Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьа­кIуэхэм, отраслым и ветеранхэм фи IэщIагъэм и махуэмкIэ сыныво­хъуэхъу!
А махуэшхуэм зэкъуегъэувэ щIым елэжь псори. Фи гуащIэдэкIым кърикIуэм елъытащ республикэми къэралми ерыскъыкIэ я шынагъуэншагъэр, къуажэ щIыпIэхэм я зыужьыныгъэр.
Иужь илъэсхэм республикэм и агропромышленнэ комплексым и IуэхущIа­пIэ­хэм хэпщIыкIыу заIэт, зыкIи едмыгъэлейуэ къыхэдгъэщынщи, ехъулIэныгъэшхуэхэр зы­Iэ­рагъэхьэ. Коронавирус уз зэрыцIалэм къытхуихьа гугъуехьхэр щыIэ пэтми, отраслым хъар­зынэу адэ­-кIи зеужь. А ехъу­лIэныгъэхэм я лъабжьэщ унэтIыныгъэм щыла­жьэхэм я Iэзагъыр, жыджэрагъыр, къанэ щымыIэу Iуэхум зэрызэратыр, мэкъумэш хозяйствэм ехьэлIа технологие пэрытхэмрэ бгъэ­дыхьэкIэщIэхэмрэ къызэ­рагъэIуры­­щIэр.
ФIыщIэ ин псоми фхузощI мыхьэнэ­-шхуэ зиIэ икIи хуабжьу дызыхуэныкъуэ фи лэжьыгъэм папщIэ, фи IэщIагъэм фы­зэры­хуэпэжымрэ дыкъыщалъхуа щIыр фIыуэ зэрыфлъагъумрэ щхьэкIэ.
Си фIэщ мэхъу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и агропромышленнэ комплексым и лэ­жьакIуэхэм я зэфIэкI псори зэрырахьэлIэнур къат хъерым хэгъэхъуэ­нымрэ кърахьэлIэ мэкъумэшхэкIхэм фIагъ яIэу дяпэкIи щытынымрэ.
Республикэм и уна­фэщIхэри жыджэру дыхущIэкъунущ ­къуажэ щIы­пIэ­хэм зегъэу­жьыным, къуа­жэдэсхэм зэIузэ­пэщ ­гъа­щIэрэ тыншы­гъуэрэ яIэным.
Си гуи си пси къыбгъэдэкIыу сыныво­хъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, гуа­пагъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и сэбэп зыхэлъ IуэхуфI­хэр фиIэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.