ЙОПИ И ШКОЛ

«Suomenmaa» фин газетым и корреспондент Митенев Валерий газетым къытридзащ и фин лэжьэгъу Хаапаваарэ Хейккихэ я деж хьэщIапIэ зэрыщыIар. Финнхэм зэрахабзэу, саунэм зэрыщIигъэсари, зэригъэхьэщIари етхыж абы икIи Хейкки и къуэ Йопи зэрызэригъэцIыхуам топсэлъыхь. Саунэм щIэлъ пхъэм къыхэщIыкIа къащыкъыр зыщIар Йопит. 

- Дэнэ щыпщIар? – жиIэу илъэс 12 зи ныбжь Йопи щеупщIым:
- Школым. Иджыпсту езым къижыхьу катер сощIри, гъатхэм хьэзыр хъунущ, - етыж щIалэщIэм жэуап. 
А псоми къадэкIуэу фин школхэм цIыкIухэр щагъасэ пщафIэу, дэуэ, зэрызэрагъэщIэращIэ, унэм къыщагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшыпхэр ящIу. Абы къыщалъытэ: сабийм IэкIэ зыгуэр щищIым и дежщ Iуэхум егугъуу, и кIэм нигъэсу, хуэсакъыу щесэр. Финнхэм я бынхэр мис апхуэдэ Iуэху цIыкIуфэкIухэм щIапIыкI. Псалъэм папщIэ, школым уэзджынэ къыщрагъауэркъым, зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсмэ, къыщIэкIыу аращ. Абы зэманыр здынэсам кIэлъыплъу, укъыкIэрыхуи зэрымыхъунум ныбжьыщIэр хуегъасэ. 
Финнхэм илъэс 40 ипэкIэ школ лэжьэкIэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэу щIадзащ. Унафэу къащтащ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хухэха школ щхьэхуэхэм къыщIашыжу, зи ныбжьыр илъэси 7 ирикъуа псори илъэси 9 еджапIэм ягъэкIуэну, къызэрыгуэкI программэкIэ, гъащIэм нэхъ епхакIэ ирагъэджэну. Гуманитарнэ предметхэрат нэхъ зытрагъащIэр. Класси 9 къауха нэужь, и ныкъуэр иджыри илъэсищкIэ гимназием е лицейм щоджэхэр. Адрейхэр ПТУ-м щIотIысхьэ. ТIуми зэрыщеджэ программэхэр школым елъытауэ нэхъ гугъущ. 
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, класс 6-нэм щIэсхэм папщIэ математикэмкIэ тхылъым ит есэпхэр зэ еплъыгъуэкIэ тынш дыдэщ: электричествэм мазэм ихьыр, унэм къыщыщIэдзауэ школым нэс дэлъ гъуэгум и кIыхьагъыр къэбжын…. ШколакIуэхэм я процент 9I-р полъэщ апхуэдэ есэпхэр щIыжыным. Гъэхуауэ, щыуагъэншэу къызэреджэмкIи фин еджакIуэхэр куэдым япэ итщ. Абыхэм хуагъэувыр литературэ тхыгъэр зэпкърыхыным и закъуэкъым, атIэ лэжьыгъэм ехьэлIа текстхэми хагъаплъэ: хъыбарегъащIэ, рекламэ ирагъэтх, авиарейсхэм я зэманыр зрагъащIэ, лэжьапIэ укъащтэн щхьэкIэ птхын хуей анкетэхэр ягъэхьэзыр. Мис абыхэм я жэуапыр къыщалъыхъуэкIэ, ныбжьыщIэхэм Интернетыр щIапщытыкI, литературэр щIаджыкI. НэгъуэщIу жыпIэмэ, куэд йоджэ. 
Инджылызыбзэр сабийхэм класс 3-нэм щыщIэдзауэ ирагъэдж, тхьэмахуэм сыхьэтитIкIэ. Абыхэм а бзэр зэращIэмкIэ Европэм еплIанэ увыпIэр щаубыд. ЕплIанэ классым щыщIэдзауэ етIуанэ хамэ къэралыбзэр къыхрагъэх. 
Фин школхэм я ехъулIэныгъэр, дауи, зыдэплъагъур егъэджакIуэхэрщ. Фин егъэджакIуэр – Iэзэщ, ар университетым щыщIэтIысхьэкIэ езым хуэдэ 12-м нэхърэ нэхъыфIу къалъытэн хуейщ. ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэм улахуэ хъарзынэ къыпокIуэ. ПэщIэдзэ еджапIэм (1-7-нэ классхэр) щылажьэхэм сом мини 120-рэ къахь. 7-м къыщыщIэдзауэ 9-нэм нэс щезыгъаджэхэм я улахуэр сом мини 160-рэ мэхъу. Класс унафэщIымрэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр езыгъэкIуэкIымрэ и улахуэм хуэдиз дыдэ ахъшэ мазэ къэс ират. Фин еджапIэхэм щыIэщ сабийхэм ядэIэпыкъу психологхэр, социальнэ лэжьакIуэхэр, медсестрахэр. Абыхэм я бжыгъэмкIи Европэм щынэхъ пашэщ финнхэр. 
Фин егъэджакIуэр – щхьэхуитщ. Ар езыр хуитщ зэрыригъэджэну тхылъхэр къыхихыну, методикэр иубзыхуну. ИкIи отчет щхьэхуэхэр ищIыжын хуейуэ и къалэнкъым. АтIэ нэхъыщхьэу къыхуагъэувыр сабийхэм 9-нэ классыр къаригъэухынырщ, дэтхэнэми ирита щIэныгъэр зэхуэдизу. Ар апхуэдэуи тынш дыдэкъым, сабийхэм я дэтхэнэ етхуанэри еджэным тыншу зэрыхэмызагъэр къэплъытэмэ. Апхуэдэ ныбжьыщIэхэм зы тхьэмахуэм сыхьэти 2-3 хуэдэкIэ щхьэхуэу уадэлэжьэн хуейщ. Ауэ ар зи къалэныр нэгъуэщI егъэджакIуэщ.
Фин егъэджакIуэм класс журнал иIыгъкъым. Сабийхэм ятехуа псори компьютерым илъщ. Аращ урокым зыщытепсэлъыхьынури, тестхэм къарикIуахэри щахъумэр. Адэ-анэхэм папщIэ электроннэ почти яIэщ. 
Абыхэм зы илъэсым къриубыдэу щэ къаIэрохьэ я сабийр зэреджэм теухуа хъыбарыр. Къахь оценкэхэм нэмыщI, я хьэл-щэнри, жыджэрагъыу яхэлъри, ныбжьэгъухэм зэрахущытри, школ мылъкум зэрыхуэсакъри тхауэ хурагъэхь. 
Адэ-анэхэми я сабийр школым щIэмыкIуам и щхьэусыгъуэмкIэ хъыбар зэрырагъащIэр интернеткIэщ. ЕгъэджакIуэм медицинэ справкэ зэи къапиубыдыркъым и гъэсэнхэм. Илъэсым къриубыдэу тIэу егъэджакIуэр унагъуэм макIуэри, абы щIэсхэм яхуозэ. Ар «адэ-анэхэм я махуэкухэращ». Къэгъэлъэгъуапхъэщ егъэджакIуэр школакIуэм зэи зэремышхыдэри, уеблэмэ, щхьэхынэу жриIэну хуиткъым. 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.