Шэху уэздыгъэхэр пагъанэСоветыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мы гъэм мазаем и 15-м илъэс 30 ирокъу. Абы теухуауэ республикэм щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэр зэтраублащ. Гъубж кIуам и пщыхьэщхьэм Налшык и Дэшхуей хадэм щекIуэкIащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» Iуэху. Ар зи жэрдэмыр «Афганистаным щекIуэкIа зауэм ныкъуэдыкъуэ хэхъу-хьахэмрэ фэбжь хэзыхахэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэнщ. Абы и Iуэхур даIыгъащ Налшык къалэм и администрацэм, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, КПРФ-м и Налшык къалэ комитетым, Афганиста-ным, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм, дзэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм. Пшапэр щызэхэуэм, Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щыпагъэнащ шэху уэздыгъэ 54-рэ - Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу я къалэныр ягъэзащIэу Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэдахэм я бжыгъэм хуэдиз. Сыт щыгъуи хуэдэу гъэхуауэ икIи гум хыхьэу къэпсэлъащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа. Нэхъыжьым жиIащ «Свеча памяти» Iуэхур 1989 гъэ лъандэрэ къэралым зэрыщрагъэкIуэкIыр, иджы абы Налшыки зэрыхыхьар. Жылагъуэр Абдуллаевым къыхуриджащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм нэхъ жыджэру хэтыну. Абы къыхигъэщащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм ящыщу псэужыр зэрымащIэ дыдэр икIи щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным теухуауэ абыхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр «афганхэм» пщэрылъ зыщащIын хуейуэ. - А псоми къадэкIуэу, зауэлI-интернационалистхэм Хэку зауэшхуэм хэтахэм я статус етын хуейщ, ар захуагъэщ, - дыщIигъужащ и псалъэм Абдуллаев Мустэфа. Былымгъуэт Беслъэн жиIащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъум щхьэкIэ шэху уэздыгъэхэр псом япэу зыхупагъанэр афган зауэм хэкIуэда щIалэхэр зэрыарар. - Дэ ахэр ди гум илъщ, зэи тщыгъупщэнукъым. Къэзыгъэзэжахэми ящыщу, ягъуэта уIэгъэхэмрэ узхэмрэ къыхэкIыу, илъэс 30-м къриубыдэу дунейм ехыжащ цIыху 400. Абыхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ! - жиIащ Былымгъуэтым. ЗауэлI-интернационалистхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ тепсэлъыхьащ Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур. Абы жиIащ а зауэм щыIа ди щIалэхэм дзыха, гъэру зызыта къазэрыхэмыкIар. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIалэхэр малIэ - илъэс кIуам дунейм ехыжащ 8, мы гъэм и щIышылэм - тIу. Дахуощыгъуэ лIыхъужьхэр зыгъэса адэ-анэхэм, - жиIащ Тхьэгъэлэджым. Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэда зауэлI Жазыков Исхьэкъ и шыпхъу ФатIимэ мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIащ, зи гъащIэр зыта щIалэхэр зэращымыгъупщэм, пщIэ зэрыхуащIым папщIэ. Къызэхуэсахэр совет зауэлIхэм папщIэ дакъикъэкIэ щымри, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|