10 сентября, 2021 - 05:59
Хъыбар гуапэ
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ полицэм и полковник Мамхэгъ Назир министерствэм СледствиемкIэ и управленэм и следователь, юстицэм и подполковник Къардэн Ильяс фэтэрыщIэм и IункIыбзэр иритащ.
ЦIыхуиплI хъу Къардэн Ильяс и унагъуэр КъБР-м щыIэ МВД-м псэупIэр егъэфIэкIуэнымкIэ и учетым щытщ 2002 гъэм и мэкъуауэгъуэ лъандэрэ. Министерствэм и псэупIэ-псэукIэхэмкIэ и комиссэ нэхъыщхьэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ абы Налшык къалэ и Московскэ урамым тет унэщIэм пэшитI хъу фэтэр къыщратыну.
Мамхэгъ Назир фэтэрыщIэм и IункIыбзэр Къардэн Ильяс щыIэщIилъхьэм, псэупIэ къызэрыратамкIэ, узыншагъэ быдэ, насыпрэ унагъуэ зэIузэпэщыгъэрэ иIэну ехъуэхъуащ.
УАРДЭ Жантинэ.