КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ щыIэ советым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащСоветым и зэIущIэм хэтащ республикэм и къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ я щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хьэрычэт IэнатIэм и лэжьакIуэхэр. Псалъэмакъыр нэхъыбэу теухуауэ щытащ хьэрычэт IэнатIэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етыным, «2025 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыныр» Урысей Федерацэм и къэрал программэм химие промышленностым, мэкъумэш хозяйствэм, нэгъуэщI IэнатIэ зыбжанэм пыщIауэ 2018 гъэм хагъэхьауэ щыта инвестицэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Апхуэдэ проектхэм ящыщт лэч зэмылIэужьыгъуэу тонн мини 10-м нэблагъэ илъэсым къыщIэзыгъэкIыфыну завод ухуэныр, жылапхъэфIхэр щагъэкI центр къызэгъэпэщыныр, пластик тарэ къыщIэзыгъэкI заводыр къэгъэщIэрэщIэжыныр (а проектищри дызэрыхьа илъэсым къриубыдэу гъэзэщIа хъунущ), иджырей жыг хадэхэр щыхасэкIэ къагъэсэбэп бетон пкъохэр къыщIэзыгъэкI завод ухуэныр (предприятэр 2018 гъэм къызыхуэтыншэу хьэзыр ящIащ). Псори зэхэту а проектхэм ятекIуэдэнущ сом мелард 1,5-м щIигъу. КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, республикэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ дэIыгъынымкIэ программэхэр щIэуэ зэтеухуэжыным, хьэрычэтыщIэхэр Iуэхум тегъэгушхуэным икIи а лэжьыгъэм ШэсыпIэ фондымрэ МикрокредитхэмкIэ фондымрэ къыхэшэным хуэунэтIауэ. Апхуэдэу щыт пэтми, хьэрычэтыщIэхэр лэжьыгъэм тегъэгушхуэнымкIэ хэкIыпIэхэр дяпэкIи къэлъыхъуэн хуейщ. «Хьэрычэт IэнатIэм бгъэдэтхэм дэ дащогугъ къытпэщыт социальнэ гугъуехьхэр дэгъэкIынымкIэ зыкъытщIагъэкъуэну. ЦIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэ хэхъуэхэм я лъэныкъуэкIэ дэ нэрылъагъуу дыкъыкIэроху къэралым ику иту щыIэ бжыгъэхэм. Абы къыхэкIыу республикэр хагъэхьащ цIыхухэм я хэхъуэхэм хэгъэхъуэнымкIэ, хуэмыщIауэ псэухэр хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ щIынымкIэ социально-экономикэ зыужьыныгъэм пыщIа мурадхэр 2024 гъэм нэсыху гъэзэщIэным хуэунэтIауэ зэхалъхьа федеральнэ проектыр япэу къыщагъэсэбэпыну щIыналъэхэм. ИкъукIэ мытынш, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ къалэныр бизнесым, хозяйствэ зезыхьэ субъект псоми я дэIэпыкъуныгъэ хэмылъу гъэзэщIэгъуейщ. Абыхэм дэIэпыкъуныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъыщхьэ дыдэу дазэрыщыгугъыр цIыхухэм кърагъэлэжь улахуэм хагъэхъуэну аращ», - къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм. КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м и Парламентым хуагъэуващ хьэрычэтыщIэхэм, хозяйствэ зезыхьэ субъектхэм я унафэщIхэм зытепсэлъыхьыр зэгъэщIылIа адрей IэнатIэхэм ящIыгъуу мы Iуэхур куууэ зэпкърахыну икIи зэфIагъэкIыпхъэхэр яубзыхуу зэман гъунэгъум къриубыдэу къыхалъхьэну. Республикэм и экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зегъэужьынымкIэ программэм и инвестицэ Iыхьэм и гугъу щищIым КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм къыхузэщIагъэуIуэ инвестицэхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейм. «Инвестицэхэм я куэдагъым хэгъэхъуэным къыдэкIуэу, ахэр и зэманым къагъэсэбэпын зэрыхуейри къэлъытапхъэщ. Нэгъабэ дэ а къалэным нэгъэсауэ дехъулIакъым икIи абы къыхэкIыу инвестицэ проект щхьэхуэхэр тхуэмыгъэзащIэу 2019 гъэм хыхьащ. ДяпэкIэ апхуэдэ Iуэхур зыми хуэдгъэгъу хъунукъым. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ и зэманым ямыгъэзащIэу къэнахэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ зэлэжь инвестицэ проектхэри коммерцэм пыщIа проектхэри яхэтщ. Инвесторхэр Iуэхум нэхъ тегушхуэн папщIэ абыхэм мылъкур яфIэкIуэдынымкIэ щыIэ шынагъуэр гъэмэщIэн, инвестицэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ Iэмал тэмэмхэр зэтегъэувэн, къэралым и дэIэпыкъуныгъэм зегъэубгъун хуейщ. Дэ дыщогугъ республикэм и хьэрычэтыщIэхэм ирагъэкIуэкI инвестицэ лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну. Дэ абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэдгъэкъуэну, проект пыухыкIахэр щагъэзащIэкIэ лъэныкъуэ щхьэхуэхэмкIэ яхудэдчыхыну дыхьэзырщ», - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм. ЗэIущIэм къыщапсэлъахэм япкъ иткIэ КъБР-м и Правительствэм и пщэ иралъхьащ властым и федеральнэ органхэм щIыналъэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ субсидиехэр Къэбэрдей-Балъкъэрым хухэхыным теухуа зэгурыIуэныгъэ ярищIылIэну. Апхуэдэу «2025 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыныр» Урысей Федерацэм и къэрал программэр гъэзэщIэным хэтхэм икIи абы хиубыдэ инвестицэ проектхэр къэщтэнымкIэ жэрдэмщIакIуэу увахэм пщэрылъ щащIащ а программэхэм хиубыдэ Iуэхухэр нэгъэсауэ ягъэзэщIэну. Гу зылъытапхъэ: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ щыIэ советыр зэпымыууэ лажьэ коллегиальнэ чэнджэщэгъу органщ. Ар къызэрагъэпэщащ экономикэм и зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным, хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьыным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инвестицэ щытыкIэ тэмэм щызэтегъэувэным хуэгъэза Iуэхухэр убзыхуным пыщIа лэжьыгъэхэр зэблигъэкIын папщIэ. Советым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ инвестицэхэр къызэщIэгъэуIуэнымкIэ, хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зыхуей правовой, экономикэ Iэмалхэр зэтегъэувэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуныр, инвестицэхэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ яхуэгъэза къэрал политикэм и стратегиехэмрэ хабзэхэмрэ зэхэлъхьэным хэтыныр, административнэ лъэпощхьэпохэр къызэнэкIыным, инвестицэ Iуэхухэмрэ хьэрычэт IэнатIэмрэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ чэнджэщхэр гъэхьэзырыным телэжьэныр, республикэм хьэрычэт IэнатIэм зыщегъэужьынымкIэ программэхэмрэ инвестицэ проектхэмрэ пхыгъэкIынымкIэ, ахэр ахъшэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъуу щытыныр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|