ГугъапIэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къызэдогъуэгурыкIуэ

Налшык къалэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и унэм, мы махуэхэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэ­хуэсышхуэр. Ар ирихьэ­лIащ ДАХ-р къызэры­зэ­рагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъум. Адыгэм и бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным икIи зегъэужьыным хуэгъэпса ДАХ-р къэунэхуащ накъыгъэм и 20-м сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 35-м. Лъэп­къым дежкIэ ар зихуэдэ къэмыхъуа Iуэхугъуэ­ш­хуэт. ИпэжыпIэкIэ жы­пIэ­мэ, ДАХ-р щызэхаша махуэр адыгэ тхыдэм нэщыпхъуэр тезыха, лъэхъэ­нэ­щIэм и Iуэхухэр убла щы­хъуа махуэу лъэпкъ ­махуэгъэпсым хэуващ. Абы лъандэрэ екIуэкIа Зэхуэсышхуэхэм къапы­зы­щэщ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэ­хэ­тар.

Налшык къалэ махуитI­кIэ щекIуэкIа Зэхуэ­сы­ш­хуэм кърихьэлIащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Ливаным, Абхъазым, Европэ къэ­-ралхэм, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ставрополь икIи Краснодар щIыналъэ­хэм щылажьэ Адыгэ Ха­сэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIы­кIуэхэм­рэ. Зэхуэ­сы­ш­хуэм хэтащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ щыIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Вагинэ Татьянэ, УФ-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэ­рал къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Се­рёгин Олег, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, КъБР-м и Iэтащ­хьэм и Администрацэм къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэ­жьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын ­Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Му­хьэдин, Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэм и чэнджэщэгъу Гъудэ Залым, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ щыIэ къулыкъущIапIэхэм, КъБР-м и щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызехьэ­нымкIэ я IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, ДАХ-м и къэп­щытакIуэ гупым хэтхэр, жы­лагъуэ лэ­жьа­кIуэ­хэр, нэгъуэщIхэри.
ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым, дунейр зы­Iыгъ узыфэм къимыгъэшы­нэу Зэхуэсышхуэм къызэры­рихьэлIам щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIащ. «Ди зэгухьэныгъэр илъэс 30 ирикъуащ. Ар куэдкъым, лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм елъы­тауэ, ауэ ар икIи мащIэкъым, тхузэфIэкIам уеплъ­мэ. Илъэс щэщIым и кIуэцI­кIэ дэ тлъэкIащ дунейм тепхъа лъэпкъыр зэлъэдгъэIэсын, бзэ, щэнхабзэ, экономикэ, сату я лъэныкъуэкIэ цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэм зедгъэубгъун. Ди Хасэр но­бэ дуней псом къыщащIэ, пщIэ зыхуащI жылагъуэ ­зэгухьэныгъэу къалъытэ. ДАХ-р къэрал зэмылIэу­жьыгъуэхэр зэгурызыгъа­Iуэ, зэзышалIэ, зэлъэзыгъэ­Iэс лъэмыжщ, цIэрэ щхьэрэ зиIэ хасапIэщ. Ар урысейпсо икIи щIыналъэ къу­лыкъу­щIапIэхэм, УФ-мрэ хамэ къэралхэмрэ жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэм япыщIащ, ядолажьэ, щIэгъэкъуэни къы­хуохъу. Абы и щыхьэтщ нобэ УФ-м и Президентым къытхуищIа гулъытэр. Зэхуэ­сы­шхуэм ди лэжьыгъэр къэралым и лIыщхьэ Путин Владимир къыдигъэза фIэхъус псалъэхэмкIэ къызэIутхмэ, япэ псалъэр абы и лIыкIуэм еттмэ, игъуэу къысщохъу», - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
УФ-м и Президентым деж лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ IуэхущIапIэм и унафэщI ­Вагинэ Татьянэ зэIущIэм хэтхэм УФ-м и Президент Путин Владимир и цIэкIэ ­гуапэу сэлам ярихри, Зэрызахуигъазэ псалъэм къахуе­джащ: «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным, лъэпкъ, бзэ зэныкъуэкъухэр къэмыгъэхъуным, я зэхуакум илъ зэгурыIуэр гъэбыдэным сыт щыгъуи ди нэIэ тетщ. Гулъытэ мыужьых зыхуэщIын хуей а лэжьыгъэшхуэм емы­шыжу толажьэ къызэ­рыу­нэхурэ илъэс щэщI ирикъуа Дунейпсо Адыгэ Хасэр. Абы къалэн зыхуигъэувыжахэм­рэ пщэрылъ зыщищIы­жахэмрэ дунейм адыгэу ­тетыр - Урысейм щыпсэухэ­-ри хамэ къэрал исхэри - зэрашалIэ, нэхъыщхьэращи, ар абы къохъулIэ. ­ДАХ-м хэтхэр, дауи, иужь итщ я анэдэлъхубзэр, я адэжьхэм къадэгъуэгуры­кIуа щэнхабзэр хъумэным, ахэр къащIэхъуэ щIалэ­гъуалэм деж зэрынахьэ­сы­ным, а псор ипэкIэ зэрагъэкIуэтэным. А мурадхэр зригъэхъулIэн щхьэкIэ, щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэ­джэ­ныгъэм ятещIыхьа проект купщIафIэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм ДАХ-р хохьэ, къыщыхожаныкI, хамэ къэ­ралхэм щыпсэу ди хэкуэ­гъу­хэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэр егъэбыдэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ Кавказ ­Ищхъэрэм щегъэфIэ­кIуэ­ным теухуауэ ДАХ-м лэ­жьыгъэшхуэ зэрыригъэ­кIуэ­кIыр. Ар къэрал къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм жыджэру зэ­радэлажьэм и щхьэпэ куэд къызэрыхэкIыр нэры­лъагъущ. Си фIэщ мэхъу Зэхуэсышхуэр купщIафIэу зэрызэхэтынур, фи лъэп­къымкIи, фыщыпсэу хэ­гъэгухэмкIи щхьэпэ хъун уна­фэхэр къызэрыфщтэнур, дяпэкIи ДАХ-м зыхуигъэувыж къалэнхэр зэры­зэ­фIихын IэмалыщIэхэр ­къы­зэригъуэтынур. Фе­фIэ­кIуэну, фе­хъулIэну псоми сы­нывохъуэхъу!»
Абы иужькIэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэ­ным гуащIафIэу зэрытела­жьэм папщIэ, УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI ­фIы­щIэ тхылъхэр Вагинэ Та­­тьянэ яритащ адыгэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэу­тий, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм и Тхьэмадэ Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд, Адыгейм щы­Iэ Адыгэ Хасэм хэт ЦIыкIущэ Аслъэн, ДАХ-м и Iуэху­щIа­пIэм и унафэщI Нанэ Лерэ сымэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек Зэхуэсыш­хуэм         и лэжьыгъэр къыщызэIуа­хым къыщипсэлъам къе­кIуэ­лIахэр къызэщIиIэтащ: «Къызэрыунэхурэ илъэс щэщI ирикъуа ДАХ-м лэжьыгъэшхуэ къызэри­нэ­кIащ. Шэч къытесхьэркъым, зыхуигъэувыжа къалэнхэм, и гуащIэр мыкIуэщIу, ар ­дя­пэкIи зэрыпэрытынум. ­ДАХ-м и IуэхущIафэхэм я гугъу пщIымэ, нэхъыщхьэу къыхэгъэщын хуейхэм ящыщщ ахэр ди щIына­-лъэм илъ зэгурыIуэныгъэр хъумэным хуэгъэпсауэ ­зэ­­рыщытым. ЩIыщыIэ ­ады­гэм ижь лъандэрэ къыде­кIуэкI хъугъуэфIы­гъуэхэр къэ­Iэтыным, зегъэу­жьы­ным, зегъэубгъуным хуэ­гъэ­п­сами, лъэпкъыбэ щIы­налъэхэм Iуэху зэрыщи­щIэр зэи зыщигъэгъупщэркъым. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъ­хэр куэд лъандэрэ мамыру къызэдогъуэгурыкIуэ, политикэ, экономикэ, щэнхабзэ, жы­лагъуэ зэпыщIэныгъэшхуэхэр я кум дэлъщ, ахэр дяпэкIи едгъэфIакIуэу ипэкIэ дыкIуэтэн ­хуейуэ къалэни ди пщэ къыдохуэ. ГлобализацэкIэ дызэджэ Iуэху­гъуэм къыхэкI зэхъуэкIыныгъэхэм дунейр зыIэщIаубыдэурэ, лъэпкъхэм унейуэ ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр яхъумэныр хьэлъэ хъууэ­рэ йокIуэкI. Ар хэт дежкIи нахуэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, ди лъэпкъыщхьэр къызэтенэным, бзэмрэ хабзэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэм я деж нэхьэсыным теухуауэ ттелъ хьэкъхэр зыми тщхьэщихыркъым. Къэрал хабзэхэм къыдат Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу ди лъэпкъым и зыужьыныгъэр зэрыщIэмыужьыхэным, ифI­рэ и щхьэпэрэ зыхэлъ Iуэхухэр зэрызэдгъэхъулIэным иужь дитын хуейщ.
Нобэ Урысейм и закъуэщ ады­гэм къэралыгъуэ щиIэр, и бзэр къэралыбзэу щыгъэувауэ, еджапIэхэм щрагъэджу, ижь лъан­дэрэ къыдекIуэкI хабзэ­хэмрэ Iэ­щIа­­гъэхэмрэ щыхуа­гъасэу. УФ-м и Конституцэм халъхьа з­эхъуэкIыныгъэхэм лъэп­къ­­хэм яIэ хуитыныгъэхэр нэхъ­ри щIагъэбыдащ. Ар къэдгъэ­сэбэпыпхъэщ. Мыбдеж кърихьэ­лIахэр псори дыкъыщежьэр зы Iуэхущ - адыгэр къэкIуэну зэманхэм зэрыхэпсэукIынщ, зэ­ры­хэ­мыкIуэдэжынщ. Абы ехьэлIауэ­ жыпIэмэ, ДАХ-м и лэжьыгъэр къыпхуэмылъытэну инщ. Хасэм пщIэрэ щхьэрэ зыхуригъэщIыфащ, ар къэрал куэдым къыщалъытэ, и псалъэм къыщIодэIу. ЖысIам и щапхъэщ ДАХ-м и Тхьэмадэр УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ и Советым зэрыхагъэхьар. УФ-м и Президентым и фIэ­хъус псалъэу нобэ къытлъэIэсари пщIэшхуэщ. Дэри дыхьэзырщ хабзэм ипкъ иткIэ ДАХ-м къыхилъхьэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри дэтIыгъыну, тхузэфIэкIымкIэ зыщIэдгъэкъуэну. Сыхуейт Хасэшхуэм къалэн зыщищIыжахэм ящыщу Iуэхугъуищым гу лъывэзгъэтэну. Псом япэрауэ, адыгэ алфавитхэм хэлъ зэщхьэщыкIыныгъэхэр гъэкIуэдыным, псэлъэкIэм зэтехуэу хэлъхэр зэщхьу къэгъэлъэ­гъуэным хуэунэтIауэ щIэныгъэлI­хэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм унафэ тещIыхьын хуейщ. ЕтIуанэ­рауэ, лъэпкъыр дызыIэтын лэ­жьы­гъэщ къытхэкIа цIыху цIэ­рыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр Iэмалу щыIэхэмкIэ дуней псом хэIущIыIу щыщIыныр. Ещанэ­рауэ, къэ­рал зэмылIэужьыгъуэхэм щып­­сэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ щIэныгъэ, щэнхабзэ, экономикэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэн, зегъэубгъун хуейщ. Хуабжьу сыщогугъ Зэхуэсышхуэр мы зи гугъу сщIахэм хэплъэну».
КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей­-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум­ ирихьэлIэу екIуэкIыну дауэдап­щэхэм Зэхуэсышхуэм хэтхэр ири­гъэблэгъащ, а махуэщIыр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм кърикIуа­ дахагъэ псоми я щыхьэт нахуэу зэрыщытри къыхигъэщащ. Зэ­хуэсым и лэжьыгъэм фIы кърикIуэну ехъуэхъури, КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэгуапэ тхылъкIэ я цIэ къриIуащ Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъу, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Тыгъуэнрэ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм илъэс куэдкIэ и тхьэмадэу щыта Къардэн Самиррэ. Апхуэдэу, Iэтащхьэм «Черкесия-Фильм» кинозэгухьэныгъэм и унафэщI Нэгъаплъэ Аскэрбий Зэхуэсышхуэм и утыкум къришэри, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэм и дамыгъэмрэ щыхьэт тхылъымрэ IэщIилъхьащ.
АдэкIэ псалъэ зрата, ­УФ-м­ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал ­къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Серёгин Олег къыхигъэщащ ДАХ-р и IуэхущIафэхэмкIи сыт щыгъуи къыхэщ жыла­гъуэ зэщIэхъееныгъэу зэрыщытыр. «Ди къулыкъущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ поли­тикэр нахуэу икIи убзыхуауэ егъэ­кIуэкIынырщ - жиIащ, Серёги­ным. - Абы хуэунэтIауэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ едгъэкIуэкIми, жыла­гъуэ зэгухьэныгъэхэр къыдгуэмыувэмэ, тлъэкIынур куэдкIэ мащIэщ. Сыхуейт ДАХ-р емышыжу къызэрыддэлажьэм щхьэкIэ фIы­щIэ хуэсщIыну, дяпэкIи а ­гъуэ­гум темыкIыу, нэхъри хигъахъуэу екIуэкIыну».
Серёгин Олег УФ-м лъэпкъ Iуэ­ху­хэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм къыбгъэдэкI фIыщIэ­гуа­пэ­ тхылъхэр Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Хы Iуфэ Шап­сыгъым, Ставрополь щIыналъэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Аслъэн Алий, КIэкIыхъу Мэжид, Шыб­зыхъуэ Юрэ сымэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ Хасэм хэт Теркъул Мухьэмэд яхуигъэфэщащ.
Зэхуэсышхуэм къыщыпсэлъащ­ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Ады­гейм­рэ я Iэтащхьэхэм я лIыкIуэхэри. Апхуэдэу, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и цIэкIэ утыкум къихьа жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дер Вячеслав и псалъэм къыхэщащ ДАХ-м къалэн зыщищIыжахэм къабгъэдэкI зэрымыхъунур, а­­тIэ, зэманми къекIуэкI щытыкIэми емылъытауэ, бзэмрэ щэнхабзэмрэ я щыжакIуэу, ахэр хъума хъун папщIэ хэкIыпIэщIэхэм я зэхэублакIуэу щытын зэрыхуейр. Адыгейм хамэщI щыпсэу ди хэкуэгъухэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Щхьэлахъуэ­ Аскэр Адыгейм и Iэтащхьэ Къум­пIыл Мурат и фIэхъус псалъэ къызэджам къызэрыхэщамкIэ, къ­и­кIуа гъуэгуанэм ДАХ-р адыгэ лъэп­къым и зыужьыныгъэм ехьэ­лIа гупсысэхэр щызэфIэувэ утыкушхуэ ищIащ, абы щыфIэкIыжауэ адыгэхэм я гугъапIэхэр зрапх, къэкIуэным купщIафIэу телажьэ хасапIэщ. Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми я Iэтащхьэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ Голландием къикIа, ДАХ-м и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Хьэт­къуэ Рэджэб, Тыркум щыIэ КАФФЕД-м и унафэщI Мамхэгъ Илдыз, жылагъуэ лэжьакIуэ Шыхъуэстэн Абдулхьэмид, ДАХ-м и япэ вице-президент Бырсекъуэ Ор­фан, Тыркум щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ Шыгъэлыгъуэ Уаджит сымэ.
Зэхуэсышхуэм кърихьэлIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэри. Абыхэм къыхагъэщащ блэкIа пIалъэм лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэ куэд ДАХ-м зэры­зэфIигъэкIар икIи щIэуэ хахыну Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гу­­пым­рэ кърахьэжьа Iуэхухэр щIамыгъэужьыхэну, адэкIэ ягъэ­­кIуа­тэурэ ирагъэфIэкIуэну­ къыхураджащ. Апхуэдэу, КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэм и ЩIыхь тхы­­лъыр хуа­гъэфэщащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Муратрэ ДАХ-м и вице-президент, ­КъБР-м егъэджа­кIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъа­хъуэ и центрым лъэпкъ щIэ­ны­гъэхэмкIэ и лабораторэм и унафэщI Що­джэн Iэминатрэ, ­КъБР-м Щэн­хабзэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр иратащ Гъэ­зэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Щомахуэ Залинэрэ ДАХ-м мылъкур зегъэкIуэнымкIэ и лэжьакIуэ Махъсидэ ФатIимэрэ, КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерст­вэм и Щытхъу тхылъыр хуагъэфэщащ Адыгейм и Шууей Хасэм и тхьэмадэ Тхьэпщокъуэ Альберт.
ФIэхъус псалъэхэр зэфIэкIа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий ­иуж­ь­рей илъэсищым ДАХ-м иригъэ­кIуэкIа лэжьыгъэр къызэщIикъуэжу къэп­сэлъащ. Тхьэмадэм къы­зэрыхигъэщамкIэ, ДАХ-м­ дежкIи тыншакъым иужьрей илъэ­­ситIыр. «ЕдгъэкIуэкIын хуея лэжьыгъэм пандемием зэ­хъуэ­кIыныгъэхэр хилъ­хьащ. Язы­ныкъуэ Iуэху­гъуэхэр пэIудзауэ тщIын ­хуей хъуащ. Пандемием зыкъом­кIэ­ дыкъыжьэдикъуами, къалэн­ зыщытщIыжахэр­ зэрыдгъэ­зэ­щIыным дыпылъащ.­ ДАХ-м и Унэм щызэхэтшэ зэхуэсхэр хэгъэкIауэ, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щIы­пIэхэм ды­кIуэрэ ди зэIущIэхэр щед­гъэкIуэкIыу къыхэтлъхьауэ щыта хабзэри, ди гуапэ зэры­хъунщи, узыфэм IэщIыб дигъэ­щIакъым», - жиIащ Сэхъуро­къуэм.
Тхьэмадэм и къэпсэлъэныгъэм и гугъу щищIащ адыгэбзэр хъумэным, анэдэлъхубзэр зэ­­радж тхылъхэр щIыналъэхэм щызэтехуэу зэгъэпэщыным, тхыбзэ лIэужьыгъуитIри зэрырагъэдж тхылъхэр федеральнэ тхылъ зэужьым (федеральный перечень учебников) хэгъэхьэным теухуауэ ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэм. Тепсэлъыхьащ илъэситI ипэ­кIэ къыхалъхьа «Адыгэ диктант» егъэджэныгъэ акцэм зызэ­риуб­гъум, ар адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ куэдым зэрынэсам. Апхуэдэу, Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ 2019 гъэм «Адыгэ диктантым» цIыху миным щIагъу къыхыхьамэ, 2020 гъэм а бжыгъэр цIыху минищым, 2021 гъэм адыгэ диктантыр цIыху мин 11-м щIигъум зэратхар. Бзэр ­хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэу­нэтIауэ ­ДАХ-р зэIущIэ зыбжанэ, Iэнэ хъурей, щIэныгъэ зэхуэс­хэм зэрыхэтами я гугъу ищIащ.
ДАХ-м и лэжьыгъэм щIыпIэшхуэ щеубыд хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэным, адэжь лъахэм къешэлIэжыным. «А Iуэхур сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыуи къыхэкIыркъым, - гу лъа­ригъэтащ тхьэмадэм. - Ди хэкуэ­гъухэм ядедгъэкIуэкI лэжьыгъэр унэтIыныгъитIкIэ къызэгъэ­пэ­щащ: зыр - ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэ­ным теухуащ; етIуанэр - Хэкум къэIэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным хуэгъэпсащ. Хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъу­хэм я бжыгъэр мы зэманым ирихьэлIэу цIыху мини 5-м ноблагъэ. Сирием щыщу Хэкум къихьэ­жащ цIыху мини 3-м щIигъу. КъБР-ми, КъШР-ми, АР-ми я ­къулыкъуэщIэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, хьэрычэтыщIэхэми абыхэм зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъакъуэ. Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм щхьэкIэ къуажэхэм унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэпэщащ».
Дунейпсо Адыгэ Хасэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщщ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ нэхъыбэ хэку университетхэм IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызрагъэгъуэтыну къыщIэгъэтIысхьэныр. Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм хамэ къэрал щыщ ди лъэп­къэгъу ныбжьыщIэхэр 2020 - 2021 гъэ еджэгъуэм къыщIэтIысхьэу къэ­ралым и мылъкукIэ щIэныгъэ щыз­рагъэгъуэтыфын хуэдэу, «Рос­сотрудничество»-м и уна­фэщIхэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ а Iуэхум хухих квотэхэр нэхъыбэ ищIыну.
ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр лъэныкъуэ куэду зэры­зэщ­хьэщыкIыр къыхигъэщри, дэт­хэнэ зы Iуэхугъуэми я щапхъэ­хэр къихьурэ Сэхъурокъуэр­ теп­сэ­лъыхьащ, Хасащхьэми Гъэ­зэщIакIуэ гупми хэтхэр адыгэм и тхыдэм, и щэнхабзэм, и жыла­гъуэ псэукIэм теухуауэ Кавказ Ищхъэрэм къыщаIэт дауэдапщэхэм блэкI щIагъуэ къыхэмыкIыу зэ­рыхэтым хуишэу.
«Ауэ тщIэну дызыхуеяхэр псори тхуэгъэзэщIауэ жытIэфыну­къым, - жиIащ и псалъэм и кIэухыу Сэхъу­рокъуэ Хьэутий. - Дигу къоуэ хамэ къэрал къитшу ди адыгэ сабийхэм зедгъэгъэпсэхуну Iэмал дызэримыIар. Санитар-эпидемиологие­ мардэхэм къагъэув сакъыныгъэр­ сабийхэми ятеухуат. Хэку гъэзэ­жыным епха Iуэхугъуэхэр нэсу зэIубз тхуэщIакъым, уеблэмэ абы пыщIа гугъуехь­хэр мащIэ хъуауэ пхужыIэнукъым. КъэкIуэжхэм я тхылъымпIэхэр гъэхьэзырыным къыхэкI лъэпощхьэпохэм ДАХ-м хэтхэр дызэхуэзэху къэс дропсалъэ. Ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къихьэныр псынщIэ ящыщIынымрэ, къихьа нэужь щыпсэуну хуит, щыIэну хуит зыщI, къэралым и цIыхуу къызэрилъытэ тхылъхэм я къыдэхынымрэ хэубыдыкIауэ хэплъэну сыт хуэдизрэ къэрал къулыкъущIапIэхэм захуэдмыгъазэми, пIалъэ къыхокI. Анэдэлъхубзэр ди щIэблэм, яIэщIэмыхун щхьэкIэ, ахэр щыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, къыттехуэ къэмынэу тщIэн хуейщ. Дэ къытпэщылъщ бзэм и пщIэр къызэрытIэтын, ар щIалэгъуалэм хъугъуэфIы­гъуэу къызэредгъэлъытэн Iэмалхэр зэуIу тщIыну, хэбгъэзыхьмэ, прог­раммэ пыухыкIахэр зэдгъэпэщыну. Урысей Федерацэм и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэм ­ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм яхухи-­        ха квотэхэм хамэщI щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэ нэхъыбэ зэрыхедгъэубыдэным дыхущIэкъун ­хуейщ. Илъэс къэс дызытепсэлъыхь мы Iуэхугъуэми лъэныкъуэ псори ­къетшалIэу унафэ пыухыкIа тхутещIыхьыркъым».
Хасэм и нэIэ зытригъэтын хуей­ Iуэхугъуэхэм, зыгъэгумэщIхэм теп­­сэлъыхьа нэужь, Сэхъуро­къуэм и псалъэм и кIэухыу илъэсищым къыдэлэжьа псоми фIыщIэ яхуищIащ.
Сэхъурокъуэм и къэпсэлъэныгъэр ДАХ-м хыхьэ щIыпIэ хасэхэм я тхьэмадэхэм зэпкъраха нэужь, Зэхуэсышхуэм хэтхэм унафэ ­къащтащ лэжьыгъэ екIуэкIами ахэр къызэщIэзыкъуэж псалъэми арэзы техъуэн хуейуэ. Абы къищынэмыщIауэ, щIэуэ хахыну ГъэзэщIакIуэ гупым къэкIуэну илъэсищым зэфIигъэкIын хуей къалэн зыбжани къащтащ.
Зэхуэсышхуэм кърихьэлIахэр адэкIэ хэхыныгъэм иужь ихьащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсищым абы и унафэр зезыхьэнур, ГъэзэщIакIуэ гупымрэ КъэпщытакIуэ гупымрэ хыхьэнухэр къызэрыхахыну щIы­кIэр убзыхуныр зи къалэнхэри ягъэ­нэхуащ. Хасэхэм я лIыкIуэхэр з­э­чэнджэщыжа, кърахьэлIа лэ­жьыгъэм хэплъэжа нэужь, ДАХ-м и унафэр зэрихьэну Сэхъуро­къуэ Хьэутий хуагъэфэщащ, IэIэткIи щIэрыщIэу хахыжащ. Тхьэмадэм и вице-президенту Бырсе­къуэ Орфан, ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Аслъэн Алий, Щоджэн Iэминат, КIэкIыхъу Мэжид, Вэрокъуэ Затий, Урым Бэчыр сымэ ягъэбелджылащ. Апхуэдэу, зэIущIэм щагъэнэхуащ ГъэзэщIакIуэ гупми КъэпщытакIуэ гупми хэтынухэр.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсищым ДАХ-м зэфIихын хуейуэ и пащхьэ лэжьыгъэшхуэ илъщи, пэлъэщыну, лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ унафэ узыншэ куэд къащтэну ди гуапэщ.
ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.