ИлъэсипщI ипэкIэ, 2011 гъэм шыщхьэуIум и 22-м, япэу интернет губгъуэм ихьауэ щытащ «Адыгэбзэм и къару» зыфIэтща щIэныгъэ хэщIапIэр (adygabza.ru). Дунейпсо щэнхабзэм игъэфIа тхыгъэ цIэрыIуэхэмрэ щIэныгъэмрэ ди анэдэлъхубзэмкIэ къэдгъэпсэлъэнырт а япэ лъэбакъуэр щытчам мурад нэхъыщхьэу диIар. Лэжьыгъэм дызыхуей лъагагърэ кууагърэ къытхуегъэщтауэ жытIэныр захуагъэу къыщIэкIынкъым, итIани, зы бжьизкIэ нэхъ мыхъуми, ди пIэ дызэрикIам и щыхьэтхэр мащIэкъым.
ИлъэсипщI ныбжьыр щхьэусыгъуэфIу къэтлъытэри, лъэпкъым и тхыбзэм зиужьын папщIэ, зэдзэкIыгъэхэм яIэ мыхьэнэм тедгъэпсэлъыхьыну ди хьэщIэщым къедгъэблэгъащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ- м урыс, хамэ къэрал литературэхэмкIэ и кафедрэм и доцент, «Нальчик» газетым и журналист Битокъухэ Маринэ.
- Дэ фIыуэ дощIэ иужькIэ «классик» зыфIащыжа тхакIуэ-усакIуэ куэдым нэгъуэщIыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыгъэхэр зэрадзэкIыу зэрыщытар. Достоевскэми, Толстойми, Цветаевэми, Ахматовэми, КIыщокъуэми, ЩоджэнцIыкIуми хамэбзэхэм кърахыурэ я анэдэлъхубзэм тхыгъэхэр ирагъэзагъэрт. А лэжьыгъэр езыхэм я тхэкIэм зиужьынымкIи къахуэщхьэпащ, гугъу зыщIрагъэхьа бзэми фIыкIэ хэIэбащ. Нобэ зыгуэркIэ къытхуэсэбэпыжу къэплъытэрэ зэдзэкIыгъуэхэр?
- ЗэдзэкIыгъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Лъэпкъ литературэ куэд щыIэщ тхыгъэхэр зэрадзэкIын щыщIадзам деж къыщежьауэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, урыс литературэр. XVIII лIэщIыгъуэм и кIыхьагъкIэ абы алыдж, урым щэнхабзэр, курыт лIэщIыгъуэм, узэщIыныгъэ лъэхъэнэм къриубыдэу ятхахэр урысыбзэкIэ щызэрагъэзахуэурэ къекIуэкIащ. Апхуэдэ лэжьыгъэм тхакIуэм и бзэри нэхъ хуэкъута ещI, и Iэри Iуэхум ирегъасэ.
ЗэдзэкIакIуэм тхыгъэр зэрызэпкърылъ щIыкIэр, абы и кIуэцIым щызекIуэ зэпыщIэныгъэхэр елъагъу, лэжьыгъэм нэхъ хищIыкIи мэхъу. Зи цIэ жыжьэу Iуахэм ящыщу зыри епэгэкIакъым зэдзэкIын Iуэхум.
Псалъэм папщIэ, Бродский Иосиф Америкэм Iэпхъуа нэужь, инджылызыбзэкIэ зэрытхэм икIи зэрыригъаджэм къыдэкIуэу, куэд дыдэ зэридзэкIырт. Ар ахъшэ къэлэжьыпIэу е зэштегъэууэ къимылъытэу, и лэжьыгъэр езыгъэфIакIуэ гуэрут зэригъэувыр. Абы къыхэкIыу, зэдзэкIыгъэхэр къытфIэмыIуэхуу хъунукъым. Абыхэм я фIыгъэкIэ усакIуэбзэми зеужь, тхыгъэр зэрызэрадзэкI лъэпкъыбзэри йофIакIуэ.
Урыс усыгъэм и гугъу тщIымэ, зэдзэкIакIуэхэм щIэныгъэ къудамэ лъэщ зэфIагъэувауэ щытащ, яхуэбгъэдэн Европэ псом щыгъуэтыгъуейуэ. Усэ зэзыдзэкI усакIуэм бзэр нэхъ зыхищIэ зэрыхъум нэмыщI, тхыгъэр зэрызэридзэкIыр нэхъыбэм езым и анэдэлъхубзэрщи, абы и къаруущIэ, иджыри къэс гу зылъамыта и лъэныкъуэщIэ игъэунэхуну Iэмал кърет. Аращ зэдзэкIыгъэхэм мыхьэнэшхуэ щIаIэр.
- Тхыгъэ щызэрадзэкIым деж ар усакIуэм и анэдэлъхубзэм къизых щыIэщ, зыгуэрым зэридзэкIар зэзыдзэкIыжи урохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, Шекспир псоми инджылызыбзэм кърахыркъым. Оригиналым къытращIыкIар нэхъ зыхуей хуэзауэ, зытхам и гупсысэм нэхъ пэгъунэгъуу къалъытэ. Ауэ апхуэдэ Iэмал ущимыIи къохъу. Сыт пхужыIэнур зэдзэкIыгъуэхэр зэрагъэхьэзыр щIыкIэм теухуауэ?
- Дэтхэнэ зэдзэкIыгъуэри оригиналым и IункIэбзэIух хуэдэу щытщ. УсакIуэбзэм нэщыпхъуэр трихым ещхьщ зэдзэкIакIуэм. ГурыIуэгъуэщ а лэжьыгъэр зэфIэкIыху, оригиналым хэлъ гуэрхэр зэрыкIэрыхум. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ тхыгъэр здэбгъэIэпхъуэ бзэм и Iэмалхэр иримыкъункIи хъунущ, оригиналым щIэлъ мыхьэнэ гуэр къиIуэтэну. Абы зэрызэбдзэкI бзэр игъэнэхъыкIэу, е абы зыгуэр хуэчэму къикIыркъым - зытхам и бзэмрэ зэдзэкIыгъэм еймрэ зэмыщхьу аркъудейщ.
«ЗэдзэкIыгъуэм къытрахыжа зэдзэкIыгъуэм» и гугъу тщIымэ, абы усэбзэр етIуанэу зэрих хуэдэу мэхъу. Абы, зы лъэныкъуэкIэ, тхыгъэм щIэщыгъуэу хэлъыр нэхъ хегъэщI, нэгъуэщIу уеплъми, оригиналым IукIэщIэ къызыкъуихыну Iэмал ирет. Апхуэдэу щыхъур зэдзэкIын Iуэхур литературэм и къудамэ щхьэхуэу къатщтэмэщ.
Бзэм и Iэмалхэр къэпщIэн къудей папщIэ зэдзэкIыным зыщептым деж, псом нэхърэ нэхъыфIу къысфIэщIыр «подстрочник» жыхуаIэм хуэдэ пщIынырщ: тхыгъэм къикI дыдэр зэрызэбдзэкI бзэмкIэ птхыныр.
Мы Iуэхур кавказыбзэхэм, лъэпкъ цIыкIукIэ зэджэ бзэхэм я узщ, къэбэрдей адыгэбзэри хиубыдэу. Дэ урысыбзэкIэ зэрадзэкIахэм куэд дыдэ къытыдощIыкIыж. ИпэжыпIэкIэ апхуэдэу щытын хуейкъым. Ар зыхуэбдэж щыхъунур зэдзэкIыкIэ зебгъэсэхущ, бзэм и Iэмалхэм уеплъын щхьэкIэ.
Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ оригиналым и бзэкIи дыщIагъуэкъым, адыгэбзэри нэгъэсауэ тщIэркъым. Абы къыхэкIыу, псоми дыкъезыгъэлыну къытфIэщI подстрочникым долъыхъуэ, ауэ щыхъукIэ, а подстрочникри, псалъэм папщIэ, испаныбзэм кърахри урысыбзэм къахьауэ аращ. Е инджылызыбзэм кърахри – урысыбзэм. КIуэ, дызытепсэлъыхьыр зи дагъуэр литературэракъым мыбдежым. Ар зи щыщIагъэр ди щIэныгъэрщ, щэнхабзэрщ. Европэм, псалъэм папщIэ, апхуэдэ бзэ ныкъусаныгъэхэр щызекIуэркъым.
- Уэ зэдзэкIыгъэу лэжьыгъэ гуэрхэр утыку ипхьауэ дрихьэлIат. Уи щхьэкIэ бгъэунэхуахэм ящыщу сыт уигу къинэжа, чэнджэщ хъун хуэдэу? АдыгэбзэкIэ сыт хуэдэ тхакIуэ е усакIуэ «къэдгъэпсэлъэныр» нэхъ пфIэигъуэ?
- Сэ си зэдзэкIыгъуэхэр литературэ зэдзэкIыгъуэу щыткъым, сыт щыгъуи сызэлэжьыр подстрочникхэрщ. Бзэ гуэр щызэзгъащIэм деж ахэр къыздэIэпыкъуу къысщохъу. Псалъэм папщIэ, испаныбзэ е инджылызыбзэ щызэзгъащIэм щыгъуэ, Гарсиа Лоркэ ей гуэрхэм, Шелли и усэхэм селIалIэу щытащ. Мачадо Мануэль и усэхэр испаныбзэм къисхащ аспирантурэм сыщыщIэса зэманым.
Си зы гуращэм и гугъу сщIыну сыхуейт. Егъэлеяуэ сыщIохъуэпс Гарсиа Лоркэ и усэ къыхэхахэм я тхылъыфI адыгэбзэкIэ диIэным. Си гугъэмкIэ, абы урысыбзэ зэдзэкIыгъуэхэм идмыгъуатэ зыхэщIэныгъэ гуэрхэр къытхуздихьынущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, испаныбзэм къыдекIуэкI щэнхабзэр куэд дыдэкIэ адыгэбзэм и мыхьэнэ къэщтэкIэм, и щIагъыбзэм, дуней еплъыкIэм, нэгу къыщIэгъэхьэкIэм ещхьщ. Лоркэ зыщыщ ипщэ Испаниер Кавказым егъэлеяуэ ещхьщ. Аращ абы сыщIыщIэхъуэпсыр.
Сэ сызэрегупсысымкIэ, сыт хуэдэбзэкIи зэдзэкIын хуейщ тхыгъэхэр. «Хэт абы къеджэнур?» - хуэмыху псэлъафэр къызыфIэбгъэIуэху хъунукъым. Пэж дыдэу, нобэ абы зыри къемыджэнкIи хъунщ. Уеблэмэ пщэдеи зыри къеджэнкъым. Зэи зыри къемыджэххэнуи сощI. ИтIани, ЩIы хъурейм и ноосферэм (погуфIыкI) итынущ а зэдзэкIыгъэр, аращи, уи Iэр бгъэувыIэ хъунукъым.
Иджырей тхыгъэхэм щыщу сыт адыгэбзэкIэ зэдзэкIыпхъэу къэплъытэрэ жыпIэмэ, си щхьэкIэ Гарри Поттер теухуа тхылъхэр адыгэбзэкIэ зэддзэкIыныр сфIэигъуэщ. А тхылъ къызэрымыкIуэр ди анэдэлъхубзэм къидгъэзэгъэфмэ, ар Iэмал имыIэу бзэми литературэми къаруущIэ яхуэхъунущ, тIури тхылъеджэхэм нэхъ щIэщыгъуэ ящищIыжынущ.
- Дэ «Хамэ къэрал литературэ» («Иностранная литература») журналыр тIэщIэлъу дыкъэхъуащ. Апхуэдэ «журнал Iув» адыгэбзэкIэ къыдэгъэкIын гупыжым дауэ ухущыт, хамэбзэхэм къраха тхыгъэхэр къыщытрадзэу?
- Си щхьэкIэ «Хамэ къэрал литературэр» сIэщIэлъа зэпыту схужыIэнукъым, ауэ Iэмал щызгъуэтым деж седжэрт. Куэд щIакъым абы и тедзапщIэм сызэреплъри (мэдыхьэшх), егъэлеящ. Си гугъэмкIэ, лэжьыгъэр къэмыувыIэн хуэдэу пхузэтеухуэмэ, апхуэдэ гупыжым фIы куэд къыдэкIуэнущ. Журналым куэдым Iэ традзэнукъым, дауи, абы уигу къебгъэуIэ хъунукъым. КъызыфIэIуэхухэм я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыкIэрыхунум ухуэхьэзырмэ, нэхъыфIщ. Толъкъуным ещхьыну къыщIэкIынщ: дэуейрэ – къехуэхыжу. Аращи, лэжьыгъэм зезыпщытыну цIыхур е гупыр абы хуэхьэзырын хуейщ. ТекIуэдэну мылъкури гу зылъытапхъэщ. Псом нэхърэ нэхъыфIыр абы ахъшэ хэзылъхьэн къэбгъуэтынырт. Ари зэхэщIыкI зиIэ цIыхуу щымыту хъунукъым. Псалъэм папщIэ, зэрахуэмыщэр игу техуэу. ИтIани, адыгэбзэкIэ зэрадзэкIа тхыгъэхэр зэрыт журнал къыдэбгъэкIыныр нэхъ сфIэгупыж узыншэщ сэ цIыхубэ-политикэм е щэнхабзэм епха журнал къыдэбгъэкI нэхърэ. «Псынэм» е абы ещхь адрейхэм къащыщIар сыт? Еджэр мащIэти, зи мылъку хэзылъхьэхэми Iуэхур хуэм-хуэмурэ яIэщIэужэгъуащ, аращ ахэр къыщIэувыIар. Мылъку хэлъхьэн къалэныр къэралым и пщэ зыгуэру пхудегъалъхьэмэ (мэдыхьэшх), шэч хэмылъу, Iуэхур щхьэпэ дыдэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ, абы и фIыгъэкIэ зэдзэкIыгъэхэм елэжь щIэныгъэ къудамэ («школа перевода») зэдгъэпэщыфынущ. Апхуэдэ къудамэм мыхьэнэшхуэ иIэщ литературэр и пIэ имыуджыхьын щхьэкIэ. Ауэрэ илъэсипщI е тIощI дэкIмэ, бзэри адыгэ литературэри, зыгуэр къыщIэрыIам ещхьу, нэхъ яфIэщIэщыгъуэ хъужынущ.
- Толстой Лев и унэ лъапсэм, музей ящIыжам, критикхэм щрагъэкIуэкIа зэхуэсым ущыIауэ хъыбар зэхэтхащ. СыткIэ уигу къинэжа а зэIущIэр?
- «Критикхэм я еджапIэм» и япэ зэхуэс щрагъэкIуэкIащ Ясная Полянэм. УФ-м критикэм и щIэныгъэ къудамэ къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ. ГъэщIэгъуэн куэд щызэхэсхащ абы. КъызэрыщIэкIымкIэ, литературэ критикэр дэхуэхыжыпэным зэрынэсам гу лъатэри, къагупсысауэ аращ Курбатов Валентин и цIэр зыфIаща а еджапIэр. Критикэ лэжьыгъэхэм ехьэлIа куэдым я гугъу къытхуащIащ. Абы теухуауэ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым тхыгъэ хузогъэхьэзыр.
Епсэлъар Чэрим Марианнэщ.