ПЩЫХЬЭЩХЬИБЛ

ЛIы Iущ гуэрым и деж щIалэ къэкIуащ чэнджэщ хуейуэ.
- ГъащIэм ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щызиIэщ - си лэжьыгъэ IэнатIэр фIыщ, лъапсэ екIу сухуащ, ныбжьэгъу си куэдщ. Ауэ къэсшэну сытегушхуэркъым. Псэгъу сщIыну сыхуейщ хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, сыкъызыгурыIуэ, къысхуэпэж бзылъхугъэ. Дапщэ зэзмыгъэцIыхуами, сигу ирихь хьэлхэр яхэслъэгъуакъым. Иужьым бзылъхугъэу дунейм тетыр зэщхьу, сызыхуей яхэмыту къэслъытащ. Ярэби, дауэ къэзгъуэтыну унагъуэ зыдэзухуэн, си гум къыдыхьэн?
- Сэбэп сыпхуэхъуфынущ. Ауэ жэуапу уэстынум сегупсысыну зэман сыхуейщи, пщэдей пщыхьэщхьэ къакIуэ,- жиIащ лIы Iущым.
ЕтIуанэ махуэм, зэрызэгурыIуам тету, щIалэм къытриггъэзащ. Бысымым шей игъэвэхукIэ, щIалэм зыригъэцIыхуа хъыджэбзхэм ящыщщ зым и хъыбар хуиIуэтэну елъэIуащ.
ХьэщIэр тепсэлъыхьащ и япэ лъагъуныгъэм, лIым зы псалъи къыдигъэувакъым, арэзы дэхъуу зэзэмызэ и щхьэр игъэсыса мыхъумэ. Апухэдэу жэщыку хъуху зэбгъэдэсащ.
-Егъэлеяуэ хъыбар гъэщIэгъуэн сыкъебгъэдэIуащ, - жиIащ лIы Iущым,- ауэ, ноби си жэуапыр хьэзыркъым. Пщэдеи къакIуэ.
ПщыхьэщхьихкIэ щIалэр кIуащ лIы Iущым и деж. Ар тепсэлъыхьащ гъащIэм зыхуиша бзылъхугъэхэм: хэт нэхъыщIэт, хэт нэхъыжьт, хэт къулейт, хэт хуэмыщIат, хэт дахэт, хэт Iущт, хэт къызэрыгуэкIт.     Пщыхьэщхьэ къэси лIы Iущыр и хьэщIэм едаIуэрти, етIуанэ махуэм къэкIуэну жриIэурэ иутIыпщыжырт. Ебланэ махуэм щIалэм и хъыбарыр иуха нэужь, бысымым жиIащ:
-Мис мы хъыбарыр псом нэхъ сигу ирихьащ. Уэ сэ си шейхэм щыщу дэтхэнэр нэхъ къыпIурыIэфIа?
- Си упщIэхэм я жэуапым сыпэплъэурэ, шейм сегупсысакъым. Ауэ пщыхьэщхьэ къэс шей удзыфэу си гугъэжщ дызэфар.
-Шейхэр зэмыщхьщ.: зым уи гур егъэпсэху, зым укъегъэнэжэгужэ, адрейм уи акъылыр егъэжан. Ар зыхэпщIэн папщIэ зэман уиIэн, гулъытэ пхэлъын хуейуэ аращ. ПщыхьэщхьиблкIэ сэ згъэващ шей лIэужьыгъуибл. Пщэдей пщыхьэщхьи укъэкIуэн?
- Хьэуэ,- жиIащ щIалэм,- сыкъэмыкIуэми хъунущ. Си упщIэм жэуап игъуэтащ.
 

 

ЗэзыдзэкIар Гъуэт Синэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.