АНТАРЕС ВАГЪУЭМ И НЭХУР

Егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным теухуа къэралпсо проектхэм япкъ иткIэ, ди республикэми щокIуэкI сабий зэчиифIэхэр наIуэ къэщIыным, абыхэм хэхахуэ ядэлэжьэным хуэгъэпса Iуэхугъуэ куэд. Зи лэжьыгъэр абы хуэунэтIа IуэхущIапIэхэм ящыщщ Налшык дэт «Антарес» егъэджэныгъэ центрыр.
Скорпион вагъуэбэм хэт вагъуэхэм я нэхъ нур дыдэм и цIэр зыфIаща IуэхущIапIэм зы илъэсым къриубыдэу ныбжьыщIэ 500-м щадолажьэ. Апхуэдэ егъэджэныгъэ центру ди къэралым итыр пщIы къудейщ, ди республикэм щылажьэри яхэту.
«ЩIэныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт», нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи сабийхэм зыщрагъэужь «Антарес»-м. Иджыблагъэ абы щекIуэкIащ математикэ унэтIыныгъэмкIэ зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ сабийхэм я еджэныгъэхэр. НэхъапэIуэкIэ, илъэс кIуам дыгъэгъазэм и кIэухым, абы щыIащ физикэм, биологием, химием дахьэх ныбжьыщIэ 250-м нэс.
Иджырей лэжьыгъэм къызэщIиубыдащ курыт школхэм я 6-8-нэ классхэр 2021 гъэм къэзыуха ныбжьыщIэхэр. Сабий зэчиифIэу 400 хэту яубла, зэпеуэ мардэм иту къызэрагъэпэща лэжьыгъэр программэ хэхахэм тету екIуэкIащ. Олимпиадэм и япэ, етIуанэ теуэгъуэхэр зэфIэкIа нэужь, наIуэ къэхъуащ математикэмкIэ щIэныгъэфI зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэ нэхъыфIхэр. Ахэр псори зэхэту 80 хъурт, республикэм и курыт школ 40-м къикIауэ. Абыхэм тхьэмахуитIым нэскIэ ядэлэжьащ ди республикэм и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщ куэд. Сыхьэт 84-рэ къызэщIэзыубыда егъэджэныгъэхэм хыхьэу сабийхэм ящIыжыфащ математикэ задачэ гугъухэр, хэтащ олимпиадэу 2-м. КъинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэм ягъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэ яIэу пхагъэкIащ проект лэжьыгъэу 10-м щIигъу.
Математикэ щIэныгъэм дихьэх сабийхэм зэрадэлажьэ программэр къызыхуэтыншэу зэхэгъэувэнымкIэ «Антарес»-м и IэщIагъэлIхэм сэбэп къахуэхъуащ Математикэр джынымкIэ Кавказ центрыр, Адыгэ Республикэм и Естественнэ-математикэ школыр.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.