Ди щIэныгъэлIым саугъэт лъапIэр къыхуагъэфащэ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм, ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр къы­щIэзыгъэкI промышленностымрэ ухуэныгъэмкIэ индустриемрэ зегъэужьыным къа­руушхуэ зэрырихьэлIам папщIэ Гришманов И. А. и цIэр зезыхьэ саугъэтыр къыхуагъэфэщащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, дизайнымкIэ ­институтым и унафэщI, профессор Хэжь Толэ Амир и къуэм.

Урысейм и Инженер академием игъэува а саугъэтыр ди щIэныгъэлIым мазаем и 6-м ­къритыжащ Гришманов И. А. и саугъэтыр ты­нымкIэ комиссэм и унафэщI, Урысей, Дунейпсо Инженер академиехэм я президент, СССР-м. Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтхэм я ­лауреат, УФ-м и Правительствэм и саугъэтхэр тхуэнейрэ зыхуагъэфэща, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гусев Борис.

 

Хэжь Толэ дохъуэхъу дамыгъэ лъапIэмкIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.