«Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс!»

Бжьэдыгъу Аксанэ куэдым къацIыху адыгэ шхыны­гъуэ­хэр IэфIу зыпщэфI бзылъхугъэу. Езым зэрыжиIэмкIэ, пщэ­фIэным еджапIэ нэ­хъыщ­хьи дипломи хуейкъым, езыр-езыру зебгъасэ мэхъу. Аксанэ бухгалтерщ, езым и IуэхущIапIэ иIэжщ. И лэжьыгъэм, дэ­зы­хьэххэм ­ятеухуауэ депсэлъащи, ди ­гуапэу фыщыдогъэ­гъуазэ къыд­жиIам.
- Аксанэ, куэдым укъа­-цIыху адыгэ шхыныгъуэ IэфIхэр зып­щэфI бзылъхугъэу. Тырку­ми урагъэбла­-гъэ­ри, пщэ­фIэным и щэху­хэмкIэ уадэгуэшащ абы щып­сэу ди лъэпкъэгъухэм.
- ИлъэситI ипэ Тыркум срагъэблэгъат, абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр пщэфIэнымкIэ си дерс щIэзгъэдэIуну. Къайсэр къалэм щыIэ Адыгэ Хасэрт сезыгъэблэгъар. Къапщ­тэмэ, бзылъхугъэр пщэфIэ­ным хуе­джэн хуеиххэкъым, хуе­джа­гъэх­хэм хуэдэу пщэ­фIэн ­хуейщ. Ауэ, итIани, сы­зэ­рыра­гъэблэгъам жэ­уаплыныгъэ ­хэслъхьэри, пщэ­фIэ­нымкIэ ­Iэзагъэр щыхагъахъуэм сы­щеджащ. Абыи и за­къуэ?! ТыркубзэмкIэ егъэджа­кIуэ къасщ­тэри, ари мащIэу зэз­гъэ­щIащ. «Згъэлъагъуэхэр, сы­зытеп­сэ­лъыхьхэр къагуры­мыIуэмэ, къыс­хуэсэбэпынщ», - жысIат. Ауэ, икъукIэ сы­щы­­гу­фIы­кIащ къызэ­рыз­мы­гъэсэ­бэпами - фIы дыдэу адыгэбзэр ящIэ.
СыщыкIуам яжесIат пщэ­фIэ­нымкIэ дерсым цIыху 15 нэхърэ нэхъыбэ къекIуалIэмэ гугъу зэ­рыхъунур. Сыту жы­пIэмэ, дэтхэнэми Iэмал естыну сы­хуейт зыгуэрым щIэуп­щIэну, сыпщэ­фIым зыгуэркIэ къыхэ­Iэбэну, нэхъыбэм щIэ­упщIэну Iэмал яIэну. Ар­щхьэ­кIэ, цIыху 40-м нэблагъэ къе­кIуэлIат. «ЦIыхур куэдщ, къэд­мыгъа­кIуэмэ, загъэгусэ», - жаIащ сезыгъэблэ­гъахэм. Абыи хэ­кIыпIэ къыхуэдгупсысащ: япэ махуэм псори дызэгъусащ, адэкIэ, гупитIу дгуэшри, махуэм тIэу къытедгъа­зэурэ дып­щэфIащ.
Ди япэ дерсым щыгъуэ цIы­хубзитI къэтIысат, тIэкIу зэры­мыарэзым гу лъыптэу. Абыхэм саIуплъэри, сазэрыхуэгуапэр къыхэзгъэщу сыдыхьэшхащ - бзылъхугъэхэр зыкIэ ещхьти ди гъунэгъу гуэрхэм. «ЛIо, Къэ­бэрдейм дыбгъэсэжын уи ­гугъэу укъикIауэ ара, жы­хуэ­ф­Iэу фыкъэтIысаи! - жызоIэ сэри. - Фи фIэщ фщIы, фез­гъэ­сэнкIэри хъунущ. Адыгэ шхынхэм я пщэфIыкIэращи - фщIэх­хэркъым!» Сахуэгуш­хуауэ сы­зэ­рыпсалъэр ща­лъагъум, езы­хэри дыхьэшхащ. Апхуэдэу ды­зэрыцIыхури, гъунэгъу дыди дызэхуэхъуащ. Сыт сып­щэфIми, пIастэ ды­щIызгъуну сфIэфIт. «ХэкумкIэ къикIыу ­хъуар апхуэдизу щхьэ фыдахэ, зыгуэр щэхуу зывохьэлIэ!» - жа­Iэрт. «ФымыщIэу ара, шатэщ дэ зэтхьэлIэр. Шатэ куэду дошх», - жысIэрт.
Махуэ гуэрым лыбжьэ сщIынути: «Дэри лыбжьэ тхуощI, ­нэхъ хьэлэмэт гуэр дыгъэ­лъагъу», - жаIащ. Сэ сщIэртэкъэ абы лыбжьэ яхуэщIрэ яхуэ­мыщIрэ! СщIащ лыбжьэр. Шатэ щыхэслъхьэм ари ягъэ­щIэгъуат. Ауэ пщэфIэн суха нэужь, лыбжьэр щIэх дыдэ шхын ­яухат.
- Хьэл-щэнкIэ хэкурысхэм ­къащхьэщыкIыу къыпщы­хъуа хэхэсхэр?
- Хамэ щIыпIэм щыпсэу пэтми, Хэкум щыпсэу адыгэхэм ещхь дыдэщ я хьэл-щэнхэр, я зыщIыкIэхэр, я теплъэр. Я псэ­лъэкIи, я зыгъэгусэкIи, я гушы­IэкIи ди хьэблэ фызхэм ещхь дыдэщ. ТхьэмахуитIкIэ дызэ­хэтащ, ныбжьэгъу ды­зэ­хуэ­хъуащ. КIуэаракъэ, игъащIэм дызэрыцIыхуу дыкъе­кIуэкIам хуэдэт.
- Уэ къэрал куэдым ущы­Iащ. Зыгуэр къахэбгъэщ­хьэхукI­р
- Илъэсий ипэщ Тыркум япэу сыщыкIуар. «Къэралыгъуэ­шхуэхэм я лъэужькIэ» («По следам великих цивилизаций») еджэу Тыркум щыIэт ­нэгузегъэужь тур. Сочэ цIыхугъэ къы­щыс­хуэ­хъуа зы бзылъ­хугъэ сщIыгъуу дыкIуат. Километр мин 12 къы­щызэ­хэт­кIу­хьащ, къали 9 къы­зэщIиу­бы­дэу. «Тро­янский ­конь», «Храм Ар­темиды», «Топкапы»… Мы­хэр сыту щIыпIэ телъыджэ! ИтIанэ, зы хьэлэмэт… Гъуэгуу дызрикIуам, зы щIы кIапэ ягъэ­хьэулейуэ дрихьэлIакъым - псоми зыгуэр хасат. Гъуэ­губгъу нэгъунэ удз гъэгъат. Абы щыгъуэм тщIы­гъуа щIы­пIэгъэлъагъуэм (экс­ку­р­сово­дым) гунэс къысщи­щIащ ­Тыркур. Ар ухуэныгъэхэм зэ­ры­тепсэлъыхьым, тхыдэм зэ­ры­хэIэбэм, дигъэлъагъухэм хъы­бару ядыщIигъухэм уда­хьэ­хырт.
ИтIанэ сэ си цIыхугъэ гуэрхэр си гъусэу Тыркум сыкIуауэ, Топкапы деж сащыхутепсэ­лъы­хьырт а щIыпIэм. Мылицэ къраджауэ щытащ сэр щхьэ­кIэ, «лицензэ имыIэу экскур­соводу мэлажьэ», жаIэри.
- Хамэ щIыпIэхэм адыгэ­бзэр къыщысэбэпрэ?
- Сэ адыгэбзэм дэни сыне­хьэс! Дэнэ щIыпIэ сыкIуэми, адыгэбзэщ сызэрыпсалъэр, ­Iэмал иIэххэмэ. Инджылы­зы­бзи сощIэ хъарзынэу, тырку­бзэми хызощIыкI, ауэ адыгэ­бзэкIэ псэлъэн щIызодзэ. Сыт сыщIэмыпсэлъэнури! Си адыгэ­бзэм си Iэпэтэрмэшыр щIы­зогъури, сызыхуейр зы­жес­Iэм къыгуроIуэ. Сэ, псалъэм папщIэ, Истамбыл сы­дэтмэ, абы сыт хуэдэ лъэпкъи сыщы­хуэзэфынущ. Абы и бзэр щхьэ сэ къэс­лъыхъуэн хуей?! Бэзэ­рым сы­те­хьэми, аращ: «ЛIо мы­бы жы­пIэр?», «Сыт и уасэр?» - жызоIэ­ри сытетщ.
- Уэ сытыт узыхуеджар, Аксанэ?
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым учётым­рэ эко­номикэмкIэ и факультетыр 1992 гъэм, МГУ-м географиемкIэ и факультетыр 1998 гъэм, МВД-м Краснодар щиIэ и уни­верси­тетыр юристу 2009 гъэм къэзухащ. 2000 гъэм экономикэмрэ управленэмкIэ кандидат лэжьыгъэр пхызгъэкIащ. КъБКъУ-р къэзуха нэужь, Мэкъу­мэш академием егъэ­джа­кIуэу сыщылажьащ.
Диссертацэ щыстхым щы­гъуэ, Москва сыкIуэн хуей ­хъуащ, иджы хуэдэу ИнтернеткIэ къебгъэхьурэ узыхуейхэм ухэплъэ ­хъуртэкъым а зэма­ным, библиотекэм ущылэ­жьэн хуейт. Академием къыздэ­ла­жьэ бзылъхугъэрэ сэрэ зызэ­щIыдгъури ды­кIуащ - абыи итхырт диссертацэ.
Москва дызэрыщыIа мазэр си ныбжьэгъум сэрэ махуэ телъыджэ защIэу дигу къинащ. Зэ­пымыууэ щIэщхъу къыт­щIы­щIырт, абы дридыхьэшхы­жырт.
Дэ тIур мылицэм дыкъагъэу­выIэрт зэпымыууэ. Сэ сыт щы­гъуи адыгэбзэкIэт сызэ­рып­салъэри, си гъусэм жиIэрт: «Уи адыгэ­бзэращ дыкъы­щIа­гъэу­вы­Iэр». Сэри: «Уэ уи нэр къижу зыбоплъыхьри, мыбы дызэры­щы­мыпсэур дыкъащIэу аращ», - пэздзыжырт. Ма­хуэ гуэрым ­библиотекэм ды­къикIыжу ды­зэ­гуроIуэ: «Еуэ, мылицэм дыкъагъэувыIэну хунэмыс щIыкIэ, цIы­выгъуэкIэ дыгъэкIуэж, адэ­кIи-мыдэкIи домыгъэп­лъэкI». Дыздэплъэр ди занщIэу метром дыхуожэ. Иджы дынос щы­жытIэм, дэнэт… дыкъегъэувыIэ мылицэм. Сэ уры­сыбзэкIэ жы­зоIэ: «Дыкъы­щIэвгъэувыIэр къыз­гуры­Iуэр­къым, ди нэкIум зыгуэр илажьэ хьэ­мэрэ жылэм ямы­щIэ гуэр тщIэ­рэ, метром ды­жэу аращ икIэри ипэри…» Езыр погуфIыкIри, жеIэ: «Псори метро ихьэпIэмкIэ мажэ, фэ къикIыжыпIэмкIэщ фыз­дэ­жэр. Аращ фыкъыщIэз­гъэувыIар».
- «Нарт» ООО IуэхущIапIэм утезгъэпсэлъыхьынут. Сыт абы фIэфща цIэ дахэм и ­къежьапIэр?
- «Нарт» IуэхущIапIэм бух­галтер Iуэхутхьэбзэхэр щыдощIэ. Бухгалтер зыбжанэ ­щолажьэри, абыхэм фирмэ гуэрхэр е цIыху щхьэхуэхэр къегъэ­щIылIащ. ЛэжьэкIэ ­хъунури езыхэм зарэ­фIэ­тын­шым хуэдэу доубзыху. Хэти ­къокIуэри, ди бухгалтерыр бгъэдэсу, дэфтэр Iуэхухэр, ахъшэ егъэхьын-­къе­гъэ­хьын­хэр егъэтэмэм, хэ­ти, телефонкIэ къэпсалъэурэ, абыкIэ зэ­фIокI. Е, псалъэм ­папщIэ, Магадан щыщ гуэрым дыдолажьэ иджыпстуи, Ин­тернеткIэ ди сайтыр къагъуэт­ри, зыкъытпащIащ, электрон IэмалкIэ зэгурыIуэныгъэхэри зэдухылIащ. Я IуэхущIапIэм и бухгалтерие Iуэхур дэ идогъэкIуэкI, езыхэм мазэм техуэу улахуэ щхьэхуэ ди счётым ­къралъхьэ. ЦIыхухэр куэдрэ зыхуей хъу Iуэхутхьэбзэщ бухгалтерие Iуэхури, лэ­жьы­гъэн­шэ дыхъуркъым зэи.
Ди IуэхущIапIэм «Нарт» фIэт­щын щIэхъуар! Си адэм и цIэр Нартщ. IуэхущIапIэр ­бухгалтерием пыщIауэ щытакъым нэ­хъапэм. Си дэлъхум мэкъу­мэш Iуэху гуэрхэр зэрихуэн и гугъати, иужькIэ, къи­мыгъэ­сэбэпыж щыхъум, сэ IуэхущIапIэ схуэ­хъужащ. Абы щыгъуэщ «Нарт» щыфIэтщар. Туризм Iуэхухэм пыщIауэ сублат фирмэр. Си адэр школым щы­лэжьат игъащIэм. ГеографиемкIэ иригъа­джэу щытащ. А зы­тепсэлъыхь къэралхэм, ­кар­тэмкIэ сабийхэм яригъэ­лъагъу­хэм езыр къы­щес­шэ­кIыну, и нэгу зез­гъэу­жьыну ­се­хъуапсэрт. Ар­щхьэкIэ, къуп­щ­хьэ уз иIэ хъури, гъуэгуанэ жыжьэ теувэнуи Iэмал иIэжакъым.
Зы зэман ди IуэхущIапIэр ­дэ­лажьэу щытащ хамэ къэ­ралым къикIыу адыгэшым, адыгэ уа­нэм теухуауэ гъэщIэ­гъуэн гуэрхэр къэзыщIэну, ахэр яджыну ди щIыналъэм къа­кIуэхэм. Ахэр зыдихьэхыну къытщыхъу щIыпIэхэм, шы фермэхэм тшэрт, дахэ гуэрхэр едгъэлъагъурт. Туризмэм и Iуэхур духын хуей хъуащ 2005 гъэм жэпуэ­гъуэм и 13-м къэ­хъуа Iуэхум иужькIэ. Респуб­ликэм туризм щыIэжтэкъым, цIыхухэм я къэкIуэныр зэпы­уат.
- «Лашын» и фIэщыгъэу Бзылъхугъэ хасэ къызэбгъэ­пэщащ илъэс зыбжанэ ипэ. Абыи укъытезгъэувыIэнут…
- Пэжщ, Бзылъхугъэ хасэ зэхэзублащ. Абы и япэ зэ­хы­хьэр Сирием къикIыжа ди шыпхъухэм ятедухуати, къед­гъэ­благъэри, дызэбгъэдэсат, ды­зэрыцIы­хуат. Иджы дызэрощIэ. Адыгэ бзылъхугъэм къы­декIуэкI ­Iуэхугъуэ дахэ­хэрщ дызытеп­сэлъыхьыр, дгъэ­кIуатэр. Иджы­благъэ «Си анэм и пщэ­фIапIэм» («Мамина кухня») ­тхы­лъыр къыдэдгъэкIащ. И фIэ­щыгъэми гуры­Iуэгъуэ зэ­ри­щIщи, си анэм ипщэфI шхы­ныгъуэхэрщ зи ­гугъу сщIыр. Уи сабиигъуэу узэса шхыным нэхъ IэфI щыIэкъым - ар игъащIэ псокIэ IэфIу уи Iум къонэ. Сэри тхылъыр хуэстхащ адыгэ шхы­ныгъуэ­-хэр пщэфIыным сыхуэ­зы­гъэ­са, лъэпкъ сыкъызы­хэ­кIар фIыуэ сэзыгъэлъэгъуа си анэм. Иджыпстуи зэлэжь иIэщ ди Хасэм. Нало Заур и «Тау­рыхъищэ» тхылъым итхэр ­Щэрмэт Людмилэ и макъкIэ идогъэтх. Апхуэдэ аудио­хэм щхьэхуэныгъэ гуэрхэри хэлъщ, псалъэм щхьэкIэ, ватсапкIэ зэIэпыпх хъунущ. Ды­хуейщ цIыху куэдым яIэры­хьэну, анэ­хэм я цIыкIухэр ­драгъэхьэхыну.
- Тхьэм уигъэпсэу! Уи мурадхэр къохъулIэну ди гуа­пэщ.

Гугъуэт Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.