ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Парламентым щагъэ­лъэпIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Ахэр гуапэу къригъэблэгъащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

- ЗэIущIэр хухэтхащ егъэджа­кIуэхэм фи махуэм. Абы къыхэкIыуи сыхуейщ щIэщыгъуэу, купщIафIэу екIуэкIыну. 1998 гъэм щегъэжьауэ, егъэджакIуэ 23-м текIуэныгъэ къыщахьащ урысейпсо зэпеуэхэм. Ар ди республикэм и дежкIэ пщIэшхуэщ. Зэгуэр дэ псори еджакIуэу дыщытащ. Дэтхэнэми диIэщ а зэманым епха гукъэкIыж хуабэхэр, IэфIу дигу илъщ дезыгъэджахэр. Ди фIэщ ­мэхъу егъэджакIуэ нэсыр гурэ псэкIэ и IэщIагъэм етар зэрыарар. Нобэ ди зэIущIэм къеблэгъахэр апхуэдэщ. Фи цIэр фIыкIэ щывгъэIуащ республикэм, - захуигъэзащ Егоровэ ­Татьянэ егъэджакIуэхэм. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэм и илъэсу ягъэувыну УФ-м и Президент Путин Владимир зэрыжиIар. Егоровэм и цIэ къриIуащ мы гъэм урысейпсо зэпеуэм хэта, къэралым и егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта цIыху 15-м ящыщ хъуа Къущхьэ Каринэ. 
Спикерыр егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм гукъыдэж къариту, я лэжьыгъэ мытыншым пщIэ иIэу лэжьэну!

Къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
- СахуогуфIэ фэ евгъаджэ цIыкIухэм, абыхэм фэркIэ тхьэр яхуэупсащ. Си гуапэщ блэкIа илъэсхэм егъэджакIуэ нэхъыфI хъуа фэ, нэгъуэщI IэнатIэкIэ фымыхъуэжауэ, егъэджэ­ныгъэм фызэрыпэрытыр, - жиIащ абы. Зыхэт зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщам папщIэ министрым фIыщIэ яхуищIащ Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ. 
2003 гъэм республикэм егъэджакIуэ нэхъыфI щыхъуа, Налшык  дэт школ №3-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэ Хьэ­щы­къуей Алим зэIущIэм щIэсхэм ядэгуэшащ зэпеуэм епха гукъэкIыжхэмкIэ. ТекIуэныгъэр къихьа нэужь, ар ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм ирагъэблэгъами, куэдрэ щымыла-жьэу, фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэжащ. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ 1998 гъэм «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» хъуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор Амщокъуэ Хьэсэнбий.
- Сэ япэу екIуэкIа зэпеуэм сыщытекIуати, адэкIэ абы хэта дэтхэнэми гурэ псэкIэ сыщIыгъуащ, текIуэныгъэ къэси сыщыгуфIыкIащ. Иджыблагъэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьа Къущхьэ Карини сыхуогуфIэ. Ар езыр Щхьэлыкъуэ щыщщ, дэ едгъэджащи, сропагэ, - къыхигъэщащ абы.
2006 гъэм егъэджакIуэхэм я зэпеуэм щытекIуа Темукуев­­ ­Адил Урысейм егъэджэныгъэм гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр, абы и фIыгъэкIи щIэблэ узыншэ къыдэкIуэтеину зэрыгугъэр жиIащ. 
2014 гъэм зэпеуэм щытекIуа Пышная Еленэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ егъэджакIуэхэм гуныкъуэгъуэ гуэрхэри зэраIэр.
- Дэ сабийхэм куэду дадэлэжьэну дыхуейщ творчествэ и лъэныкъуэкIэ, сыту жыпIэмэ абы цIыхур егъасэ. Ди зэманыр тфIехь зэпымыууэ дызыхэт дэфтэр зэхуэхьэсыным, тхылъымпIэ къехьэкIыным. Ягъэ кIынкъым, фи дзыхь къыдэвгъэзи, ди тхылъымпIэ зэгъэзэхуэныр нэхъ мащIэ тхуэфщI, - лъэIуащ ар. 
Физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэ Борэн ФуIэд жиIащ республикэм зи узыншагъэм къимыхь сабий куэди зэрисыр, ахэр гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуэныкъуэр.
- Сэ цIыкIухэм садолажьэ я фэм зэрыдэхуэным хуэдизкIэ я Iэпкълъэпкъым зезгъэужьу. Ар физическэ щэнхабзэ къудейм къыщхьэщокI. Егъэлеяуэ мащIэщ а унэтIыныгъэмкIэ сабийхэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр. Къыхузоджэ республикэм щыIэ спорт школхэм ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ секцэ щхьэхуэхэр къызэрагъэпэщэну, абыхэм гу лъатэну.
Егъэджэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм, щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ, «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэу Амщокъуэ Хьэсэнбий, Куршаевэ Иринэ, Сидоровэ Татьянэ, Хьэщыкъуей Алим, Темукуев Адил, ШыдукI Ларисэ, Абазэ Эльвирэ, Машенкинэ Ольгэ, Усенкэ Евгение, Джэдгъэф Зулия, Пышная Еленэ, Къэшэж Аслъэн, ­Балъкъыз Мадинэ, Бетрожь КIунэ, Кочетов Олег, Мирзоевэ ­Наталье, Борэн ФуIэд сымэ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ. 
ЗэIущIэр макъамэкIэ ягъэдэхащ Гъуазджэ­хэмкIэ Кавказ            Ищхъэрэ  къэрал институтым и студентхэм. 

Гугъуэт  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.