КЪАЛЭР ЩЭНХАБЗЭ ДАУЭДАПЩЭХЭМКIЭ ГЪЭНЩIАТ

«Щэнхабзэм и щэбэт» Урысейпсо Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым екIуу щрагъэкIуэкIащ.

ФокIадэм и 11-м ди республикэм дауэдапщэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхэтащ: Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ усэ къеджащ, экскурсиехэр, цIыхубэ-художественнэ хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр ящIащ.

Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрикъум и щIыхькIэ Налшык щыIэ утыкум «Бжьыхьэ макъамэхэр» фIэщыгъэм щIэт нэгузыужь концерт Музыкэ театрым и артист пажэхэм къыщызэрагъэпэщат. Я уэрэд, макъамэ дахэхэмкIэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ куэдым фIыуэ ялъэгъуа артистхэм.

«Сосрыкъуэ» зыгъэпсэхупIэм деж декоративнэ-прикладной гъуазджэмрэ лъэпкъ хьэпшыпхэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэу къыщызэрагъэпэщар гъэщIэгъуэн хъуат. ЦIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ IуэхущIапIэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм еплъыну IэмалыфI яIащ абы кърихьэлIахэм.

ЦIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Урыс Аслъэн жиIащ мыпхуэдэ жармыкIэ ящIыну куэд щIауэ мурад зэраIэр. Иджырейр «Визит Кавказ» компанием и фIыгъэкIэ зрагъэхъулIэфащ. А IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэм зэрыжаIамкIэ, ди щIыналъэм къеблагъэхэм Кавказ Ищхъэрэр фIы и лъэныкъуэкIэ ирагъэцIыхун, абы драгъэхьэхын папщIэ яхузэфIэкI къагъанэркъым.

«Сосрыкъуэ» шхапIэм деж тхьэмахуэм нэблэгъауэ щекIуэкI жармыкIэм цIыхухэр яфIэфIу къокIуалIэ, щощахуэ. Нэхъыбэу щIэупщIэ яIэщ республикэм и дамыгъэр зытет хьэпшып цIыкIуфэкIухэм.

- Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Шурдым Заур малъхъэдисым кIэрыгъэубыдауэ ищIа сурэт цIыкIухэр, Тхьэзэплъыж Руслан и IэдакъэщIэкIхэр, Чомаевэ Иринэ упщIэм къыхищIыкIа хьэпшыпхэр. Ди IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм адыгэ кхъуей зралъхьэ ашык цIыкIухэр, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн нэгъуэщI куэди ящI. ФIыщIэ ин хуэсщIыну сыхуейщ «Визит Кавказ» IуэхущIапIэм, абыхэм и фIыгъэкIэ ди лэжьыгъэр нэхъыбэм ялъагъуну Iэмал дгъуэтащ, - жиIащ Урысым.

КъБР-м и Лъэпкъ музейм къэпсэлъэныгъэ купщIафIэхэр щрагъэкIуэкIащ, абы кърихьэлIахэр «Бжьыхьэ 20.21» выставкэм ирагъэплъащ. Музейм и пэшхэм сурэт, графикэ, скульптурэ, керамикэм, пхъэм, къамылым, упщIэм къыхэщIыкIа хьэпшып гъэщIэгъуэн куэдым ущрихьэлIэрт.

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм «ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр» и фIэщыгъэу къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэм цIыхухэр ирагъэблэгъащ. Абы утыку къыщрахьащ классикэ школым и сурэтыщI нэхъ Iэзэу къалъытэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Плотников Василий (1928 - 2020 гъ.), КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Кочергин Владимир (1940 - 2018 гъ.), сурэтыщI Iэзэ Наседкин Игорь (1935 - 2014 гъ.) сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.

КъищынэмыщIауэ, сыхьэт 11:00-м, #культурнаясуббота# #культурадляшкольников# хэштэгхэм щIэту, социальнэ сетхэм эфир занщIэхэр щащIри, Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэкIэ усэхэм къеджащ.

Апхуэдэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм «Лъэпкъ усыгъэхэмкIэ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ хуэкIуэн» Iуэху дахэ щызэхэтащ. Библиотекэм социальнэ сетхэм щиIэ напэкIуэцIхэм эфир занщIэкIэ къыщыпсэлъащ ди республикэм ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Ахэр къеджащ урыс, адыгэ, балъкъэр, ингуш, ермэлы, абазэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIа усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм.

Мы Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэхэм, къалэ округхэм я щэнхабзэ IуэхущIапIэ псори.

Дауэдапщэхэр Роспотребнадзорым игъэува хабзэхэм тету екIуэкIащ.
ЩОМАХУЭ Залинэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.06.2023 - 12:25

ШХЭКIЭМИ МАРДЭ ИIЭЩ

«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэ­хьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ.

05.06.2023 - 09:25

САБИЙХЭМ ЯХУЭПЩI ГУЛЪЫТЭР КЪЭКIУЭНУМ И ГЪУАЗЭЩ

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» респуб­ликэ социально-реабилитацэ центрым щы­Iащ.

05.06.2023 - 09:24

ГЪУЭГУМ И ПЛЪЫРХЭР

«Шэрхъ шынагъуэншэ» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр иджыблагъэ екIуэкIащ.

05.06.2023 - 09:24

ЯЛЪАГЪУМКIЭ АРЭЗЫУЭ, ЯФIЭГЪЭЩIЭГЪУЭНУ

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIы­кIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэр

04.06.2023 - 17:01

ЛЪЭПКЪХЭР ЗЭРЫЗЭМЫЩХЬЫРЩ ЗЭКЪУЭЗЫГЪЭУВЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и студентхэм лъэпкъ хабзэхэр щагъэлъэгъуащ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIа «Диалог культур» фестивалым.