ЦIЫКIУХЭМ ФIЫУЭ ЯЛЪАГЪУ ДОХУТЫР

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт амбулаторэм педиатру щолажьэ Гуанэ Бэллэ. Сабийхэрщ зэIэзэри, ахэр бзэ гуапэкIэ къыдехьэх, ядогушыIэ, трагъэзэн хуей хъумэ, шынэ ягу илъыжкъым. Аращ дохутыр нэсыр – щIэныгъэ бгъэдэлърэ, ар къыхуэгъэсэбэпмэщ. Езы дохутырыр Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм къыщыхъуащ, Налшык къалэ щопсэу, хъыджэбзрэ щIалэрэ иIэщ.

Дохутыр Iэ щIагъэм пасэу гу хуищIащ Бэллэ. Ар и хъуапсапIэурэ къыдэкIуэтеящ.

-Ебланэ классым сыщIэсу, сымаджэщым сагъэгъуэлъри сыщIэлъат, си пэр операцэ ящIынути. Абы иужькIэ медицинэр IэщIагъэ сщIыну сигу изубыдащ, - жеIэ езым. 

Школыр къыщиухым КъБКъУ-м медицинэмкIэ и колледжым щIэтIысхьэри, 2001 гъэм диплом плъыжькIэ къиухащ. Илъэс дигъэкIри, Санкт-Петербург ПедиатриемкIэ къэрал медицинэ академием щIэтIысхьащ. Япэ курсым щIэсу, медсестрауэ лэжьэн щыщIидзащ езы академием нефрологиемкIэ и къудамэм.

- ГъэщIэгъуэнт еджэныр икIи гугъут. ЦIыхум и узыншагъэм пыщIа IэщIагъэр къыхэпха нэужь, еджэныр щхьэхынагъэкIэ е нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ къэбгъэтIасхъэ хъунукъым. Дохутырым сымаджэм теухуауэ ихь жэуаплыныгъэр хьэкъыу ппхыкIауэ уемыджэмэ, дохутыр нэс къыпхэкIынукъым. Дэ ди IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэпхын хуейщ. Ди еджапIэр ткIийт, студент щыхьэулеифынутэкъым. ТIу къэпхьмэ нэхъыфIт дерсым ущIэмыхьэ нэхърэ. Уегугъуу узэреджэр ялъагъумэ дезыгъаджэхэм гулъытэ лей къыпхуащIырт. Сэ икIи сызэрылажьэр ящIэрти зыкъысщIагъакъуэрт, - къыддогуашэ и студент гукъэкIыжхэмкIэ.

2008 гъэм Санкт-Петербург академиер къыщиухри, а еджапIэм и интернатурэм щIэтIысхьэжащ. Еджэурэ, педиатру лэжьэн щIидзащ. ЕджапIэр къиухри, республикэм къигъэзэжащ. 20I4 гъэм тыригъэзащ пIалъэкIэ тригъэзащ къалэшхуэм – сабий нефрологиемкIэ щIэныгъэ зэригъэгъуэтащ.

2011 гъэм сабий дохутыру Щхьэлыкъуэ къуажэм и амбулаторэм уващ Гуанэ бэллэ. Абдеж къыщигъэлъэгъуащ щIэныгъэ куу зэриIэр, гудзакъэ зэрыхэлъыр, сабийхэм фIыуэ зэрагурыIуэр.

- Сыт цIыкIухэр зыхуейр?! Псалъэ дахэ тIэкIу. ЩIэх дыдэу къыдосэ. «Сыт къоузрэ?» жытIэу деупщIмэ, зэтещыпыкIауэ къыджаIэ. Уеблэмэ, сабий цIынэхэм я гъыкIэмкIэ къыдгурагъаIуэ къыхэзыгъэзыхьыр. Сабий фIыуэ долъагъу- аращ педиатрхэм ди хьэл-щэн нэхъыщхьэр. Дигу ящIоуз, зы Iэмал закъуэ яхуэтщIэнIауэ къэдгъэнэнукъым, зыкъедгъэлыжынукъым. Ди лэжьэгъуэ зманыр щиухами, зи бын и узыншагъэ щхьэкIэ гузавэ анэхэм телефонкIэ дапыщIащ е зыдгъэгувэуIэнатIэм дыкъыщыпэрыни щыIэщ. Сымаджэ къытхуашарэ, нэгъуэщI дохутыр и деж дгъэкIуэн хуей хъумэ, а IэщIагъэлIым допсалъэ, зэманкIэ дыгуроIуэри, доутIыпщ. КъигъэзэжмиЮ. Ди нэIэ тетщ, -  жеIэ абы.

«Уеджэнымрэ улэжьэнымрэ дэтхэнэр нэхъ гугъу?», - деупщIат Бэллэ.

- Медицинэм ущыхэтым деж, ущылажьэкIи уеджэ хуэдэщ. Илъэситху къэс ди щIэныгъэм хыдогъэхъуэж. ТIури гугъущ, ауэ уи псэр хуеIэмэ уполъэщ. АпхуэдизкIэ си лэжьыгъэмрэ сэрэ дызэпыщIащи, сымылажьэу си нэгу къыщIэзгъэхьэну сыхуейкъым. Республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым сыщIэувам и зы щхьэусыгъуэт си щIэныгъэм нэхъри хэзгъэхъуэныр – абы жэщым улажьэ хъурти, нэхъыбэ плъагъурт, къапщIэрт. Тхылъым итым уедэжэн хуейщ, ауэ ар уи нэм илъагъумрэ уи Iэм ищIэмкIэ щIомыгъэбыдэжмэ, щIэх пщыгъупщэжынущ, - къыджиIащ и гупсысэр.

Дохутырхэр зыгъэгуфIэр сымаджэр хъужауэ ялъэгъунырщ. Я жагъуи щыIэщ:

- ФIырэ Iейрэ зыхэмыт IэщIагъэ щыIэкъым. Ди жагъуэщ цIыху балигъхэм, дохутыр псори зэдрагъэхьу, мыхъумыщIэу щыжаIэ щыIэщи. Нобэ «зы дохутыр тэмэм республикэм искъым» жызыIэфыр, пщэдей зи щхьэ ирихьэлIэнур ар зыхужиIэхэращ. Ауэ абы щхьэкIэ къэмынэуи, ди деж гузавэу къэкIуа дэтхэнэми сэбэпр дыхуэхъуфмэ, хъужауэ къытрагъэзэжмэ – нэхъ дызыгъэгуфIэ щыIэкъым, - жи.

Бэллэ зэрыжиIэмкIэ и бынхэр езым и IэщIагъэм ехъуапсэркъым, ауэ ауэ яфIэфIщ цIыкIухэм сэбэп зэрахуэхъур, фIыуэ къызэралъагъур. Хъыджэбзыр юрист IэщIагъэм хуоджэ. ЩIалэр школакIуэщ, стоматологыу еджэну хуейуэ жеIэ.

Медицинэр IэщIагъэу къыхэзых щIалэгъуалэмя мурадхэр къайхъулIэну мэхъуахъуэ Бэллэ. И гуапэщ ягурэ япсэрэ етауэ IэщIагъэ гугъум пэрыувэхэр куэд зэрыхъур.

- Узэджэракъым нэхъыщхьэр, практикэм узэрыхэзагъэрщ - ари къагурыIуэну сыхуейщ, жеIэ.

 

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.