум нэщI абрагъуэхэмкIэ лъэныкъуищкIэ «къэхухьауэ» зэрыщытам сэбэпыныгъэ лъэпкъ ямыIауэ къыпфIэщIынкIэ мэхъу, зэ еплъыгъуэкIэ. Ауэ, укIэлъыплъыжыпэрэ уегупсысмэ, къыбгурыIуэнущ а къум гъунапкъэншэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIар. Сыт хуэдэ ахэр? А къум инхэмкIэ «къэхухьа», къэгъэтIылъыхьа къэрал гъунапкъэхэм зэрыпхъуакIуэ бийхэр тыншу къебгъэрыкIуэфынутэкъым, арати, абыхэм я фIыгъэкIэ, хэкур хъума хъурт.

АдэкIэ-щэ? Бий гуэрхэр къатемыуэмэ, абыхэм зэрамыпхъуэ, зэхамыфыщIэ къэралым и псэукIэкIи, и тхыдэкIи, и щэнхабзэкIи зыужьыныгъэшхуэ игъуэту къекIуэкIырт. А Iуэху бгъэдыхьэкIэр дэри зыхуэдвгъэхьыжи девгъэплъыт: мысырхэр къумхэмкIэ къэхухьауэ зэрыщытам ещхьу, дэри лъэныкъуищкIэ ди къуршхэм бийхэм дыщахъумэгъамэ… Ар, дауи, нэгъуэщI Iуэхущ… МысырымкIэ дгъэзэжынщи, зэманым щIыгъуу гъащIэми зехъуэж. IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ заужь. ЙофIакIуэ. ЦIыхухэм къагупсыс къуршхэми къумхэми уазэрыпэлъэщын Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр. Пэжщ, апхуэдэ зыузэщIыныгъэм мысырхэм япэ лъэхъэнэхэм фIы къахудэкIуауэ щытакъым.

Ди эрэм и пэкIэ, 1700 гъэхэм деж, гъащIэм и зыужьыныгъэм кърикIуахэм щыщу, цIыхухэм къагупсысащ пшахъуэщI къумышхуэхэми уазэрыпэлъэщын Iэмалхэмрэ къарухэмрэ: гиксосхэр (Iэпхъуэшапхъуэу губгъуэхэм щыпсэу Iэщыхъуэхэрат апхуэдэу зэджэхэр) къызэпрыкIыф хъуащ Мысыр къэралыгъуэр къызэрыхухьа пшахъуэщI абрагъуэхэм. Абыхэм яубыду щIадзащ ущыпсэуну нэхъ тынш щIыIэпсхэр: Нил псым и Iэшэлъашэхэр. Пэжщ, бийр къатеуэным илъэс зытхух иIэу езы мысырхэр хьэлэбэлыкъышхуэм хэхуат: къулейсызхэмрэ гъэрхэмрэ я зэщIэхъееныгъэ иным къэралыр зэщIищтат. Дауи, зэрыпхъуакIуэхэм а щытыкIэри къахуэщхьэпащ. КъимыдэкIэ, зэрыжытIащи, гиксосхэр Iэмалшыт: гъуэгуанэ хьэлъэ кIыхьыр абыхэм къызэрызэпачар махъшэ къудейхэмкIэтэкъым – я акъылыр хуэкIуэри, шыхэр къагъэсэбэп хъуати, дэнэкIи нэхъ псынщIэу икIи нэхъ тыншу нэсхэрт. КъыжыIэн хуейщ мыри: къызытеуахэм нэхърэ къатеуэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэу щытащ. Ауэ губгъуэрыс Iэщыхъуэхэр къэзыухъуреихь дунейм куэдым хуригъэджат: упсэун папщIэ щыIэ Iэмалу хъуари хэкIыпIэ псори къэгъэсэбэпыным хуигъэIущати, мысырхэр зыщымыгъуазэ зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ ахэр нэхъыбэу къызэгъэпэща хъуат.

Гиксосхэр зэрыпхъуакIуэ къудей мыхъуу, псэукIэм хуэIэзэхэуи къыщIэкIащ: мысырхэм я щэнхабзэр псынщIэу къапхъуэтащ, я бзэр зрагъэщIащ, къаубыда лъэпкъым щызэрахьэ цIэхэм хуэдэхэр езыхэм зыфIащ хъуащ. КъыфIэбгъэкIмэ, мысыр фирхьэунхэм я щIыхьыр зэрыхаIэтыкIыу зэрахьэ цIэхэм я фэгъухэр зыфIащурэ, адрейхэм зыкъыхагъэщу щIадзащ, псалъэм папщIэ, зиусхьэн, зи щIыхьыр ин, нэгъуэщI къинэмыщIхэм хуэдэхэмкIэ. Езы мысырхэри зыкъомкIэ ядэплъеящ зыубыда бийхэм: псом япэрауэ, махъшэхэм нэмыщI, абыхэм шыхэр ягъэхъуу, шэрхъ зыщIэт гухэр ящIу щIадзащ, Iэщэ-фащэхэмкIи мобыхэм щапхъэ къытрах хъуащ. Мыбдеж гъащIэм къигъэлъэгъуащ: уэ къофIэкI уи бийм деж ущеджэным, абы удэплъеиным зэраныгъэ пылъкъым.

Мысырхэр хуэм-хуэмурэ хуэIэзэ мэхъу илъэси 120-м щIигъукIэ зи бжьым щIэта, къыпахыныр къызыпаха губгъуэрыс Iэщыхъуэхэм къаIэщIэкIыжа зэрыхъуну щIыкIэм. Бэнэныгъэм лъэщу зыхуэзыгъэхьэзыра мысырхэм зыкъаIэтри, гиксосхэр хагъащIэ. Куэд зэтраукIэ, зыкъоми гъэрыпIэм ирагъэувэ. Къэнахэр щIопхъуэж. Мыбдеж Iуэхур зыкъомкIэ ещхь хъуат е мыхъу фIы хъужыркъым жыхуаIэм. Дауэ?

Нэхъапэхэм мысырхэр къумхэмкIэ къэхухьати, езыхэм мыбзаджэу заужь пэтми, абыхэм дунейм и адрей къэралхэм пыщIэныгъэ хуаIатэкъым. Ахэр щыгъуазэтэкъым нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI зыузэщIыныгъэхэм гъуэгу зэрагъуэт щIыкIэм, сатур, экономикэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа Iуэхухэр нэхъыфIу икIи нэхъ псынщIэу зэрызэфIэпхыну Iэмалхэм я къэгъэсэбэпыкIэм… Иджы деплъынти, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ я зэпыщIэныгъэм спортым зиужьынымкIэ сэбэпынагъыу къишэр зыхуэдэм. Абы щхьэкIэ жыжьэ дыкIуэнкъым – къэтщтэнщ ди къуршхэмрэ бгырысхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм кърикIуэу тлъагъухэр. Къуршхэм, бгы лъапэхэм щыпсэу цIыхухэр а щIыпIэхэм йосэ, щIыIэхэми жьапщэхэми япсыхьри, бэшэч мэхъухэр. Ахэр хуэм-хуэмурэ тогушхуэ къыр задэхэм, къуршыщхьэхэм я лъэр нахусыным. Губгъуэрысхэр IэмалкIи къарукIи зыпэмылъэщыну гъуэгуанэ хьэлъэхэм зрапщыту щIадзэри, я мурадым я Iэр трагъэхуэф мэхъу.

ТХЬЭГЪЭПСЭУ Анатолэ, философие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)