Парламентым нэхъыфIхэр щагъэлъапIэ

КъБР-м и Къэралыгъуэмрэ республикэм и къалащхьэм и махуэмрэ и пэ къихуэу, шыщхьэуIум и 31-м рес­публикэм и Парламентым щагъэлъэ­-пIащ щIыналъэм и хабзэу­бзыху органым, парламентаризмэм, щэнхабзэм, узын­шагъэр хъумэным, егъэ­джэныгъэм, социальнэ политикэм, экономикэм, щIыуэпсыр хъу­мэным, жылагъуэ гъащIэм, нэ­гъуэщI унэ­тIыныгъэхэм я зыу­жьы­ныгъэм хэлъ­хьэныгъэфI хуэзыщIа, къыхаха Iэ­щIа­гъэм хуэпэж лэжьа­кIуэ пажэхэр.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэм ирагъэблэгъа IэщIагъэлI нэхъыфIхэм, зи IэнатIэм зэфIэкI щызиIэ лэжьакIуэхэм республикэм и Къэралыгъуэм и ма­хуэш­хуэмкIэ ехъуэхъуащ, узыншагъэ, гуфIэгъуэ, ехъулIэныгъэ яIэу дяпэкIи илъэс куэдкIэ я IэнатIэр ирахьэкIыну зэри­гуапэр жиIащ икIи ­КъБР-м и Парламен­тым и щIыхь тхылъ­хэмрэ удз гъэгъахэмрэ зыхуа­гъэфэщахэм яритыжащ.
ЯгъэлъэпIахэм ящыщщ КъБР-м и ­хабзэубзыху органым, парламентаризмэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI­хэр хуэзыщIхэу Прытков Михаилрэ ХьэIупщы Арсенрэ. Апхуэдэу Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и Унафэ­щIым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэ­фэщащ Га­заев Мысхьуд, УФ-м пар­ламен­та­риз­мэм зыщегъэужьыным хэлъ­хьэ­ны­гъэфI зэрыхуищIымрэ республикэм ­закон къыдэзыгъэкI и органыр зэрыригъэфIакIуэмрэ папщIэ.
КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иратащ узыншагъэр хъумэ­ным­кIэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIхэу Иуан Маринэ, Кумыщ Анзор, Тогузае­вэ Залинэ, Къуэдзокъуэ Каринэ, Бикбулатовэ Алия, Бэрсэдж Татьянэ, ­Къулътырбей Мурат сымэ, нэгъуэщI­хэми. Егъэджэныгъэм къыхэ­жаны­кIауэ ягъэлъэпIахэм ящыщщ Езауэ Мадинэ, Хъуэст ФатIимэ. Со­циаль­нэ политикэ, экономикэ унэ­тIыныгъэм егугъуу щыла­жьэу къагъэлъэгъуахэщ Уэркъ Алим, Ашэбо­къуэ ­Джульеттэ, Умар Ритэ, Тонконог Аннэ, Тхьэбысым Ас­кэр сымэ. ЦIыхум и ­хуитыныгъэр хъумэным теухуа унэтIыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэфIхэр хуэ­зыщI­хэм ящыщу я цIэ къраIуащ КIуэ­кIуэ Заретэ, Ткаченкэ Ольгэ, Ирыгу Мухьэрбэч сымэ.
Зэхыхьэ гуапэр иуха нэужь абы хэтахэм КъБР-м и Парламентым и бжэ­Iупэм деж зэгъусэу сурэтхэр щызытрагъэхащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ