КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэбэт кIуам щрагъэкIуэкIащ «Терроризмэм ебэнынымкIэ граждан жылагъуэм я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр» фIэщыгъэм щIэт «стIол хъурей».
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий фокIадэм и 3-р Терроризмэм пэщIэтыным щызэкъуэувэным и махуэу, апхуэдэуи Беслъэн къыщыхъуа гузэвэгъуэм и фэеплъ, гъунэгъу республикэм щадэщыгъуэ махуэу зэрыщытыр къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ.
Бердым и гугъу ищIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къалэ къыщыхъуауэ щыта Iуэху нэщхъеягъуэми.
- ИджыкIэ ди къэралым терроризмэр нэхъ щыужьыхащ. Ауэ терроризмэм псэ быдэ зэрыIутыр, дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм зэрызыдригъэкIур зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы зэгъусэу фIэкIа дыпэлъэщынукъым, дыпэщIэтынри и къежьапIэм къыщыщIэддзапхъэщ. Нобэрей зэIущIэм фи Iуэху еплъыкIэ къыщывгъэлъэгъуэну, хэкIыпIэу флъагъухэмкIэ фыкъыддэгуэшэну сыхуейщ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
КъБР-м и министр Къуэшрокъуэ Залым адэкIэ псалъэ иратащ.
- «Терроризмэм пэщIэтыным щызэкъуэувэным и махуэ» фIэщыгъэм псалъэ нэхъыщхьэу хэтыр «щызэкъуэувэным» жыхуиIэр аращ. Дызэкъуэмытмэ, зыри къызэрыдэмыхъулIэнур псоми дощIэ. Акъылэгъу зэдэхъу цIыхухэр дызэгъусэмэщ, мурад къалэн зэдай диIэмэщ а ехъулIэныгъэ щызыIэрыдгъэхьэфынур. Апхуэдэуи граждан жылагъуэ институтхэм я дэIэпыкъуныгъэ хэмыту хъунукъым, дауи, Iуэхум.
Къуэшрокъуэм жиIащ терроризмэр дунейм цIыхуу тетым я зэхуэдэ гузэвэгъуэ зэрыхъуар. Абы къигъэлъэгъуащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Сирием, Иракым къыщекIуэкIхэм хуэдэу, Кавказ Ищхъэрэми мурад бзаджэхэр гъащIэм щыхапщэну яужь зэритар.
Къызэхуэсахэр Къуэшрокъуэм къыхуриджащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэу террористхэм яIэщIэкIуэдахэр зыщамыгъэгъупщэну.
- Ди зэкъуэтыныгъэм ди къарур ехъумэ, егъэбагъуэ. Терроризмэм ехьэлIа гукъеуэ щыIэщ, абы и Iэужьхэр нобэми долъагъу. Къремыхъуж апхуэдэ нэщхъеягъуэ, - жиIащ министрым.
КъБР-м и прокурор Мырзэ Алим зэдэлэжьэныгъэм и мыхьэнэр зэрыиным тепсэлъыхьри, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ республикэм къыщымыгъэхъуным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ КъБР-м зэрыщызэфIахыр жиIащ. Абы къигъэлъэгъуащ нэгъабэ елъытауэ мы гъэм терроризмэ щIэпхъаджагъэу республикэм щащIар куэдкIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар.
- Ауэ щыхъукIи, кIуэ пэт-ми террористхэр нэхъ къызэгъэпэща, зэхъуэкIыныгъэхэм хуэхьэзыр мэхъу. Абыхэм ерыщу Интернетыр къагъэсэбэп, а Iэмалырщ и нэхъыбапIэм цIыхухэр зэрызыхашэри.
Властым и IэнатIэхэм, хабзэхъумэ органхэмрэ жылагъуэмрэ я къалэнщ терроризмэм пэщIэтынымкIэ я къару илъ псори ящIэну, - жиIащ абы.
КъБР-м бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм зегъэужьынымкIэ и фондым и унафэщI Къазий Михаил жиIащ абы и гъэсэнхэм ящыщ куэд террористхэм зэраIэщIэкIуэдар, зыбжанэми я цIэ къриIуащ. Спорт IуэхущIапIэхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм и мыхьэнэр зэрылъагэр жиIащ абы. «Спортыр террорым и бийщ» фIэщыгъэм щIэт проектым, ар зэрырагъажьэрэ яхузэфIэкIам тепсэлъыхьащ.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм егъэщIылIа щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэт Мэкъуауэ Алинэ ныбжьыщIэхэм ядэлэжьэным и мыхьэнэр зэрылъагэм, а лэжьыгъэр ухуэсакъыу ебгъэкIуэкIын зэрыхуейм теухуауэ щытащ и къэпсэлъэныгъэр.
- Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу сэ къызолъытэ щIалэгъуалэм зыхашэ Iуэхум фIыуэ зэрыхамыщIыкIыр, апхуэдэуи хъуэпсапIэ пыухыкIахэр яIэу, абы хуэкIуэу щIэблэр къызэрымытэджыр.
Сэ сызэреплъымкIэ, щIалэгъуалэр гъащIэм хэзэгъэнымкIэ ядэIэпыкъу, гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъу институтхэр къызэгъэпэщын, зэрадэлажьэ щIыкIэхэмрэ Iэмалхэмрэ хъуэжын хуейщ. Зэпсэлъэныгъэхэмрэ «стIол хъурейхэмрэ» блэкIа зэманым и Iэмалщ, щIалэгъуалэм я дежкIэ нэхъыщхьэр къызыхуигъэщIар яубзыхунырщ, щхьэж и гъуэгу къигъуэтыжынырщ. Зи гугъу сщIы IэмалыщIэхэм лэ-жьэн щIадзэмэ, щIалэгъуалэр терроризмэм тхущыхъумэну къысщохъу, - жиIащ Мэкъуауэм.
КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор гъащIэр кIуэ пэтми нэхъ псынщIэ зэрыхъум, зэманым зыужьыныгъэ зэригъуэтам къыхэкIыу, щIалэгъуалэм нэхъ пасэу куэд къазэрыгурыIуэм тепсэлъыхьащ.
- Шэч хэмылъу министрхэр псоми зырызу епсэлъэфынукъым, абы къыхэкIыу граждан жылагъуэ институтхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэр лэжьэн хуейщ. ИкIи мэлажьэ! - жиIащ КIурашыным.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр гъуэгу захуэм трамышын папщIэ, жылагъуэм я зэдай лъапIэныгъэ щыIэн зэрыхуейм, щIалэгъуалэм хущIыхьэгъуэу зэман куэдыIуэ зэраIэм. ИкIи зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ террориз-мэм къыхуезыджэхэм япэщIэт IуэхущIапIэхэр, IэнатIэхэр нэхъыбэ зэрыщIыпхъэр.
- Ди республикэм щыпсэу дэтхэнэм дежкIи мы псалъэмакъым и мыхьэнэр лъагэщ, ар унагъуэ, цIыху къэс лъэIэсынкIэ шынагъуэ Iуэхущ. Гъэсэныгъэм и мыхьэнэр сыт зэмани лъагэу щытащ, ноби ар кIащхъэ хъу хъунукъым. Сэ сызэреплъымкIэ, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм иIэ щхьэхуэныгъэхэмкIэ лэжьэну комитет дыхуейщ, - жиIащ Берд Хьэзрэталий зэIущIэм и кIэухыу.
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.