ЩIэныгъэ зрагъэгъуэтауэ къагъэзэж

2019 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием псапащIэ егъэджэныгъэ программэр иублэри, зэпеуэкIэ къыхаха щIалэрэ пщащэу ­26-рэ хамэ къэрал еджапIэ нэхъыфIхэм я щIэныгъэр щыхагъэхъуэну ягъэкIуауэ щытащ. ИлъэситIкIэ еджа ди лъэпкъэгъухэм иджы къагъэзэж, я къэухьым зиужьа­рэ лэжьыгъэм и пIалъэ зрагъэщIауэ. Зи гугъу тщIы проектыр къы­хэзылъхьар хьэрычэтыщIэ цIэ­рыIуэ, ЩIДАА-м и Президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къанокъуэ Арсенщ. Пандемием ирихьэлIами, ­гугъуехь куэд дунейм къыщыхъуами, Уэршыкъуэ Альберт­-рэ Тхьэмокъуэ Iэминэрэ - Инджылызым, Пщынокъуэ Диа­нэ - Нидерландхэм, Батыр ­Му­хьэмэдрэ Жы­нэ Сэтэнейрэ - Швейцарием, Хьэмыз Залым - Франджым, Тау Анзор - Бельгием, Гуэщокъуэ Марианнэ ­Испанием кIуэфахэт, къапэ­щылъа къалэнхэми хъарзы­-нэу пэлъэщауэ иджы къагъэ­зэж. ЕджакIуэ кIуахэм жэуаплы­ныгъэ ин яхэлъу Iуэхум яужь итащ, гъэщIэгъуэн куэди ялъагъуну хунэсащ. Ахэр инстаграмым щаIэ напэкIуэцIхэм къыщаIуатэ. Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу щыщытам цIыху 300-м нэблагъэ хамэ къэралхэм щригъэджауэ щытащ икIи илъэгъуащ абы къыпэкIуа сэ­бэпынагъыр. Иджы ЩIДАА-м и нэIэ щIэту илъэсым цIыху 50 хуэдиз игъэкIуэну зэримура­дыр жеIэ: - Япэ зэпеуэм къыхыхьэу зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа адыгэ ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхузощI. Сэ хьэкъ сщыхъуащ: апхуэдиз зэфIэкI, щIэныгъэ ­зыбгъэдэлъ интеллигент щIалэгъуалэ дыщиIэкIэ, адыгэм къэкIуэн дахэ къыпоплъэ. Дэ абыкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхъун хуейщ, IуэхуфIхэр дгъэбагъуэ­рэ, жэрдэм зиIэхэмрэ жы­джэрхэмрэ защIэдгъакъуэу. ПщIэ щIэтту еджакIуэ дгъа­кIуэхэм къалэн гугъу яхуэдгъэувыркъым. ЕджапIэ нэ­хъыщ­хьэ нэхъыфI дыдэхэр ­къауха нэужь, ахэр дэни щы­лажьэну хуитщ, ауэ я бзэр, я хабзэр ­зыщагъэгъупщэ хъунукъым. Дэнэ щыпсэуми, щы­лажьэ­ми, я хэкужь къагъэ­зэжынущ абыхэм, я лъэпкъым хуэщхьэпэнущ. Дэ аращ зытетщIыхьыр. ПсынщIащэу зы­зыхъуэж мы дунейм ди лъэп­къыр декIуу ­дэбакъуэмэ, ди насыпщ. ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ здэщыIа къэралхэр къазэ­ры­щыхъуам, зэрырагъэджа щIы­кIэм, къадеджахэр зыхуэдэм, я мурадхэмрэ Урысейм къащыпэплъэмрэ тедгъэпсэ­лъы­хьу ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм къытеддзэнущ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.