КъулыкъущIэхэм ирагъэбыдылIэ

Махуэку кIуам КъБР-м и Правительствэм и унэм ди республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек щахуэзащ «ЛъагапIэщIэ» республикэ зэпеуэм щытекIуахэм.

ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Марьяш Иринэ, Быф Анатолэ, Геккиев Заур сымэ, федеральнэ инспектору ­КъБР-м щыIэ Ткачёв Евгений, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, министерствэхэм, къулыкъу­щIапIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм, къэрал еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, хьэрычэтыщIэхэр.
Ар къыщызэIуихым КIуэ­кIуэ Казбек жиIащ зэ­пеуэм кърикIуахэр, абы щытекIуа­хэмрэ къулыкъущIэ­хэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIы­кIэр яубзыхуну зэры­зэ­хуэсар.
- Псом япэрауэ «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм дэ къыдитащ сыт хуэдэ лэжьыгъэми зезыпщытыфын IэщIагъэлI жыджэрхэр. Ахэр хьэзырщ республикэм и зыужьыныгъэм, ди цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным гугъу здрагъэхьыну. ДяпэкIэ ди зэ­дэлэжьэ­ныгъэр зэрытыну жыпхъэр дубзыхуну къыптэщылъщ, къалэн пыухыкIахэр къэдгъэлъагъуэу ар гъащIэм зэрыхэтпщэным иужь дитыпхъэщ, - жиIащ КIуэкIуэм.
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ зэпеуэм ­щы­текIуахэмрэ ахэр зи ­лэ­жьыгъэм кIэ­лъып­лъы­-­нухэм­рэ ипэ махуэм                    КъБКъУ-м зэрыщызэхуэза, дэтхэнэ ныбжьыщIэми и гупсысэхэмрэ Iуэху еплъы­кIэхэмрэ утыку кърихьэну дакъикъэ щырыщ зэрыху­хахам. А зэIущIэм къриубыдэу КъБР-м и Прави­тельствэм хэтхэм, хьэрычэтыщIэ Iуэхум щыпашэхэм, къэрал еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм я лIыкIуэхэм, ап­хуэ­дэуи УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэм Iэмал яIащ щIалэхэм якIэлъыплъыну икIи къыхахыу лэжьыгъэм           и пIалъэм хуагъэсэнухэр ягъэ­белджылыну. Дэтхэнэ IэщIагъэлI ныбжыщIэми ­къулыкъущIищ къыхихыну хуитщ я Iуэху зехьэкIэм кIэ­лъыплъыну, къулыкъущIэхэми IэщIагъэлI ныбжьыщIэ щырыщ я деж ирагъэблагъэ хъунущ. Къуэдзокъуэм зэрыжиIамкIэ, клуб жыпхъэм иту зэхуэсурэ зэпсэ­лъа лъэныкъуитIми, тхьэмахуэ къакIуэ лэжьыгъэм и пIалъэм зыхуагъэсэн щIа­дзэнущ, уеблэмэ IэнатIэ къызыхуагъэлъэгъуэнухэри яхэтынущ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм хуагъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм, къу­лыкъущIапIэхэмрэ министерствэхэмрэ я деж щыIэ Жылагъуэ советхэм хыхьэу жыджэру хэлэжьыхьыну.
Зэпеуэм щытекIуахэм ящыщ Мамсыр Алим жиIащ псом япэу зэпеуэм хэтахэмрэ щытекIуахэмрэ щы­зэп­сэлъэн утыку хуэдэу клуб къызэрызэрагъэпэщар, абы зэрыщызэрыцIыхуар, дэтхэнэми и проектхэмрэ гуп­сысэхэмрэ утыку кърихьэну Iэмал зэриIар.
- Ди зэIущIэхэм кърихьэлIар те­кIуахэм я закъуэкъым, атIэ финалым нэсахэри къе­кIуэлIат, апхуэдэуи «Урысейм и пашэхэр» зэ­пеуэм хэта ди лъахэгъухэри къедгъэблэгъат. Ахэр зыхэта ­зэпеуэри гъэщIэгъуэнт ди дежкIэ икIи щхьэпэт. Дэ хуаб­жьу купщIафIэу дызэ­псэлъащ, дэтхэнэми Iуэху гъэщIэгъуэнхэр утыку кърихьащ. Абыхэм псоми де­дэIуа, зэпкърытха нэужь, ди клу­бым и къалэну къэтлъытэ Iуэхугъуэ зыбжанэ дгъэп­сыжащ. Ар, псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, къэрал ­къулыкъущIапIэхэмрэ щIы­пIэ самоуправленэм и лэ­жьакIуэхэмрэ зэпеуэм щытекIуахэр щепсэлъэн, Iуэху­хэр щызэпкърахын щIы­пIэу клубыр щытынырщ; рес­публикэм и къэ­кIуэнумрэ  зыужьыныгъэмрэ иригузавэ IэщIагъэлI ныбжьы­щIэ­хэм я проектхэр утыку къы­щ­рахьэу, гуп зэригъэпэщу Iуэху игъэ­кIуэтэнырщ; ди щIыналъэм и псэукIэ-экономикэ зыу­жьыныгъэм дыхэ­лIы­фIы­хьынырщ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым нэхъ псынщIэу зыщызыужь хэ­гъэгухэм ящыщ хъунымкIэ тлъэкI къэдмыгъэнэнырщ.
Ди гупым къыбгъэдэкIыу, республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жесIэну сыхуейт зэпеуэм щытекIуа цIыху 50-м я мызакъуэу, абы и финалым хэта цIыхуи 119-ри сыт хуэдэ къалэн я пщэм къыдалъхьэми ягъэ­зэщIэну зэрыхьэзырыр, - жиIащ Мамсырым.
Клубым хэтхэр къыщып­салъэм къыхагъэщащ езы­хэм ягу зэрыгъу Iуэхугъуэ пыу­хыкIахэр, республикэм щып­хузэфIэкIынухэри, федеральнэ центрым елъытахэри, унэтIыныгъэ щхьэхуэ­хэм щылэжьыпхъэхэри, нэ­гъуэщIхэри. Псоми фIы­щIэ хуащIащ зэпеуэр къы­зэ­зыгъэпэщахэм, щIэныгъэ­кIэ, акъылкIэ, зэфIэкIкIэ республикэм хуэщхьэпэфыну цIыхухэм апхуэдэ Iэмал зэрыратам папщIэ.
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэрэ федеральнэ инспектору ­КъБР-м щыIэ Ткачёв Евгенийрэ ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ зыпэрыхьа Iуэхум ­хъер куэд къыпэкIуэу пэ­рытынхэу, зи лэжьыгъэм кIэлъыплъын хуейуэ зра­гъэу­быдылIэну къулыкъу­щIэ­хэм я чэнджэщ щIэдэIуну, я Iуэху зехьэкIэм наб­дзэ­губ­дзаплъэу зыщагъэгъуэ­зэну.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ мы клубым мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр.
«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм дызэ­ры­щыгугъа псори къри­кIуауэ жыпIэ хъунущ, къыхэфлъхьа гупсысэхэр къалэн пыу­хы­кIауэ дгъэувынущ, текIуахэми я щIэныгъэмрэ зэ­фIэкIхэмрэ къы­щагъэсэ­бэпын IэнатIэхэм пэ­рыдгъэувэнущ, мып­хуэ­дэу зэ­рыIыгъыу клубым фы­зэры­щызэдэлэжьэнуми сэ­бэпышхуэ хъуну къызолъытэ. Дызэкъуэту дызэ­дэ­лажьэмэ, си фIэщ мэхъу УФ-м и Президент Путин Владимир и накъыгъэ уна­фэхэм къыщигъэлъэгъуа­хэри, дэ ди республикэм папщIэ дызыщIэхъуэпсхэри зэд­гъэхъулIэну зэрытхузэ­фIэкIынур - игъэбелджы­лащ Iэтащхьэм.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)