ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я ФЭЕПЛЪУ

Волейбол

Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэда Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Аруан куейм щыщхэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ волейболымкIэ иджыблагъэ Къэхъун къуажэм щызэхэтащ.

 
Хабзэ зэрыхъуауэ, илъэс къэс екIуэкI зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Аруан районым афган зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэмрэ Къэхъун къуажэм и щIыпIэ администрацэмрэ. Фэеплъ зэIущIэм кърихьэлIащ щIыналъэ администрацэм спортымкIэ и къудамэм и унафэщI КIурашын Владимир, КъБР-м Афганистаным щекIуэкIа зауэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур, а зэгухьэныгъэм Аруан куейм щиIэ и къудамэм и унафэщI Аргъэщокъуэ Аслъэн, Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, афган зауэм и ветеранхэр. 
Зэхьэзэхуэм и саугъэтхэм щIэбэнащ Шэрэдж Ищхъэрэ, Ташлы-Тала, Къэхъун къуажэхэм, Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №2-м я командэхэр. 
ЗэIущIэр къыщызэIуахым къызэхуэсахэм захуигъэзащ КIурашин Владимир. «Илъэс къэс хабзэ хъуауэ екIуэкI фэеплъ зэхьэзэхуэр икъукIэ Iуэху щхьэпэщ. Мыпхуэдэхэр къыдэкIуэтей щIэблэщIэм и дежкIэ щапхъэщ, ар хэкупсэу къэгъэхъуным и хэлъхьэныгъэшхуэщ», - къыхэщащ абы и псалъэхэм. 
КъБР-м Афган зауэм и ветеранхэм къыбгъэдэкIыу Тхьэгъэлэдж Тимур фIыщIэ тхылъхэр яритащ КIурашын Владимир, Къандэхъу Леонид, Гулэжын Беслъэн сымэ. Зауэм и ветеран Бэч Мадин «Советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъум папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ. 
Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэу щыта Гулэжын Беслъэн фэеплъ махуэм хухэха зэхыхьэм тепсэлъыхьа иужь командэхэр утыкум къригъэблэгъащ. ВолейболымкIэ зэIущIэхэр къекIуэкI щIыкIэм тету къызэрагъэпэщащ. Дэтхэнэ зы зэпэщIэтыныгъэри жыджэру, удэзыхьэхыу командэхэм кърахьэлIащ. Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №2-м и школакIуэ гуп закъуэращ ныбжьыщIэхэу зэхьэзэхуэм хэтащ. Ахэр егъасэ Къардэн Алим. 
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм пашэныгъэр щаубыдащ Къэхъун къуажэм и волейболистхэм. Абыхэм къакIэлъокIуэ Ташлы-Тала, Шэрэдж Ищхъэрэ, Нарткъалэ и командэхэр. ТекIуахэр грамотхэмкIэ, кубокхэмрэ медалхэмкIэ ягъэпэжащ. 
ЗэIущIэр щызэхуащIыжым къызэхуэсахэм фIыщIэ псалъэкIэ зыхуагъэзащ Тхьэгъэлэдж Тимуррэ Къандэхъу Леонидрэ. Абыхэм къыхагъэщащ илъэс къэси хуэдэу зэхьэзэхуэр икъукIэ дахэу, зэгъэкIуауэ къызэгъэпэща зэрыхъуар. АдэкIи лIыхъужьхэм я фэеплъым дэтхэнэри зэрыхуэфэщэнур я фIэщ зэрыхъур. 

Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.