ЯщIахэр къапщытэж, мурадыщIэхэр яубзыху

ЩIэныгъэхэмкIэ Дуней-псо Адыгэ Академием и зи чэзу зэхуэсыр шыщхьэуIум и ­20-м щекIуэкIащ Налшык ­ дэт «Синдика» хьэщIэщым. Абы кърихьэлIат ЩIДАА-м хэтхэр. НэгъуэщI республикэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщу зэIущIэм къэмыкIуэфахэм ви­део­­конференц IэмалымкIэ зыпащIащ.
Зэхуэсыр теухуауэ щы-тащ ЩIДАА-м 2019 - 2021 гъэ­хэм зэ­фIигъэкIахэр зэхэлъ­хьэ­жыным, дяпэкIэ зэлэжьынухэр убзыхуным.
ЗэIущIэр видеозэпыщIэ­ныгъэ Iэмалым тету иригъэ­кIуэкIащ ЩIДАА-м и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ, дуней псом зыщызыубгъуа узыфэ зэрыцIалэм и зэран-кIэ хуиту дызэхуэзэу мы зэ­хыхьэр едгъэкIуэкIыну Iэмал диIэкъым. Апхуэдэу щытми, фщыщ дэтхэнэри слъагъуну си гуапэщ икIи мы зэIущIэр зытеухуа Iуэхухэр тэмэму зэрызэпкърытхыфынум, пщэ­рылъ зыщытщIыж къалэнхэр зэрызэдгъэхъулIэфынум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ ­Къанокъуэ Арсен зэIущIэр къыщызэIуихым. - Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди иужьрей зэхуэсым и ужькIэ, дунейм ехыжахэщ дызэрыгушхуэхэу, ­ЩIДАА-м и академикхэу Бэчыжь Лейла, Темыр Умар, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Щоджэн Аслъэнбэч, Дзыбэ Жантемыр, Хъущт Юрэ, Къад Татьянэ, Шенкао Мухьэмэд сымэ. Абыхэм мыкIуэдыжын лъэужь къагъэнащ икIи я IуэжьыфIхэр ди лъэпкъым, ­ ди къэралым зэрахуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым. А цIыху щэджащэхэр дэ тщыгъуп­щэнкъым.
Ди иужьрей зэIущIэм лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзыни тху­зэфIэкIащ, абыхэм нэхъ зэпкъ­рыхауэ тепсэлъыхьынщ щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсэу Сэфарбий. Сэ сыкъытеувыIэну сыхуейт накъыгъэ мазэм ­УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм ди уставым дагъуэ гуэрхэр къызэрыхуищIам икIи ахэр дгъэзэкIуэжу нобэ унафэ тетщIыхьыпхъэщ. КъимыдэкIэ, Академиер хуэны­къуэщ ди лэжьыгъэм жы­джэру хэтынухэм, лъэпкъ Iуэхухэр ипэкIэ зыгъэкIуэ­тэ­фынухэм икIи апхуэдэхэр абы къыхэгъэхьэнми дегуп­сысыну къытпэщытщи, абы­хэми дыкъытеувыIэнщ.
Къанокъуэ Арсен и къэп­сэлъэныгъэм иужькIэ, ­ЩIДАА-м 2019 - 2021 гъэхэм зригъэхъулIэфахэм, къалэн зыщищIыжауэ щытахэм ящыщу зэкIэ зыхунэмысу ­къэнахэм теухуауэ къэпсэ­лъащ щIэныгъэ секретарь ­нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсэу Сэфарбий. Ар адыгэхэм я щIэ­ныгъэ зэгухьэныгъэ нэхъыщ­хьэм и лэжьыгъам купщIа-фIэу тепсэлъыхьыжащ, ­дя­пэкIэ гу зылъытапхъэхэри къи­гъэнаIуэу. ИужькIэ, зэ­ху­э­сым хэтхэм IэIэткIэ Щхьэгъэпсэур щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэу хахыжащ. ЩIДАА-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ ЛIэужь Iэдэм ­ЩIДАА-м и действительнэ членхэу Къалэ Руслан, ХьэIупщы Мухьэмэд, Бей ­Iэуес сымэ къэзыпщытэ комиссэм хэгъэхьапхъэу я ­кандидатурэр къигъэлъэ­гъуащ. ЩIэныгъэ советым хэтхэр абы арэзы техъуащ.
Къанокъуэ Арсен къызэрыхилъхьам тету, Президиумым хэтын хуей цIыху бжыгъэр зимыхъуэжу - 21-уэ - къагъэнэжащ, ауэ дунейм ехыжа цIы­хуиблым я пIэкIэ абы хагъэхьащ ЩIДАА-м и дейст­ви­тельнэ членхэу Щхьэ­гъэпсэу Сэфарбий, Хьэбэчыр МуIэ­ед, Есчындар Мухьэдин, Иуан Зэуал, Блий Станислав, КIыщокъуэ Руслан, Псху Арсен сымэ.
Президиумым и унафэкIэ ЩIДАА-м хагъэхьахэщ Пачулиа Ниазбей, Мамшу Мурат, Эква Январбий, Апажэ Аслъэн, Къуэкъуей Мухьэмэд, Щоджэн Юрэ, ЗекIуэрей Аслъэн, Шымэзокъуэ Мусэ, Хьэткъуэ Самир, Уэзы ФатIимэ, Ершов Виталий, Хагбэ ­Лили, Алейбэ Джульеттэ, Бейтыгъуэн Сэфарбий, Дидем Йылмаз, Пащты Мадинэ, ТIрахъуэ Аслъэн, Дыгъужь Муминат, ДыщэкI Мурат, ­Къалмыкъ Жылэбий, Кас­ландзие Алексей, Щауэ Му­хьэмэд, Хьэтыхъу Iэубэчыр, Хьэмыз Руслан сымэ. Ап­хуэдэуи, ЩIДАА-м Москва щиIэ щIэныгъэ центрым и уна­фэщIу Есчындар Мухьэдин хахащ.
ЩIДАА-м и уставым хэп­лъэжа нэужь, зэхъуэкIыны-гъэ­хэри халъхьауэ, зэдэа­рэ­зыуэ къызэдащтащ.
Къанокъуэ Арсен къыхилъ­хьэри, ЩIДАА-м и щIэныгъэ центру Къэрэшей-Шэрджэ­сым щыIэм и унафэщIу Иуан Зэуал, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым - Хьэ­бэчыр МуIэед хахащ.
ЩIДАА-м медицинэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ и ­къудамэм и действительнэ ­член-секретару КIыщокъуэ Руслан, мэкъумэш щIэныгъэ­хэмкIэ и къудамэм и дейс­твительнэ член-секретару Блий Станислав хахащ.
Къанокъуэ Арсен зэIущIэм и кIэм фIыщIэ яхуищIащ абы хэтахэм икIи жиIащ акаде­мием и лэжьыгъэр нэхъри егъэ­фIэкIуэным, щIэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм зегъэужьыным дяпэкIи зэрегугъунур.

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.