IЭУЖЬЩ ИКIИ ЛIЭУЖЬЩ

ФокIадэм и 27-м, Адыгэ фащэм и махуэм пежьэу, Саралъп Мадинэ и Арт-центрым «Зы фащэм и хъыбар» (2 Iыхьэ) гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ. Абы утыку къыщрахьащ Къуэжокъуэ Фенэ (ФатIимэт) зэрихьа бзылъхугъэ фащэхэмрэ пасэрей сурэтхэмрэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Зы фащэм и хъыбар» проектыр 2019 гъэм ирагъэжьащ. Абы щыгъуэ утыку кърахьауэ щыта фащэр XX лIэщIыгъуэм псэуа ди лъэпкъэгъухэм ящыгъа фэилъхьэгъуэщ. А бостейр Саралъп Мадинэ къритат илъэс куэдкIэ егугъуу зыхъума Ельмэс Iэминат. Иджы ар арт-центрым и гъэлъэгъуэныгъэхэм дапщэщи хэтщ. ИрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа альбоми а гъэм къыдагъэкIыжат. Проектым и жэрдэмщIакIуэхэм я мурадыр цIыху щхьэхуэхэм я сурэтхэмрэ я гъащIэ гъуэгуанэмрэ къахутэжкIэрэ лъэпкъ тхыдэр яхъумэнырщ, ар ягъэбагъуэнырщ.

 -Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщитхьахэр дэркIэ хьэпшып лъапIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар ди блэкIам щыщ Iыхьэщ, ди нэхъыжьхэм я Iэужьщи. Зэман гугъу зэрыхэпсэукIам емылъытауэ, абыхэм яхузэфIэкIащ а дахагъэ псори я щIэблэм хуахъумэн, - жиIащ Мадинэ зэIущIэр къыщызэIуихым.

Гъэлъэгъуэныгъэм данэм къыхэщIыкIауэ фащитI утыку къыщрахьат – хьэплъыфэрэ удзыфэрэ. И анэм и фэилъхьэгъуэхэр арт-центрым щахъумэмэ фIэкъабылу къезытар Наурыз (Тарбастаевэ) Лейлэщ. Зэ еплъыгъуэкIэ мы фащэм хуэсакъыу, егугъуу зэрахъумар нэрылъагъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар мащIэу фаджэ зэрыхъуам нэхъ лажьэ иIэкъым. Абы къегъэлъагъуэ а унагъуэм я блэкIам хуащI пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ.

Саралъп Мадинэ жеIэ бостейтIми лъэхъэнэм и нэпкъыжьэ зэрателъыр, апхуэдэщ ахэр щадым къагъэсэбэпа щэкIхэр, тхыпхъэхэр. Нэрылъагъущ ар зыдахэм я IэпэIэсагъри.

Пэшым утыку къыщрахьа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща Къэбэрдокъуэ Людмилэ къыщыпсалъэм, абы зыкърезыгъэхьэлIа псори къыхуриджащ щхьэж я унэ щIэлъ сурэтхэм теухуа тхыгъэ кIэщI кIэщIатхэну, ар къэкIуэну щIэблэм къащхьэпэну къызэрилъытэр.

Сурэтхэмрэ бостейхэмрэ ямызакъуэу выставкэм шылэхъар телъыджэ зыбжанэ щагъэлъагъуэрт.

Саралъп Мадинэ къиIуэтэжащ мы бостейхэр зезыхьэу щыта Къуэжокъуэ Феня (ФатIимэт) зэман ипэ арт-центрым къыхуеблагъэу, и фащэхэм я хъыбар къызэрыжриIар, уеблэмэ, къытригъэзэну псалъэ зэрызэIэпахар. Абы яужь Мадинэ бзылъхугъэр илъагъужакъым, ауэ, абы ипхъу Лейлэ езым игу къэкIри, бостейхэр арт-центрым къритащ. Хъыджэбзым дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы фащэхэр нысащIэ куэд унагъуэ щихьэм щатIэгъащ.

ЗэIущIэм щыжаIащ бостейр зэрадрэ зэрыхэмыIэбар, абы и зы дыпIи зэремыIусэжар. Зи гугъу ящI бостейр щыгъыу Къуэжокъуэ Феня зэрыт сурэт иныр къызэхуэсахэм яригъэлъагъури, а фащэ дыдэр ипхъу Лейлэ щрагъэтIагъэу сурэт трахыну, ари иужькIэ арт-центрым щагъэлъэгъуэну зэрамурадыр жиIащ Саралъп Мадинэ.

Лейлэ и щхьэгъусэ Тарбастаев Алексей (медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Москва и Правительствэм и университетым къэхутэныгъэхэмкIэ къудамэм и унафэщIщ) псалъэ щратым къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ, икIи жиIащ лъэпкъ щэнхабзэм, абы иIэ щхьэхуэныгъэхэм куэд щIауэ зэрыдихьэхыр. Абы и щыхьэтщ гъэлъэгъуэныгъэм иужькIэ тхыпхъэхэмрэ абыхэм я щIагъыбзэмрэ теухуауэ щIэныгъэлIым иригъэкIуэкIа псалъэмакъыр.

 Лъэпкъ щэнхабзэм и беягъым, Iэужьхэр хъумэным иIэ мыхьэнэм, гъэлъэгъуэныгъэм теухуауэ абы къыщыпсэлъащ копозитор ХьэIупэ ДжэбрэIил, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид, Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI, дирижёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил сымэ.

 

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.