КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэтIысхьахэмрэ.
Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэ куэд яжриIащ КIуэкIуэ Казбек. Япэ классым щIэтIысхьэ цIыкIухэм защыхуигъазэм, абы къыхигъэщащ ЩIэныгъэхэм я махуэр абыхэм я дежкIэ дуней щIэщыгъуэм хэзышэну гъуэгум и къежьапIэу зэрыщытыр икIи абдеж щегъэжьауэ абыхэм гъащIэм къащыхуэщхьэпэн гъэщIэгъуэн куэд къызэращIэнури жиIащ. Апхуэдэу КIуэкIуэм фIыщIэ яхуищIащ къыхаха IэщIагъэм хуэпэжу я къалэн гугъур жэуаплыныгъэ зыхащIэу зыгъэзащIэ егъэджакIуэхэми.
ЩIэныгъэхэм я махуэм хуэгъэпса псалъэ гуапэхэр КъБР-м и Iэтащхьэм щитхащ и Инстаграм напэкIуэцIми. «ПщIэ зыхуэсщI, Къэбэдей-Балъкъэрым и цIыхухэ! ШколакIуэхэ, студентхэ, егъэджакIуэхэ, адэ-анэхэ! Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ, гъэ еджэгъуэщIэр зэрывублэжымкIэ, - итщ а зыхуэгъэзэныгъэм. - ФокIадэм и 1-р дэтхэнэ егъэджакIуэми гъэсакIуэми я дежкIэ зыпэрыт IэнатIэм и гъунэщIэр щрилъ, зыхуэзэша и гъэсэнхэм щаIущIэж гуфIэгъуэ махуэщ. ШколакIуэхэмрэ студентхэмрэ ядежкIэ а махуэр мэхъу щIэныгъэщIэхэр зэгъэгъуэты-ным, ныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, къэкIуэну гъащIэ хьэлэмэтым икIи купщIафIэм я щIэдзапIэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зи гъащIэр епха дэтхэнэми сохъуэхъу лъэхъэнэщIэр Iуэху гъэщIэгъуэн куэдкIэ гъэнщIауэ ефхьэкIыну, щIэныгъэщIэхэм я дунейм фыхэзышэ нобэрей махуэр угъурлы дыдэ псоми тхуэхъуну».
А махуэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ ин щекIуэкIащ Май щIыналъэми. Абы хыхьэ Ново-Ивановскэ жылэм фокIадэм и 1-м къыщызэIуахащ Козуб Шурэ и цIэр зезыхьэ лицей №7-м и унэщIэр. Ухуэныгъэр зэфIагъэкIащ «Кавказ Ищхъэ-рэ федеральнэ щIыналъэм зегъэужьын» къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Гек- киев Заур, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, Май районым и администрацэм и Iэтащхьэ Саенкэ Татьянэ, УФ-м и Лъэпкъ гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Трушин Алексей, щIыналъэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къуажэдэсхэр.
КъБР-м и Парламентым и депутатхэм къабгъэдэкIыу Егоровэ Татьянэ махуэшхуэмкIэ гуапэу ехъуэхъуащ къызэхуэса псоми.
- ФокIадэм и 1-р гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей махуэщ куэдым я дежкIэ. Ар идопх щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным ехьэлIа IэмалыщIэхэм, творческэ бгъэдыхьэкIэщIэхэм, ехъулIэныгъэщIэхэм дыхуэзышэ Iуэху зехьэкIэщIэхэм. А псори зэпхыжар къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ етыныращи, егъэджакIуэхэми, школакIуэхэми, адэ-анэхэми фи гугъапIэхэр нахуапIэ хъуну сынывохъуэхъу, - къихигъэщащ Егоровэм. - Ново-Ивановскэ жылэм щыпсэухэм я дежкIэ нобэрей гуфIэгъуэр тIуащIэщ: ЩIэныгъэхэм я махуэм япэу и бжэхэр къызэIуех сабий 440-рэ щеджэным хуэщIа школыщIэм. Ар еджапIэ дахэщ жыпIэныр мащIэ дыдэщ - школыщIэр къызэгъэпэщащ зыхуей-зыхуэфI псомкIи, абы Iэмал псори иIэщ щIэблэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтынымкIэ.
КъБР-м и Парламентым и пресс- IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Егоровэр гуапэу ехъуэхъуащ школыщIэм и егъэджакIуэхэми, щеджэну цIыкIухэми, абыхэм я адэ-анэхэми. Гулъытэншэ ищIакъым КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэри икIи къыхигъэбелджылыкIащ щIыпIэм, республикэм щыпсэу дэтхэнэми зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэр къэралыгъуэр нэхъри зыгъэбыдэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр.
Парламентым и пашэм жиIа псалъэхэм къыдыщIагъуу, гуфIэгъуэ зэхуэ-сым кърихьэлIахэм гуапэу ехъуэхъуащ Геккиев Заур, Саенкэ Татьянэ, нэгъуэщIхэри. ШколыщIэм и бжэр къызэIуахыу, абы ищIа лентI плъыжьыр зэпаупщIащ хьэщIэ лъапIэхэм. ЕджапIэр зыухуа «АССО» фирмэм и унафэщI Настаев АлисулътIан лицеищIэм и пашэ Хив- рич Еленэ тыгъэ хуищIащ унэщIэм и IункIыбзэIухыр.
ГуфIэгъуэм хэтахэм школыщIэм зыщрагъэплъыхьащ, фэеплъ сурэтхэ-ри зытрагъэхащ.
Махуэшхуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэми, абыхэм епха колледжхэми. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэр-дей-Балъкъэр къэрал университе-тым фокIадэм и махуэшхуэхэм, ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я илъэсым ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Иджырей урысей щIэныгъэр» лекцэ зэIухахэр. КъБКъУ-ми абы и къудамэ псо-ми щекIуэкIащ лекцэ купщIафIэ зэмылIэужьыгъуэу 23-рэ. Абыхэм къеджащ университетым и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр. «Иджырей щIэныгъэм зэрызиужьыр», «Жылагъуэмрэ щIэныгъэмрэ», «ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» темэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуат лекцэхэр. Студентхэм хьэлэ-мэт куэд яжезыIахэм ящыщщ химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэшыр Светланэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и щIэныгъэ унафэщI Грусман Владимир, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым грантхэмкIэ и къудамэм и инженер Тумэ Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри. ФокIадэ мазэм къриубыдэу апхуэдэ лэжьыгъэхэм пащэнущ.
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым къыщызэрагъэпэща апхуэдэ гуфIэгъуэм зыкърахьэ- лIащ абы щылажьэ IэщIагъэлIхэмрэ щеджэ студентхэмрэ нэмыщI, абыхэм я адэ-анэхэми. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIэкIащ КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн. Ар къызэхуэсахэм гуапэу ехъуэхъуащ ЩIэныгъэ-хэм, КъБР-м и Къэралыгъуэм я махуэмкIэ.
- Нобэ, ЩIэныгъэхэм я махуэм, студентрэ школакIуэу минищэ бжыгъэ- хэм яублэжащ лъэхъэнэщIэр. Си гум къыбгъэдэкIыу захузогъазэ егъэджэныгъэм хыхьэжахэми, еджапIэхэм я бжэхэр япэу къызэIузыхахэми. Дэтхэнэм и дежкIи нобэрей махуэр ирехъу ехъулIэныгъэщIэхэм, щIэныгъэщIэхэм укъыхуезыджэ уэздыгъэ нэху, къахущIрекI ар лъагапIэщIэхэм хуэзышэ гъуэгу бгъуфIэ, - жиIащ Апажэм. - Ди мэкъумэш университетым щеджэхэм, абы и езанэ курсым къыщIэтIысхьа щIалэгъуалэм сохъуэхъу къыхаха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зрагъэгъуэтыну, студент илъэсхэр щызу, Iуэхугъуэ купщIафIэхэмкIэ икIи хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIауэ ирахьэкIыну. Университетым и егъэджакIуэхэм ялъэкI псори ящIэнущ, фэ щIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтын папщIэ. Абы щхьэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къызэгъэпэщащ зыхуэныкъуэ псом- кIи: техникэ лъэщхэмкIи, технологие пэрытхэмкIи, IэщIагъэлI IэзэхэмкIи. Студентхэм IэмалыфIхэр яIэщ зрагъэгъуэт теорие щIэныгъэр практикэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэбыдэжыну. Апхуэдэхэм я бжыгъэр 200-м нызэрохьэс. КъинэмыщIауэ, еджэным къыщыдэхуэ зэманым ди студентхэр жыджэру хэтщ университетым, республикэм и жылагъуэ гъащIэм. Ди щIалэгъуалэм ящыщ куэд дахьэх спортым, гъуазджэм, щэнхабзэм.
Ректорым зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш университетыр лэжьыгъэкIэ япыщIащ ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ, къапщтэмэ, Абхъазым, Азербайджаным, Белоруссием, Словакием, Корее Ипщэм, Швейцарием я мэкъумэш университетхэр, институтхэр.
Университетым и езанэ курсым и студентхэм зыщрагъэплъыхьащ еджапIэм и унэхэм. Абыхэм папщIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ концертышхуэр куэдым ягу ирихьащ. Зэхуэсым и кIэу-хыу абы хэтахэм зытрагъэхащ фэеплъ сурэтхэр.
Апхуэдэу гукъинэу, Iэтауэ, атIэми «Роспотребнадзор»-м къигъэув санитар-эпидемиологие хабзэхэм тету, ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ къалэхэм, къуажэхэм дэт курыт школ псоми. Ахэр ягъэдэхащ еджакIуэхэм къызэрагъэпэща концертхэм.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.