КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм ФизкультурэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Дегтярёв Михаил хуэзащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ  КIуэкIуэ Казбек республи­- кэм и Правительствэм и Унэм щыхуэзащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм ФизкультурэмкIэ, спортымкIэ, туризмэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Дегтярёв Михаил.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм зыщагъэпсэху, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и комплексым зегъэужьыным, а IэнатIэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етыным.
Щхьэхуэу хэплъащ щIалэгъуалэр гъэсэным, волонтёр, жылагъуэ Iуэхухэм ахэр къыхэшэным хуэгъэзауэ лъэны­къуитIым зэщIыгъуу зэфIагъэкIыфынухэм.
КIуэкIуэ Казбек хьэщIэм фIыщIэ хуищIащ республикэм и нэIэ къызэрытригъэтым икIи жэрдэм зэмылIэужьыгъуэхэр пхыгъэкIынымкIэ къызэрыдэIэпыкъум папщIэ.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.