25 сентября, 2021 - 06:30
Республикэм футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэхэр екIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «Энергетик»-мрэ «Тэрчым»-мрэ зыр адрей зыкъыкIэрагъэхуркъым.
Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм пашэныгъэр щызыIыгъхэм бжьыпIэр зыIэщIагъэкIыну я мурадкъым. «Тэрчым» и унэ щыIэу 7:2-уэ Тырныауз къикIа «Эльбрус»-р хигъэщIащ. АрщхьэкIэ таблицэм пашэныгъэр зэрыщиIыгъар зы махуэ закъуэщ. КъыкIэлъыкIуэм япэ увыпIэм къыдэкIуэтеижащ Прохладнэ щыIэу «Кэнжэм» 3:0-у ефIэкIа «Энергетик»-р.
Ещанэ увыпIэм щхьэкIи зэныкъуэкъуныгъэшхуэ щокIуэкI республикэм и чемпионатым. Малкэ къикIахэм щысхь лъэпкъ хуамыIэу жэуапыншэ топищ я гъуэм худагъэкIащ Лэскэн куейм и «Урыху» командэм. Псынэдахэ и «Родник»-р Налшык щыхьэщIэу 3:5-уэ хигъэщIащ таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщыувыIа «Спартак-Д»-м.
Зэхьэзэхуэм и епщыкIуиянэ джэгугъуэм япэ очкор къыщихьащ иджыри къыздэсым апхуэдэ къызыхуимыхуа Нарткъалэ и «Нартым». «ХьэтIохъущыкъуейм» и унэм абы щыдригъэкIуэкIа зэIущIэр 1:1-уэ иухащ.
«Ислъэмейм» къыкIэлъыкIуэ хэщIыныгъэр иригъэгъуэтащ «Псыгуэнсум» - 2:1. Старэ Шэрэдж щекIуэкIа «Шэрэджымрэ» Бабугент и «ЛогоВАЗ»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр 2:5-уэ иухащ.
Зи чэзу джэгугъуэм ипкъ иткIэ дызыхуэкIуэ щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэIущIэнущ: фокIадэм и 25-м - «ЛогоВАЗ» - «Спартак-Д», «Шэджэм-2» - «Малка», «ХьэтIохъущыкъуей» - «Тэрч», «Родник» - «Энергетик»; фокIадэм и 26-м - «Ислъэмей» - «Шэрэдж», «Псыгуэнсу» - «Урыху», «Кэнжэ» - «Нарт», «Эльбрус» - «Шэрджэс» командэхэр.
Жыласэ Замир.