КхъуейплъыжькIэрыщIэм и пщIэм хохъуэ

«Дунейм къытехьа сабийм адыгэхэм хуащIэ, хуалэжьым хуэдиз хуэзыщIэу хабзэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэкъым!», - щитхащ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэхэр» тхы­лъым. Апхуэдэу щытми, зэманымзэ­рызи­хъуэжам и нэщэнэу, кхъуейп­лъыжькIэрыщIэм гулъытэ нэхъ ­хуамыщIыж хъуащ. Аращ ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыддекIуэкI кхъуейплъы­жь­кIэрыщIэм нобэ псэщIэ хэ­зылъхьэж, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI джэгуа­кIуэ, журналист Джэдгъэф Беслъэн зыщIыхуэдгъэзам и щхьэусыгъуэри.
- Сабий къэхъуам цIэ фIаща нэужь къыкIэлъыкIуэ нэгу­зыужь дахэу щыта кхъуейп­лъыжькIэрыщIэр Iэпэ­дэгъэлэл ящIа ди хабзэ дахэхэм зэ­ращыщым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым хы­хьэ къалэхэмрэ къуа­жэ­хэмрэ къадэ­кIуэу, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэми щIэупщIэ щызиIа мы ­хабзэр илъэсиплI хъуауэ къы­зэрыб­гъэщIэрэщIэжым ды­щыгъуа­зэщ, Беслъэн. Лъэпкъ хабзэм гу­лъы­тэ хуэпщIыныр сыт къы­зы­хэкIар?
- Адыгэ хабзэм ехьэлIа дауэдапщэ зэмылIэужьыгъуэхэр къы­зызогъэпэщ, ди лъэпкъ щэнхабзэр зи лъабжьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ хузиIэу. Нэхъ мащIэрэ ирагъэ­кIуэкI хъууэ IэщIыб ящIу хуежьа Iуэхугъуэхэм ящыщ кхъуейплъы­жь­кIэ­рыщIэр къэдгъэщIэ­рэ­щIэ­жыну зэри­чэзум сыхуигъэушащ апхуэдиз да­хагъэ зыхэлъ хабзэр цIыхубэм яIэ­щIэ­хужынкIэ зэ­рышы­нагъуэм. Абы щыгъуэми а Iуэхугъуэм зэманым декIуу зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн зэ­ры­хуейри къэслъытащ.
А хабзэм ехьэлIа видео куэд нобэ къэмысами, япэм ар зэры­рагъэ­кIуэ­кIыу щытам теухуа нэ-тын гуэрхэри къэз­гъуэтыжащ. Кхъуейп­лъыжь­кIэры­щIэм ехьэ­лIауэ тхыдэм, архив дэфтэрхэм къыхэна тхыгъэхэм ящыщу ­сы­зэ­джахэр, нэхъыжьхэм я чэнджэщ­хэр къысхуэщхьэпащ. Иужь­кIэ цIыхухэм а пасэрей ­хабзэм хуаIэ хъуа еплъыкIэхэр си тегъэщIапIэу ди зэманым екIу нэтынхэр згъэхьэзыращ.
Зи гугъу тщIы дауэдапщэр ди ­зэманым къызэбгъэпэщыну гу­гъут, сыту жыпIэмэ пкъохэр уна­гъуэ псоми я пщIантIэм щыпхуэгъэувыртэкъым. Аращ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сыб­гъэ­дыхьэу Iуэ­хум псэщIэ хэслъхьэну ­мурад щIэсщIар. Дезыгъэблэгъа уна­гъуэм нэхъ пасэу докIуэри гъущIым къыхэщIыкIа Iэмэпсымэ хьэзырыр щыдогъэув, си ныб­жьэгъухэр си дэ­Iэпыкъуэгъуу. Дауэдапщэ нэужьым ар зэпкъры­дохыжри, машинэм къыдогъэувэж. Нэхъ тыншу Iуэхур къы­зэ­ры­зэзгъэпэщыным иужь ситщ.
- Беслъэн, кхъуейплъыжь­кIэ­ры­щIэр пасэм зэращIу щыта щIыкIэмрэ иджыреймрэ зэхъуэ­кIыныгъэхэр хы­болъагъуэ. Абы­хэм я гугъу къытхуэщIыт.
- ЯпэщIыкIэ кърихьэлIахэр хызогъэгъуазэ кхъуейплъыжь­- кIэ­ры­щIэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэ ­дахэм. Пасэм ­кхъуейплъыжь­­кIэрыщIэ дауэдапщэр пщIын папщIэ ухуейт - чийм телъу бы­дэу ягъэгъуа кхъуей ­хъурей, дагъэ фIы­уэ зыщIэзыфа кIапсэшхуэ. Арат унэм я тхьэмадэм фэм е щIэпым къыхэщIы-кIа кIапсэшхуэр дагъэ «иригъэ­фэну» щIыхилъхьэр, кхъуейп­лъыжь­­кIэрыщIэм зыщыхуагъэ­хьэ­зыркIэ. Гуащэми жьэгу чий дапхъэм щигъэгъуну трилъхьэрт матэкхъуей ­кугъуанэ. Унагъуэм ис адрейхэми зэ­хуахьэсырт шхуэ, ­нахъутэ, щIопщ,­ ­лъахъэ, щIопщыпс, чысэ, бэлътоку, хэдыкI, цIы­кIуфэкIу Iэджи. А псори щIа­гъэхьэзырыр унагъуэм щIалэ цIыкIу къихъуэмэ кхъуейп­лъыжь­пы­лъэ ирыхуащIыну арат. Уна­гъуэм исхэм къуажэм зыхагъэ­Iуащэртэкъым хэхъуэ зэраIэнумкIэ, ауэ «дадэ кIапсэр дагъэм зэ­рыхилъхьар» ябзыщIыртэкъым, ар псоми къагурыIуэрт. Зи щхьэм дыкъуакъуэ иIэ пкъо лъэщитI щIым быдэу хатIэрт, лъэбакъуитху-хы я зэхуакуу. Пкъохэм я лъагагъри абы нэхърэ нэхъ мащIэн хуейтэкъым. ПкъоуитIым я щхьэм зы бгыкъу лъэщи къытрагъэбыдыхьыжырти, дагъэ защIэ фэ кIапсэр и кум къыщрадзыхырт, и кIапэр бгыкъум иращIэрт (пхъэшыкум ишауэ). Абдеж ­кхъуей плъыжьыр кIэращIэрт. Бгыкъум хьэпшып цIыкIуфэкIухэри пащIэрт, палъхьэрт. Ап­хуэдэу абы кIэращIэрт унагъуэм я ­Iыхь­лы хъыджэбзхэу, хэхъуэ зэраIэнур ­зэ­хэ­зыхахэм ягъэхьэзыра хэдыкI­хэр, дэнлъэчхэр, фокIэщI Iэмэп­сымэхэр, нэгъуэщIхэр. Я IэщIагъэм щыщ кърагъэхьырт нэхъ Iэ­пэIэсэ цIэрыIуэу ­къуажэм дэс ­дэтхэнэ хъыджэбзми. Абыхэм ящыщ щIалэхэм къыпаха нэужь ахэр зыщIам щIэупщIэрт, абы фIыщIэ хуащIырт, и цIэр ираIуэрт, яфIэгъэщIэгъуэну ягъэ­хъыба­рыжырт. Ар къыпихыфыну къару къызыкъуэкIа щIалэмрэ цIыкIуфэкIур зыщIа хъыджэбзымрэ гухэлъ абдеж щызэ­хуащIи Iэ­джэрэ къэхъурт. Ауэ хъы­джэбзым щIалэр игу иримыхьамэ ­зыкъ­ригъащIэртэкъым. Апхуэ­дэ къы­щы­хъукIэ, щIалэм езым игу ирихь пщащэм кхъуейп­лъыжь­кIэрыщIэм къы­фIихамкIэ хуэупсэну хуитыныгъэ иIэт. А Iуэхум уна­гъуэ къэзыгъэхъу, лъэпкъыр зэ­пызыщIэ мыхьэнэи иIэу щытащ.
Пасэрей щIыкIэм хуэдэу нобэ Iуэхур къытхузэгъэпэщыркъым. Зэма­ным зэ­рызихъуэжам и нэ­щэнэу, сезыгъэблагъэ унагъуэхэм я гъунэгъу хъы­джэбз цIыкIухэми щэкI кIапэхэр яIыгъыу иджы ­къекIуэкIыркъым, ауэ а хабзэм хэлъ дахагъэм и гугъу яхузощI, и мыхьэнэр къагурызогъаIуэ. Ди лъэпкъ хабзэм и фIагъым цIыхухэр зэрыдедгъэхьэхынум ­теухуа Iэмалхэр къыдогъэсэбэп. Езы хабзэм и фIэ­щыгъэр, и мыхьэнэр яIэщIэгъупщы­кIыжауэ, спорт и лъэныкъуэкIэ абы хэлъ гупсысэм нэхъ щытрагъащIи нобэ урохьэлIэ.
КъыжыIапхъэщ, зэманым елъытауэ, иджы кIапсэм кIэращIэхэми ­хуабжьу зэрызихъуэжар, цIы­хухъу джанэ, гуащэ, телефон, нэгъуэщI иджырей хьэпшыпхэм ­къадэкIуэу Iуэхум егъэлеиныгъэ хамылъхьэу пIэрэ жыуагъэIэу - дыщэ Iэлъын, фэтэр, машинэ жыпIэми саугъэт лъапIэхэр зыгъэхьэзырхэри мащIэкъым. Сом мелуаным нэблагъэ, абы фIыуэ ­щIигъу зи уасэ тыгъэхэр фIэзы­дзэхэри щыIэщ. Тыгъэ лъапIэхэр зэрыфIалъхьэфым языныкъуэ­хэм зэрызрагъэщIагъуэм цIыхур а Iуэхум пыIуе­гъэкIуэт, хабзэм щIэупщIэри игъэмащIэу. НэхъапэIуэкIэ а Iуэхур къызэзыгъэпэ-щахэм цIыхухэр а гупсысэм хуа­гъэкIуащи, иджы къысхуте­шыжыркъым. Къыхэзгъэщынут, мылъку зэ­пеуэ мыхъуу, ар лъэп­къым и хабзэм пщIэ щыхуэп­щIын, щIэблэр щыбгъэгушхуэн зэхыхьэ дахэу, Iуэхугъуэ щхьэпэу зэры­щы­тыр. Нэхъыщхьэр лъэпкъым хуэфащэ гупсысэ а хабзэм игъуэ­тыжынырщ. Тыгъэ лъапIэхэр з­ы­Iэрыгъэхьэныр нэхъыщхьэу къамылъытэу, зэпеуэ Iыхьэм нэхъ дегъэхьэхын, а хабзэ дахэр япэ ­зэ­рырагъэщыным хущIэкъун гуп­сы­сэм цIыхухэр хуэмурэ тешэн хуейщ. Абы къыхэжаныкIхэм я ­цIэ-унэцIэхэр дя­пэкIэ Интернетым къислъхьэурэ згъэгушхуэнущ.
- КхъуейплъыжькIэрыщIэр па­сэм щащIу щытар сабийр дунейм къы­щытехьа япэ махуи­щырт. Иджы ди нэгу щIокI илъэс бжыгъэ пыухыкIа ири­къуа цIыкIухэми а дауэдапщэр къы­зэ­ры­хузэрагъэпэщыр.
- Пасэм псом ящхьэу къалъытэр ­сабий цIынэр къэгъэхъунырт, ар бзаджэнаджэхэм, узхэм, ажалым щы­хъумэнырт. Абы щхьэкIэ къы­зэрагъэ­пэщырт тхьэлъэIухэр, Iэзагъэ пыухыкIа зыпыщIа Iуэху­гъуэхэр. Апхуэдэщ кхъуейп­лъыжь­кIэрыщIэри. Зи ныбжьыр илъэсибл ирикъу я щIалэм ­кхъуейп­лъыжькIэрыщIэ щы­хуэт­щIаи щыIэщ, нэхъ пасэу апхуэдэ Iэмал зэ­рамыIам къыхэкIыу.
Шынагъуэншагъэм гулъытэ хэха ­хузощI. Бгырыпххэр тIурытIу, кIапсэр зэрынэми, къепхьэхыу зэ­рыпхыжыфын хуэдэу, цIыхур ­къехуэх хъуми и ныбэр зэпи­къузыкIыну сощI. Сабийхэм къе­мы­гугъуэкIыну кIапсэр щызэт­хъуэкIи щыIэщ. Я ныбжь елъытауэ IыхьитI-щыуэ гуэшауэ къы­зы­догъэ­пэщ. Згъэув Iэмэпсымэр зэры­мы­лъахъшэрщ шынагъуэншагъэм апхуэдизу щIытезгъащIэр. Iуэхум нэхъ хуэ­Iэижь ухъуху нэхъри ухуэсакъыу уб­гъэдохьэ.
- Дауэдапщэм къекIуэлIахэм ящыщу кIапсэм дэпщеину хэт зезып­щы­тыр?
- Дагъэ егъэфа кIапсэм зе­зыпщытыр зэрыдэкIуеин хуейр Iэпщэ за-щIэщ, и лъакъуэхэр кIап­сэм лъигъэ­Iэсыну хуиттэкъым. И щхьэм нэсмэ, псом нэхъапэ ­кхъуейм едзэкъэн ­хуейщ, итIанэщ адрейхэм еIэбыну щыхуитыр. Бгыкъум зыгуэр къыпы­зы­хыфым пщIэшхуэ къелэжь. Хуиту кIэ­ры­щIауэ кхъуей джэрэзыр жьэкIэ ­къэбубыду уедзэкъэнри Iуэху псынщIэ цIыкIутэкъым - ар мы­вэм хуэдэу быдэт. Бгыкъум кIэ­рыщIахэм уакIэ­лъыIэбэн папщIэ лъакъуэхэр къы­хэмыхьэу Iэ лъэ­ныкъуэмкIэ зыпIыгъын хуейт. ЦIы­кIу­фэкIухэр зэры­кIэ­рыщIар Iуданэ пэтми, абыхэм ящыщ гуэрым кIэлъыIэбэу къыпызыхыфыр зы­рызыххэт, и ныкъуэр ищхьэм нэ­мысыфу къещэтэхыжырт. Ап-щIондэху дыхьэшхымрэ гушы­Iэмрэ зыкъа­Iэтырт, пщащэ гупым зи къэшэн яхэту кIапсэм къещэтэхыжарат мыгъуэр зи мы­гъуар, абы и щхьэ къыхуэIэты­жыртэкъым. Ауэ бгыкъум зыгуэр къы­пызыхыфар зэуэ цIэрыIуэ ­хъурт, псоми зэлъащIысырт, пщIэш­хуэ къилэжьырт. ЗыкIэ, езым саугъэт хъар­зынэ къы­лъысырт, етIуанэу, фIыуэ илъагъу пщащэм и щхьэр ину иригъэлъагъужырт, къэшэн иджыри имы­Iэмэ, лъэкIыныгъэшхуэ игъуэ-тырт ­къуажэ хъыджэбзхэми, хъы­джэбз ­хьэ­щIэхэми яхэдэну.
КIахэхэм (шапсыгъхэм) кхъуей­п­лъыжь­кIэрыщIэ щащIкIэ хатIэр зы пкъоушхуэт. Ар цIафтэу упсауэ дагъи щыхуэжауэ щытщ. Пкъом и щхьэм ­матэ траукIэти, из ящIт IэфIыгъэкIэ, цIыкIуфэкIукIэ. Мы пкъом дэпщеи-фыр хуитт Iэ лъэ­ныкъуэмкIэ зиIыгъыурэ матэм ­дапщэрэ иIэбэнуми, ауэ ари Iуэху тынштэкъым.
ГуфIэгъуэм къекIуэлIахэм са­щыхэп­лъэкIэ къызгурыIуэ хъуащ абыхэм я къарум къихьынур. Я зэфIэкIыр зыхуэдэр къызощIэ. КIапсэм кIэрыс­щIэ­хэр я ныбжь елъытауэ зэщ­хьэ­щыкIыу сиIэщи, а къекIуэлIа щIалэ­гъуалэм, ныбжьыщIэхэм я къарум теу­хуауэ ­согъэхьэзыр.
Илъэси 3-4 ныбжьым ит са­бийхэм дадэIэпыкъуурэ щыдэ­кIуей щыIэщ. Илъэс 60-м ити и зэфIэкI щеплъыж урохьэлIэ. Ику иту къапщтэмэ, абы хэтыну зы­хуэфащэу къэслъытэр илъэс ­16-м щыщIэдзауэ илъэс 25-рэ хъу щIалэхэрщ, ауэ тIэкIу нэхъы­жьыIуэхэри нэхъ цIыкIухэри Iуэ­хум щытегушхуэ урохьэлIэ.
Саугъэт бжыгъэр 7 нэхърэ нэхъ мащIэ ямыщIыну къыхузоджэ. Къапщтэмэ, Iуэхум хэта псори текIуауэ ­къыдолъытэ, ауэ иужь­рейуэ кхъуейр къыфIэзыхам саугъэт нэхъыщхьэр ­лъосри, ар хэIэтыкIауэ догъэпажэ, ауэ къы­хэжаныкI дэтхэнэми я цIэ идоIуэ. Япэ ищахэр тыгъэ нэхъ лъапIэхэр къыфIэхыным дезгъэхьэхыркъым. Iуэхум и кIэ дыдэм нэмы­сауэ хэт сыт къихьами мыгуры­Iуэгъуэу ­къы­зы­зогъэпэщ. Уна­гъуэм зэгъусэу и кIэм сурэт зыт-рагъэхауэ къахуэнэн, япэ ищу пкъом дэкIуеяхэр емы­жьэ­жын щхьэкIэщ апхуэдэу щIэсщIыр.
ЩIалэгъуалэм нэмыщI, пасэми ­кхъуейплъыжькIэрыщIэм хы­хьэрт ­лIы­хэри. Ауэ абыхэм кIапсэм иракуртэкъым, атIэ бгыкъум IуданэкIэ кIэ­рыщIа пкъыгъуэхэм ящыщ фочкIэ е фокIэщIкIэ къыпаудыну хэтт. Абы щыгъуэми зэуэну хуитыр Iуданэ зэры­пы­щIарт, езы хьэпшыпым техуэмэ, еуам тезыр къытехуэжырт. Ари хабзэм екIурт, фоч уэ макъымрэ гыным-рэ бзаджэнаджэр игъащтэу къалъытэрти. ЛIыжьхэри щыхыхьэ къэхъурт, тIэкIу гужан къэхъумэ, я щIалэгъуэр ягу къагъэкIыжыну ­хуеймэ.
- КхъуейплъыжькIэрыщIэм ­хэ­хъуэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щхьэу­сыгъуэхэми ехьэлIауэ ­урохьэлIэ. Иджыри сыт хуэдэ Iуэхугъуэм ехьэ­лIауэ къызэра­гъэ­пэщрэ ар? Нобэ абы иIэ щIэупщIэм и гугъу къытхуэщIыт.
- Унагъуэхэм цIыху къахэхъуар ща­гъэ­лъапIэкIэ, къалэхэмрэ ­къуа­ж­э­хэмрэ я махуэшхуэхэм ад­ми­нистрацэ­хэм, къалэдэсхэм, ­къуа­жэдэсхэм иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, лъэпкъ фащэм, адыгэм и щыгъуэ-щIэж ­махуэм нэмыщI, Iуэхур зэрекIуэкIым хэлъ дахагъэ къудейм папщIэ де­зы­гъэб­лагъэхэри щыIэщ.
ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэ­дым кхъуейплъыжькIэрыщIэр щез­­гъэкIуэ­кIащ, IуэхугъуитI-щы зэуэ къыщызэдгъэпэщ къэхъуу. Зы лъэныкъуэмкIэ спорт зэпеуэ щIэщыгъуэхэр, нэгъуэ­щIыпIэкIэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я к­он­церт щекIуэкIыу. Хабзэм щыщ Iыхьэм щIэупщIэ, гулъытэ нэхъыбэ къыщыхуамыщI зэи къэ­хъуа­къым. Адрей IуэхугъуэмкIэ я гум нэхъ зэрызигъэнщIар нэры­лъагъуу, цIыхухэм а ­дауэдапщэр нэхъ зэрафIэгъэщIэ­гъуэныр, зэ­ры­дихьэхыр гуапэщ.
Пандемием и пэ къихуэу кхъуейп­лъыжькIэрыщIэм щIэуп­щIэшхуэ игъуэ­тат, ауэ иджыпсту къекIуэкI уз зэ­рыцIалэм и зэран-кIэ мы хабзэм щIэупщIэр тIэкIу ­нэхъ мащIэ хъуащ. Узыр нэхъ ящхьэщыкIуэтмэ, цIыхубэм я гуфIэгъуэр нэхъ Iэтауэ зэрыдахы-ным хущIэкъунущ.
Пасэм кхъуейплъыжькIэрыщIэр щащI щыIэт хьэщIэ лъапIэ къахуэкIуэми. Апхуэдэхэм деж нэхъыбэу зэпеуэрт ­ шы гъэджэгункIэ, шыр жьэрыутIыпщу здэжэм бэлътоку, ахъшэ жьгъей къэщ­тэнымкIэ (гъуэгум телъу), щIакIуэ кIапэкIэ мастэ къэщтэнкIэ, къарукIэ, IэмалкIэ..
- КхъуейплъыжькIэрыщIэм щIы­гъуу тхьэлъэIури къызэвгъэпэщрэ?
- Кхъуейплъыжьпылъэр дэнэ деж щемыкIуэкIами а кIэрыщIэ закъуэмкIэ зэфIэкIыртэкъым. Иджыри а тхьэ­лъэIум Iэнэ къы­хуащтэ, нэхъыжьхэр ягъэхъуа­хъуэ. Нэхъапэм хъыджэбзхэм щхьэ­кIэ хъыринэ иращIэрт, щIалэхэр нэщанэ еуэрт, щIалэ нэхъыжьхэр, лIыхэр пхъэджащэ дзынкIи зэпеуэт, мыви ядзырт. (Пхъэджащэр цIафтэу упса пкъоушхуэщ, я Iэхэр зэрадзэрти я Iэ-гум кIапэ лъэныкъуэр иту жы­жьагъкIэ ядзырт), хьэблэ-хьэб­лэкIэ чыбжьэ зэпекъухэрт. Куэдрэ къэхъурт нэхъ зылъэкIхэм кIап­сэ­рыкIуи кърагъэблагъэу, пелуанхэр щызэрагъэбэну, мыщэ е нэ­гъуэщI хьэкIэк­хъуэкIэ гъэса къыщагъафэу (къыщагъэлъагъуэу).
Пхъэидзэ дощI, тхыдэм дытопсэлъыхь, макъамэ щIыгъуу джэгу ­къафэхэр къызыдогъэпэщ. ГуфIэ­гъуэр щекIуэкI унагъуэм, цIыху къе­кIуэлIам теухуауэ программэм зэхъуэ­кIыныгъэ гуэрхэри щы­хэтлъ­хьэ щыIэщ, ауэ нэхъыбэм и пкъыр зыуэ къонэж.
- Гъэм и зэманхэр къапщтэмэ, щIымахуэм а дауэдапщэр къы­зэбгъэпэ­щыну нэхъ гугъуу къы­щIэкIынщ…
- ЩIымахуэм, дауи, нэхъ мащIэ мэхъу а хабзэм къыщIэупщIэр, ауэ гъэм и адрей лъэхъэнэхэм зэпы­мыууэ къы­зыдогъэпэщ. Пасэм сабийр щIымахуэу къалъхуамэ, кхъуейп­лъыжь­кIэрыщIэр щIы-бым щыпщIыфынутэкъым, унэ кIуэцIым мыхъэр щагъахъэу, ­джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагупсысурэ щIэпщакIуэм хуэ­дэу, ипэ зэманым нысэ цIыкIур трагъэурт. Мыри жэщищ махуищкIэ зэпагъэуртэкъым, Iэуэлъауэмрэ даущымрэ а пIалъэм нысэмрэ сабиймрэ ящхьэщытт.
- Гъунэгъу республикэхэми ­мы Iуэхум щIэупщIэ зэрыщиIэр ­гуапэщ.
- Ди республикэм и районхэм я мызакъуэу, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэхэми срагъэблэгъащ. Къи­щынэмыщIауэ, Тыркум я Адыгэ Ха­сэхэми Интернет, жып телефон IэмалхэмкIэ ­зыкъыспащIэурэ къызэ­чэн­джэ­щащ я фестивалхэм кхъуейп­лъы­жь­кIэрыщIэр щызгъэлъэгъуа зэ­ры­хъунум теухуауэ. ПыухыкIауэ зэкIэ дызэгурымыIуами, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми а­ ­хабзэм зэрыщы­щIэуп­щIэр гуапэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.