«СПАРТАК-НАЛШЫКЫМ» ПАШЭР КЪЫЗЭТРЕГЪЭУВЫIЭ

Футбол Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и ебгъуанэ джэгугъуэм хиубыдэу «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъат зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм пашэныгъэр щызыIыгъ Ростов областым хыхьэ Песчанокопскэ къалэм и «Чайка»-р. ФокIадэм и 12-м екIуэкIа зэIущIэм ди щIалэхэм къыкIэлъыкIуэ ехъулIэныгъэр къахуихьащ.
 
 ИпэкIэ зэхэта джэгугъуэм и зэIущIэм текIуэныгъэр къыщызыхьа налшыкдэсхэм зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIадзащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ джэгур хьэщIэхэм я лъэныкъуэмкIэ ягъэIэпхъуат. Мыгувэу ди щIалэхэм я къыкIэлъыкIуэ ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIауэ гъуэм хуэкIуэ Бажэ Амир хабзэм емызэгъыу ираудащ – пенальти! Ар лей къызытехьам езым Iэзэу игъэзэщIащ икIи «Спартак-Налшыкыр» япэ иригъэщащ – 1:0.
 ПсынщIэу къызэIуаха бжыгъэм нэхъри жыджэрагъ къыхэзылъхьа хэгъэрейхэм я тепщэныгъэр щIагъэбыдащ. АрщхьэкIэ, япэ щыуагъэм къахурикIуар къызыгурыIуа «Чайка»-м и футболистхэр щтэIэщтаблэт. Налшыкдэсхэми, япэ зэрищар псыхэкIуадэ ямыщIын папщIэ, закъуэтIакъуэрэт я гъуащхьэр IэщIыб щащIыр. 
 ЗэпэщIэтыныгъэм и етIуанэ Iыхьэр япэм къызэрыщхьэщыкI щымыIэу командэхэм щIадзэжащ. Зэныкъуэкъуныгъэр кIащхьэ хъуат: «Спартак-Налшыкым» зыкъригъэбыдэкIри, текIуэныгъэр къыхуэзыхь бжыгъэр ихъумащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ налшыкдэсхэм ягу трагъэзэгъащ хьилагъэ къыкIэлъызэрахьэурэ (пенальтитI зэкIэлъхьэужьу я гъуэм къыщрагъэуа щыIэу) нэхъапэм къыттрагъакIуэу щыта «Чайка»-мрэ 20II гъэм ди пашэу премьер-лигэм дыкъыхагъэкIа, иджы я тренер нэхъыщхьэ Ташуев Сергейрэ хагъащIэри абыхэм зэхьэзэхуэм бжьыпэр щыфIагъэкIуэдащ. 
 Пашэныгъэр иубыдащ Волгоград икIа «Ротор-2»-м ерагъкIэ ефIэкIа Дон Iус Ростов и СКА-м. Ар ерыщу хущIокъу гъэ къакIуэ япэ дивизионым хыхьэну. 
 «Спартак-Налшыкым» къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр фокIадэм и 18-м Дагъыстэным щригъэкIуэкIынущ. Абы ди щIалэхэр щаIущIэнущ зэхьэзэхуэм щыпашэхэм ящыщ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м.                                 
Жыласэ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.