ЦIыхухэр къызэрырашэкI автомобиль транспортым и лэжьэкIэм, республикэм и гъуэгухэм я щытыкIэм гулъытэ хэха хуащIынущ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и унафэщIхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ кърихьэлIэу иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ «ЦIыхухэмрэ абыхэм яIыгъ хьэлъэхэмрэ автомобиль транспортымкIэ, къалэхэм щызекIуэ электрическэ транспортымкIэ къыщешэкIыныр Урысей Федерацэм къыщызэгъэпэщыным, Урысей Федерацэм и закон акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» Федеральнэ законым тету ди деж цIыхухэр пассажир транспортымкIэ къызэрыщрашэкIым хуэгъэза кIэлъыплъыныгъэр гъэткIииным.

Гулъытэ хэха хуащIащ мы IэнатIэм адэкIи зегъэужьыным, шынагъуэншагъэмкIэ хабзэхэр гъэзэщIэным, жылагъуэ транспортым и щытыкIэмрэ и теплъэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным, цIыхухэр къешэ­кIыныр къызэзыгъэпэщ организацэхэм Iэ зыщIадзауэ щыта контрактхэр зэрагъэзащIэр къэпщытэным.
КъБР-м Инфраструктурэмрэ бжыгъэ­хэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и минис­терствэм къызэритымкIэ, псоми къагъэсэбэп транспортыр зытет маршрутхэм гъэ къэс цIыху мелуан 40 хуэдиз къыщрашэкI. Апхуэдэ къалэ муниципальнэ, муниципалитет зэхуаку, щIыналъэ зэхуаку маршрутхэр илъэсым и пэщIэдзэм 282-рэ хъууэ щытащ.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ республикэм и гъуэгухэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ. Абы къыщащта унафэм къыщыгъэлъэгъуащ 2019 гъэм къриубыдэу щIыналъэ, муниципальнэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгуу километр 80-м щIигъу зэрагъэпэщыжыну е ирагъэфIэ­кIуэну зэрамурадыр.
Апхуэдэу «Автомобиль гъуэгу тэмэм­хэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Налшык къалэм и ­гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным е егъэфIэ­кIуэным трагъэкIуэдэн папщIэ федеральнэ бюд­жетым къыхэкIыу дызэрыт илъэсым сом мелуан 432-рэ къыхуа­утIыпщынущ. 2019 гъэм ди щIыналъэм и гъуэгухэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм республикэм и гъуэгу фондым къыхэкIыу сом меларди 2,8-м щIигъу, блэкIа илъэсым елъытауэ хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэ, трагъэкIуэдэнущ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.