КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. иригъэкIуэкIащ Iуащхьэмахуэ районым къызэрымыкIуэ щытыкIэм и лъэужьхэр щыгъэзэкIуэжыным теухуа зэIущIэ

КIуэкIуэ Ю. А. Прави­тель­ствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ Iуащ­хьэ­махуэ райо­ным къы­зэрымыкIуэ ­щы­тыкIэм и лъэужьхэр щы­гъэзэ­кIуэ­жыным теу­хуа зэIущIэ.

Правительствэм, министерствэхэмрэ ведомст­вэ­хэмрэ, хабзэхъумэ органхэм, къегъэлакIуэ IэнатIэ­хэм я унафэщIхэм я пащ-хьэ къыщыщыпсалъэм рес­публикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ лей зытехьа, хэкIуэда щымыIэми, щытыкIэ гугъу зэрызэ­теувар. Бахъсэн псыр ину къызэриуам къыхэкIыу А-158 федеральнэ авто­мобиль гъуэгур щIыпIэ 12-м щыгуилъэсыкIащ, лъэмыжу плIы трихащ, электро­къару зрикIуэ пкъохэр къигъэуащ. Иджыпсту электричествэ яIэкъым Терскол, Байдаевэ, Тегенекли жылагъуэхэм, газ зрикIуэ бжьамийм зэраныгъэ игъуэтащ. Абы къы­хэкIыу газыр зэкIэ иратыркъым. А щIыпIэм иджы­псту щолажьэ Пра­вительствэм къы­зэрымыкIуэ щы­тыкIэ­-хэр къэ­мыгъэ­хъу­нымрэ абы и лъэужьхэр гъэ­зэкIуэжы­нымкIэ, мафIэсым и шы­нагъуэ къэмыгъэ­хъу­нымкIэ и комиссэ.

Иджыпсту Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэху цIыху миниплIым щIигъум. Абыхэм ящыщу ежьэжхэр гузэ­вэгъуэ хэмыхуэн папщIэ зы­хуэфащэ Iуэхухэр зэфIагъэкI. Транспортыр щызе­мыкIуэ щIыпIэхэм ахэр лъэ­су зэпраш. Хуей хъумэ къагъэсэбэпыну хьэзыру щы­тщ вертолёту плIы.

Зыхуэфащэ IэнатIэхэм хуа­гъэуващ медицинэм и IуэхущIапIэхэр, еджапIэхэр тэмэму ягъэлэжьэну, псым­рэ ерыскъыпхъэхэмрэ кърашэлIэну, электрокъарур зри­кIуэ линэхэр икIэ­щIы­пIэкIэ зэфIагъэувэжыну.

КIуэкIуэ Юрий яжриIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэ-хэр гъэзэ­кIуэ­жы­ным пыщIа ­псори я щхьэм хуэсакъы­жыну. «Абы и лъэныкъуэкIэ дэ дигу къэдгъэкIыжын Iуэху мыщхьэ­мы­пэхэр щы­Iэщ», - къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэм и уна­фэщIым.

КIуэкIуэ Ю. А. зэIущIэм хэтахэм я пщэ ирилъхьащ цIыхухэм сыт и лъэны­къуэкIи ядэIэпыкъуну, гузэ­вэгъуэхэм защыхъу­мэным­кIэ хабзэхэр гурагъэIуэну, ­Iуащхьэмахуэ районым и администрацэм, Iуэхум егъэ­щIылIа ми­нистер­ст­вэ­хэмрэ ведомст­вэхэмрэ цIыху­­хэр пIэщIэ­гъуэкIэ здэ­псалъэ ­хъуну телефонхэр ягъэнэ­Iуэну, гидрологие щы­­тыкIэм я нэIэ трагъэтыну.

Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Ар­уан, Май, Шэрэдж, Тэрч, Прохладнэ районхэм псы-хэр къыщиунымкIэ шына­гъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу ­КъБР-м и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэмкIэ ба­дзэуэгъуэм и 5-м щегъэ­жьауэ республикэм и щIыналъэ псом къызэрымы-кIуэ щы­тыкIэм и хабзэ щагъэуващ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.