ЕхъулIэныгъэхэр яIэу

Урысейм и Суд пристав­хэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI - КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Бауаев Ахъмэт иригъэкIуэкIа пресс-конференцым щытеп­сэ­лъы­хьащ 2021 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм къри­кIуахэм.
Зэлэжьыпхъэхэр дэф­тэр 836256-рэ хъурт, дэтхэнэ суд приставми ику иту 6016-рэ къылъысу. ЩIыхуэ зы­телъхэр хабзэм тету цIыхуи 180-рэ уголовнэ жэуапым ирашэлIащ - 2662-рэ административнэм. Урысей Федерацэм икIыну хуит ямыщI­хэр 50752-рэ, рулым дэ­тIыс­хьэныр зыпаубыдхэр 1110-рэ мэхъу, щIыхуэ зытелъ ­1463-м я мылъкур къатхьэкъуащ.
Нэхъ мащIэ хъуащ дызэлэжьэпхъэ уголовнэ дэф­тэрхэр (259079-рэ), абы къыдэкIуэу и кIэм нагъэсащ е зэфIагъэкIащ 320497-рэ. Псори зэхэту едгъэпшынащ сом мелард 1,7-рэ, бюджет зэмылIэужьыгъуэхэм псоми зэхэту сом мелуан 731-м щIигъу хуедгъэхьащ,- жиIащ Бауаев Ахъмэт.
АдэкIэ къыхигъэщащ зыми емыупщIу щхьэзыфIэ­-фIу ящIа ухуэныгъэхэр ихы­жыным, абыкIэ хуитыныгъэ ямыIэу хэщIапIэхэр зыIыгъ­хэр а унэхэм къыщIэгъэ­Iэп­хъукIыным ехьэлIа лэжьыгъэр зэрырагъэкIуэкIыр. Иджы­кIэ апхуэдэ Iуэхуи 167-рэ зэфIагъэкIащ.
Гъуэгум зэрыщызекIуэ ­хабзэхэр къызэпызыудхэм ехьэ­лIауэ къащта унафэхэр гъэзэщIа зэрыхъур къап­щы­тэн мурадкIэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ «Республикэ шынагъуэншэ» къэрал IуэхущIапIэмрэ ящIыгъуу Налшык къалэ къыдыхьэпIэхэм рейдхэр щрагъэкIуэкI. Абы кърикIуэу ГИБДД-м и IэнатIэхэм я унафэкIэ бюджетым кIуащ сом мелуан 83-рэ.
Хуит ямыщI хьэпшып 3443-рэ судхэм щIахьэну ­къахутащ, административнэ хабзэр 561-рэ къызэпаудауэ къыщIагъэщри ятхащ.
- Управленэм а лэжьыгъэр ирегъэкIуэкI коллектор IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр хабзэншагъэкIэ къатегуп­лIэ­ным цIыхухэр щыхъумэ­ным ехьэлIауэ. ЦIыхуи 10-м зыкъытхуагъэзат апхуэдэ IуэхукIи, дыхэплъэри судым едгъэхьащ микрофинанс компанием административнэ хабзэр къызэрызэпиудам теухуа протоколыр, - жиIащ Бауаев Ахъмэт.
Управленэм хабзэм тету къигъэсэбэп Iэмалхэм къы­зэрагъэпэщ щIыхуэр егъэп­шыныныр, налогыр, къуэ­дыхэр, бэджэнду къащтэм пэкIуэхэр, нэгъуэщIу бюд­жет зэхуэмыдэхэм кIуапхъэм хэгъэхъуэныр.
КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэм къызэрыхигъэщащи, IуэхущIапIэм и гу­-пым и мурадщ къэрал властым и органхэм ящIы­гъуу лэжьэну, суд актхэм, ­нэгъуэщI органхэмрэ къу­лыкъущIэхэмрэ я актхэм къы­щыгъэлъэгъуахэр нэ­щIысауэ зэфIэхынымкIэ зыхуеину Iэмал псори къагъэсэбэпыну.

УАРДЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж