МАКЪАМЭКIЭ КЪЭIУЭТА ДУНЕЙ ТЕТЫКIЭ…

Налшык щыIэщ «Ored Rekordings» этнографие макъамэ IуэхущIапIэ (лейбл). Абы и къызэгъэпэщакIуэхэщ Хьэлил Болэтрэ Къуэдзокъуэ Тимуррэ. Лъэпкъ шыфэлIыфэ, псэукIэ, щэнхабзэ къызыхэщ уэрэдхэр къагъэщIэрэщIэж. Ахэр теухуащ пасэ лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа Iуэхугъуэхэм: зекIуэм, щакIуэм, мэш щIэным, цIыхум еIэзэным, нэгъуэщI куэдми. Мыр макъамэ къудейкъым зыхуэгъэпсар, атIэ адыгэ щыIэкIэр макъамэкIэ къегъэпсэуж. ЩIэх-щIэхыурэ зэплъэкIыж лъэпкъым зецIыхуж. АтIэ пасэрей макъамэри зы гъуджэ тIорысэщ. Гъуджэр жьы хъуащ, къитхъащ, IэпапIэщ. Ауэ къищыр дэращ: ди напэпкъ, ди плъэкIэ, ди плIэм и ухуэкIэ, ди зыIыгъыкIэ!

Ди макъамэр дуней псор зэIэпызышэщ, зэхегъэх къудей. Сыт абы апхуэдизу цIыхупсэ щIигъэпIейтеифыр жыпIэмэ, гъащIэм ипсыхьащи. КъызэрымыкIуэ лIыгъэкIэ, гугъуехькIэ, нэпскIэ, хабзэ ткIийкIэ, бэшэчагъкIэ! А псор адыгэ гущIэм къыщиудри, уэрэдрэ гъыбзэу Iуащ.

Иджыри мэIу! Этнографие лейблым хамэ къэралхэм пшыхьхэр щет. Иджыблагъэ Нидерландхэм щекIуэкIа «Le Guess Who?» фестивалым хэтащ  «Ored Rekordings» -р. А фестивалым и продюссер Бреннан Иэнрэ «Glitterbeat Reccords» лейблым и къызэгъэпэщакIуэ Экман Крисрэ Iуэху ящIащ дуней псом и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыIэ лъэпкъхэм я макъамэ абы къызэрагъэпэщ пшыхьхэм щагъэIуну. Фестивалым ирагъэблэгъа «Ored Rekordings - м Нидерландхэм щекIуэкIыну Iуэхум егупсысауэ зыхуагъэхьэзыращ. Адыгэ макъамэм и къэIукIэр ягъэлъэгъуэн папщIэ абы проект щIагъуэу тIу игъэхьэзыращ: япэр Адыгэ Республикэм щыщ уэрэджыIакIуэ Нэгъуей Заур игъэзащIэ адыгэ уэрэдыжьхэр, етIуанэр - «Jrpjej» гупым и уэрэд-макъамэр. Нэгъуей Зауррэ «Jrpjej» гупымрэ зэгъусэуи щхьэхуэ-щхьэхуэуи уэрэдхэр ягъэзэщIащ, Утрехт къалэм щыIэ «TivoliVredenburg» концерт гъэлъэгъуапIэм щIэсхэр къахьэхуу. Шэрджэс дунейм, гухэлъым и бзэм, лIыхъужьыгъэ макъамэм, гъыбзэм щIэхыу къыхэхутащ ахэр. Дыгъужьокъуэ Къазбэч и лIыхъужь уэрэдыр, «Си Пакъ» гухэлъ уэрэдыр, «Къоджэ-Бердыкъуэ Мыхьэмэт» и гъыбзэр, «Улэ-елэ» уэшхщIэлъэIу уэрэдыр, нэгъуэщIхэри щагъэIуащ. Адыгэ лъэпкъыр «емыкIукIэ» зэджэ Iуэхугъуэ куэд щыIэщ. Утепсэлъыхь, цIыхухэм зэхебгъэхыну къемызэгъхэр къыдогъуэгурыкIуэ - и гум илъхэр къызэIуих хъуркъым. Ауэ уэрэдымрэ гъыбзэмрэ и гур къыщиунэщIыжыну хуит мэхъу. Мис апхуэдэ мыхьэнэ яIэщ пшыхьым щагъэзэщIа уэрэдхэм. Гу лъащIэм куэдрэ щытIыгъуар хуит къэхъуа нэужь, ар макъамэ къудейкъым, атIэ удыгъэ гуэри къыщIоувэ. Аращ адыгэм и щэнхабзэм хэзымыщIыкIхэри ди лъэпкъ макъамэм куууэ хыхьэныр къызыхэкIыр.

Нидерландхэм зыщагъэлъэгъуа нэужь, «Jrpjej» ансамблыр хэтащ нэгъуэщI пшыхьи.  Москва «Рассвет» уардэ унэм щагъэлъэгъуащ «Черкесское борокко» проектыр. Абы щIэщыгъуэу щызэщIэжьууащ адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ европэ бар макъамэрэ: Налшык щыIэ «Jrpjej»-мрэ Москва и «Two daughters» гупымрэ. Адыгэ, европей уэрэдхэр дауэ зэпэджэжрэ, ди лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм европейхэмрэ дауэ зэдэIурэ?! Ар ягъэунэхуащ гупитIыр зызэщIагъэуIуэри! Пасэрей уэрэдыжьхэр иджырейм езыр зыщыпсэу зэманым къригъэзагъэу игъэзэщIэн - аращ «Jrpjej»-м и хабзэр. «Two daughters»-ми пасэрей уэрэдхэр иджырей жыпхъэм хуегъакIуэ.

Мыри хъыбар гуапэщ: «Ored Rekordings» лейблым Налшык къыщызэригъэпэща «Jrpjej» гупым и «Taboo: Songs of Love & Death» макъамэ альбомыр мы бжьыхьэм къыдэкIащ.

 

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.