Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэ- ныгъэ.
Музейм и пэш Iэхуитлъэхуитым ягъэбжьыфIэ Бгъэжьнокъуэм графикэ жыпхъэм иту лъэпкъым, тхыдэм, IуэрыIуатэм, лъагъуныгъэм, нэгъуэщI куэдми теухуауэ ищIа лэжьыгъэхэм. Художественнэ тхыгъэхэм я лIыхъужь куэд къахыбоцIыхукI абыхэм. Сурэт къэс зы хъыбар, ухуейуэрамэ, гъащIэ псо къаIуатэ. Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэн сщыхъуащ абы Нарт эпосым и лIыхъужьхэм я теплъэр зэрищIар, ахэр сызэмысащ, щIэщыгъуэщ, ауэ щыхъукIи, къэсцIыхуж теплъэ телъыджэщ.
КъБР-м и СурэтыщIэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу Бгъэжьнокъуэм лъэпкъ нагъыщэкIэ бей и лэжьыгъэхэр утыку къызэрырахьар игъуэу къызэрилъытэр.
- Заурбэч и творчествэр зэрыщыту хуэгъэпсащ къызыхэкIа лъэпкъым, абы и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр екIуу, щIэщыгъуэу къэIуэтэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ещIэ. Сэ къызолъытэ абы и IэрыкIхэр адыгэ лъэпкъым и дамыгъэу. Сыхуейт лъэпкъ куэдым Бгъэжьнокъуэм и сурэтхэр ялъагъуну, лъэпкъыпсэ–лъэпкъыгу псалъэхэм я мыхьэнэр мы сурэтыщIым и лэжьыгъэхэмкIэ зыхащIэну. Апхуэдэуи сыхуейт мы пэшым къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэм нэхъыбэ къакIуэу еплъыну, дыщIэгушхуэ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм щымыгъуазэхэм зрагъэцIыхуну, зыцIыхухэм абы и зэфIэкIыр зэрыбгъуфIэр иджыри зэ хьэкъ ящыхъужыну. ПщIэ ин хузощI емызэшыжу и лъэпкъым зэрыхуэлажьэм, творческэ гъуэгуанэ дахэ зэрыпхишам папщIэ.
Бгъэжьнокъуэм фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Аминат.
- Мы пэшым щIэт дэтхэнэри дахагъэм хуэпIащIэу къызэрыкIуар си фIэщ мэхъу. СызэреплъымкIэ, сыщыуэнукъым, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и творчествэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр, адыгэ лъэпкъыр щIэгушхуэн фIыгъуэщ жысIэмэ. Адыгэхэм я махуэшхуэм, ар къызэрызэIуахам мыхьэнэ зэриIэр псоми къыдгуроIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и ехъулIэныгъэм и щэху нэхъыщхьэр и лъэпкъым хуиIэ пыщIэныгъэ быдэмрэ фIылъагъуныгъэмрэщ. Куэд щыгъуазэщ Бгъэжьнокъуэр зэрыегъэджакIуэ бэлыхьым. ЕгъэджакIуэу улэжьэн папщIэ зэфIэкI пыухыкIа ухуейщ. Уи IэзагъэмкIэ щIэблэм уадэмыгуэшэфрэ сабийхэм бзэ къахуумыгъуэтыфмэ, егъэджэныгъэ Iуэхум пхухэлъхьэн щыIэкъым, псом хуэмыдэу творческэ IэщIагъэхэм ехьэлIауэ. СурэтыщIым и мызакъуэу, ди республикэм щыпсэу дэтхэнэми мы гъэлъэгъуэныгъэмкIэ сехъуэхъуну, зымылъэгъуахэр еплъыну къыхуезджэну сыхуейт.
ЗэIущIэм зыкъригъэхьэлIат мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжауэ щыIэ, УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI Пащты Герман. Абы жиIащ Бгъэжьнокъуэм хуэдэу полиграфиемрэ графикэмрэ хуеджауэ ди республикэм зыбжанэ фIэкI зэримысыр. Пащтым игу къигъэкIыжащ, Бгъэжьнокъуэр щылажьэу щыта тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэу, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэныгъэ щаубыду зэрыщытар Заурбэч зэрифIыщIэр. Абы и лэ- жьыгъэхэм щыщу Нарт эпосым хуищIа сурэтхэм щхьэхуэу къытеувыIащ Пащтыр. Ди лъэпкъэгъум а сурэтхэм къыщигъэлъэгъуа Iэзагъэ иным, зэфIэкIым, гупсысэхэм я щIэщыгъуагъым тепсэлъыхьащ Герман.
- Сэ стхыр макъамэщи, Бгъэжьнокъуэм и сурэтхэм ящIэлъ макъамэм сытепсэлъыхьынущ, - мы псалъэхэмкIэ жиIэнур иублащ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил. - Заурбэч и гъэлъэгъуэныгъэ куэд щIауэ сыщIэхъуэпсырти - нобэ слъэгъуащ! Макъамэм сызэрыхуэтхьэкIумафIэм и гъусэу, нэгъуэщI макъами зэхэсхыну си насып къихьащ, ар итхъа цIыкIум (штрихым) и макъамэщ. Графикэм деж абы къалэнышхуэ зэригъэзащIэм куэд щыгъуазэщ. НтIэ, макъамэми а зы итхъа цIыкIум мыхьэнэшхуэ щиIэщ. Мы сурэтхэм еплъ куэдым ялъагъунур зы жыпхъэм иту щIа теплъэгъуэщ, ауэ упкърыплъыхьыпэмэщ абы нагъыщэрэ щIагъыбзэу щIэлъым гу щылъыптэр. Абы и кууагъыр нэсу къызыгурыIуэфынур зырызщ, езы Заурбэч хуэдэу гу къабзэ зиIэхэрщ. ГъащIэшхуэ уиIэну, дахагъэ куэд плъагъуну, абыкIэ укъыддэгуэшэну си гуапэщ.
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан Заур зэрысурэтыщI Iэзэм хуэдэу, ныбжьэгъу бэлыхьу, цIыху щыпкъэу зэрыщытым яхутепсэлъыхьащ къызэхуэсахэм.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэм сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм къыпхалъхьэ къарум, гушхуэныгъэм къытеувыIащ. IуэрыIуатэджым жиIащ лэжьыгъэхэр гъэщIэгъуэн зэрыщыхъуар, языныкъуэхэр телъыджэ дыдэу къызэрилъытэр.
ПIалъэ къызыхэкI мыхъуну сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым нейрохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI, Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академием сабийхэм я узыншагъэмкIэ и щIэныгъэ центрым и лэжьакIуэ пажэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Семэн Жаннэ къыщыпсэлъащ гъэлъэгъуэныгъэм.
- Си насып кърихьэкIри, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, ХьэIупэ ДжэрбэIил хуэдэ цIыхушхуэхэр гъунэгъу къысхуэхъуащ. Абыхэм я цIыху щIыкIэкIэ япэсщIын щымыIэу фIыуэ солъагъу, апхуэдэ дыдэу солъагъу абыхэм я творчествэ къулейри.
Заурбэч и гъэлъэгъуэныгъэу Москва щащIахэм мызэ-мытIэу сыкIуати, куэду пщIэ къызэрыхуащIыр, и творчествэр фIыуэ зэралъагъур си нэгу щIэкIащ. Ар цIыху псэ къабзэщ, сэ сызэреплъымкIэ, а и псэ къабзагъэращ абы и сурэтхэм дыдэзыхьэхыу къахэщри. Мы пэшым щытлъагъу сурэтхэм я нэхъыбэр фIыцIэрэ хужьущ зэрызэхэтыр, ауэ а плъыфитIыр сурэтыщIым зыуэ Iэзэу егъэджэгури, абы гуапагъэри, хуабагъэри, нэхугъэри къобэкI. СынасыпыфIэщ абы и кIыщым сыкIуэурэ сыбгъэдэсыну Iэмал сызэриIэм папщIэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт нобэ пэшым щытлъагъур лъэпкъыр щIэгушхуэн фIыгъуэ ину къызэрыслъытэр, - жиIащ Жаннэ.
- Мы гъэлъэгъуэныгъэр зэрымыщIэкIэ сщIауэ жыпIэ хъунущ,- къригъэжьащ Бгъэжьнокъуэм псалъэ щратым. - Къыпымрэ сэрэ еджапIэ дыкъыщикIыжам, батэкъутэ дгъэшын ди гугъэу, Налшык гъэлъэгъуапIэ пэш къыщызэIутхыу графикэмрэ живописымрэ абы щыдгъэлъэгъуэну псалъэ зэттыжат. Ар къыдэмыхъулIауэ республикэм ди IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщидмыхьэныр ди мурад быдэт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэркъым. Си гъэлъэгъуэныгъэм си къуэрылъху цIыкIухэм я цIэ фIызощ, абыхэм тыгъэ яхузощI, - жиIэри Бгъэжьнокъуэм пщащэжьей тхьэIухудитI утыкум къришащ. Адэш- хуэм и гуапэу къыхигъэщащ абыхэми сурэт зэращIыр.
Ди гуапэщ Заурбэч и унагъуэ дахэм, лъэпкъым хуэузыншэу, иджыри куэдрэ и IэдакъэщIэкIхэмкIэ лъэпкъ гъуазджэр игъэбжьыфIэну!
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.