ТЭРЧ ПЩАФIЭХЭМ Я ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭР

Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед и инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым къыщытхутопсэлъыхь Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызыубгъуа бгыщхьэ фестивалым Джылахъстэней лъэныкъуэм икIа пщафIэхэм щагъэува рекордым.
«Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 щрикъуну махуэм ирихьэлIэу, Iуащхьэмахуэ лъапэ деж, метр 2080-м нэблагъэ лъагапIэм щызэхэта фестивалым екIурэ ещхьу хэтащ Джылахъстэнейм и лIыкIуэхэри, - етх Тэрч администрацэм и унафэщIым. - Республикэм щыщ адрей щIыналъэхэм ещхьу, джылахъстэней лIыкIуэхэми зыхуей хуэзауэ ягъэщIэрэщIат адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI псэукIэ хьэлымрэ хабзэмрэ, и зэфIэкIымрэ и гъуазджэмрэ зытеплъагъукI лъапсэр.
ЕрыскъыхэкIхэм я зэпеуэм Тэрч икIа пщафIэхэм щагъэлъэгъуащ джылахъстэней лъэныкъуэр зэрыцIэрыIуэ шхыныгъуитI: хьэлыуэрэ цIыртI зыщIэлъ къаз гъэварэ.
«Хугу хьэжыгъэмрэ тхъу гъэвэжамрэ гугъуехьышхуэ пылъу къыхащIыкI хьэлыуэр гулъытэ хэха хуащIу ижь-ижьыж лъандэрэ яхъумэ джылахъстэнейм щыщ бзылъхугъэ нэхъыжьхэм, - етх адэкIэ Дадэ МуIэед. – Лъэпкъым къыдекIуэкI ерыскъыхэкIхэм хуэIэзэ, ХьэпцIей джылахъстэней къуажэжьым щыщ бзылъхугъэ IэкIуэлъакIуэхэм хьэлыуэр зэращIыр Iуащхьэмахуэ лъапэ къеблэгъа хьэщIэхэм я нэгу щIагъэкIащ. Дыгъэпсыр зытеджэгукI, зи мэм узыIэпишэ, къэуатышхуэ зыщIэлъ, зи дахагъыр зи IэфIагъым къыкIэрымыху, килограмми 147-рэ зи хьэлъагъ хьэлыуэ тхъуэплъыр пщафIэхэм траубат метр 1, 5-рэ зи бгъуагъ Iэнэм. Зэхьэзэхуэр иуха нэужь, хьэлыуэ хуабэр Iуащхьэмахуэ лъапэ къеблэгъахэм Iуагъэхуащ».
ЕтIуанэрей шхыныгъуэу бзылъхугъэ IэкIуэлъакIуэхэм утыку ирахьащ «хьэлIамэ цIыртI зыщIэлъ къазыр». Зы шыуаным къаз тIощI щагъавэри, килограмми 103-рэ зи хьэлъагъ хьэлIамэ цIыртI дащIыгъужащ. Мы етIуанэ дунейпсо рекордыр, уеблэмэ, Гиннес и тхылъым иратхэну загъэхьэзыр.
Дадэ МуIэед фIыщIэшхуэ яхуещI Тэрч щIыналъэм и&nb пщIэ я къару емыблэжу фестивалым щызыIэтахэм.

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.