КъБР-м и Къэрал лъэпкъ библиотекэм, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэм, къикIуа гъуэгуанэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ди республикэм и тхыдэм, абы щыпсэухэм я щэнхабзэм, еджэныгъэм, щIэныгъэм, зи цIэр лъэпкъ тхыдэм къыхэна къэрал, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэшхуэхэм, тхакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэщIагъэлIхэм. Дапщэщи къызэрекIуэкIщи, библиотекэхэр сыт хуэдэ зэмани къызэзыгъэпэщу щытар лъэпкъ узэщIакIуэу, хэкупсэу, псапэ щIэнымкIэ гу къабзэрэ псэ хьэлэлу щыта цIыхухэращ. Апхуэдэущ къызэрыщекIуэкIар ди щIыналъэми. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхылъхэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди щIыпIэм япэ библиотекэхэр къыщыунэхуар ХIХ лIэщIыгъуэращ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм абыхэм заужьащ икIи, Жэпуэгъуэ Революцэ Иныр къэхъуу ди щIыналъэм совет властыр щагъэува нэужь, а щэнхабзэ унэтIыныгъэм нэхъри зиужьу хуежьащ.
Налшык жылэм 1920 - 1921 гъэхэм къыщызэIуахащ цIыхубэ библиотекэ зыбжанэ. Абыхэм цIыху куэд екIуалIэрт, ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ къызыхэкIамрэ емылъытауэ. ЦIыхубэм я гупсысэм зезыгъэузэщI, ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, я дуней еплъыкIэм зезыгъэужь апхуэдэ IуэхущIапIэхэм зэфIих лэжьыгъэхэмкIэ а зэманым къахэбелджылыкIырт 1921 гъэм и щIышылэм и кум Налшык къыщызэIуахауэ ЦIыхубэ библиотекэ нэхъыщхьэ №1-нэкIэ зэджэу щытар, нобэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ, КъБР-м и Къэрал лъэпкъ библиотекэр. Абы щыгъуэ библиотекэр щытащ цIыхубэм политикэ зэхэщIыкI егъэгъуэтынымкIэ тегъэщIапIэ лъэщу, щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным и джэлэс нэхъыщхьэу, бгырыс лъэпкъ мащIэхэм урысыбзэр зрагъэщIэнымкIэ сэбэпышхуэ хъу IэнатIэу. Апхуэдэу библиотекэм и лэжьакIуэ-узэщIакIуэхэр, хэкупсэ нэсхэр, хущIэкъурт ди щIыналъэм щыпсэухэр абы и тхыдэм щыгъуазэ хуэщIыным.
БлэкIа илъэси 100-м къриубыдэу лъэпкъ библиотекэм мызэ-мытIэу ихъуэжащ и фIэщыгъэр. Лъэпкъ библиотекэм зиужьынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуауэ щытащ Крупская Надеждэ. Ар къалъытэри, 1937 гъэм а IуэхущIапIэм фIащащ Крупскэм и цIэр. КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм ищIа унафэм ипкъ иткIэ, 1992 гъэм библиотекэм и фIэщыгъэр ихъуэжащ. Ар хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал лъэпкъ библиотекэ. Абы щызэфIах лэжьыгъэ псоми я нэхъыщхьэ хъуащ КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэныр, ар егъэфIэкIуэныр. 2007 гъэм библиотекэм и цIэр аргуэру яхъуэжащ. КъБР-м и Президентым къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, абы фIащащ къызэралъхурэ илъэс 90 абы щыгъуэ ирикъуауэ щыта къэрал, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм, ди республикэм и зыужьыныгъэм, абы и къэралыгъуэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа цIыху щэджащэм и цIэр.
Библиотекэм и япэ унафэщIу щытащ а лъэхъэнэм абы щекIуэкIа лэжьыгъэ псоми зи гуащIэшхуэ хэлъа Ларинэ Аннэ Григорий и пхъур. ПщIэ хуащIу, ар хахауэ щытащ РСФСР-м и Библиотекэ лэжьакIуэхэм я езанэ съездым и делегату. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм къриубыдэу библиотекэр хъуащ ди республикэм и тхылъ хъумапIэ нэхъ ин дыдэ, апхуэдэуи методикэ икIи библиографие центр нэхъыщхьэ. Библиотекэм и IэщIагъэлIхэм гулъытэшхуэ хуащIу хуежьащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, ди республикэ дахэм щыпсэу лъэпкъ псоми яку зэгурыIуэныгъэрэ ныбжьэгъугъэрэ дэлъу щытынми елIалIэу. А илъэсхэм библиотекэм и унафэщIу щытащ УФ-м, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шумахуэ Аннэ Сыхьэт и пхъур. А бзылъхугъэ щыпкъэр илъэс 35-м нэскIэ хьэлэлу пэрытащ а къулыкъум. Ди къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIа 90 гъэхэм библиотекэм и унафэщIу щытащ Чэлимэт Хьэбас Талъустэн и къуэр. Абыи лъэкI къигъэнакъым лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщщ тхылъ хъумапIэр иригъэфIэкIуэнымкIэ. Лъэхъэнэр гугъуу щытами, Хьэбас куэд хузэфIэкIащ. 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ библиотекэм и унафэщIщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, къэрал лэжьакIуэ икIи дипломат цIэрыIуэ, ИнформатизацэмкIэ дунейпсо академиеу ООН-м и нэIэм щIэту лажьэм и академик, профессор Емуз Анатолэ Гъузер и къуэр.
Республикэм и къэралыгъуэм зиужьыху, нэхъри ефIэкIуащ библиотекэм и Iуэхури. Абы мызэ-мытIэу ихъуэжащ зыщIэс унэри. КъыщызэIуахагъащIэ 1921 гъэм и щIымахуэм ар зы къату зэтет унэ цIыкIум щIэхуэрт. Абы тхылъу щIэлъыр зэрыхъур 400 къудейт, щIэджыкIакIуэу къекIуалIэри 360-м щIигъуу арат. Зызыужь, ефIакIуэ Областной библиотекэм 1934 гъэм къратауэ щытащ къатитIу зэтет унэшхуэ. Библиотекэм иIэ хъуат ущеджэ хъу пэшышхуэ, справочно-библиографие къудамэ щхьэхуэ. Хэку зауэшхуэм и пэщIэдзэм библиотекэм и тхылъ фондыр экземпляр мини 115-рэ хъурт, абы екIуалIэ щIэджыкIакIуэхэм я бжыгъэми хэхъуат хэпщIыкIыу: ахэр цIыху мин 11-м щIигъурт. 1960 гъэм библиотекэр иджы зыщIэс унэм Iэпхъуащ. Абы щекIуэкIыу хуежьащ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, социологие, библиотекэ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр 1968 гъэм абы еджэ хъуащ щIэныгъэ библиотекэкIэ. А зэманыращ библиотекэм къыгуащIыхьауэ щыта унэр зрихьэлIэр. Абы къыщызэIуахауэ щытащ IуэхущIапIэм и къудамэщIэхэр, секторыщIэхэр.
И фIэщыгъэр ихъуэжами, нэгъуэщI хэщIапIэхэм Iэпхъуами, и унафэр цIыху зыбжанэм яIэщIэлъами, къэхъуакъым ар щепцIыжа япэ махуэм къыщыщIэдзауэ зыхуигъэувыжауэ щыта и мурад нэхъыщхьэхэм – жылагъуэм щIэныгъэм и нэхур яхуэхьыным, тхылъ еджэным и мыхьэнэр нэхъри Iэтыным, къекIуалIэ и щIэджыкIакIуэхэм яхуэпэжыным. Емузыр зи пашэ библиотекэм нобэ щахъумэ тхылъ, дэфтэрхэм я бжыгъэр мелуанитIым щIегъу, ди республикэм и тхыдэ блэкIам щыгъуазэ уахуэзыщIыф куэди яхэлъу. Библиотекэм и къудамэ 20-рэ сектори 6-рэ я щIэджыкIакIуэ минхэм ядолажьэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIи 150-м нэс.
Ди республикэм и унафэщIхэм дапщэщи гулъытэ хэха хуащI щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэм халъытэ лъэпкъ библиотекэм. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ди хэкуми щылажьэ щэнхабзэ-узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ центрхэм я нэхъыфIхэм, нэхъ лъэщхэм ящыщ IуэхущIапIэм нэхъри зеужь, лъагапIэщIэхэр, ехъулIэныгъэщIэхэр и плъапIэу.