КъБР-м и Iэтащхьэм шыщхьэуIум и 18-м иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэм щызэхалъхьэжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэн и лъэныкъуэкIэ зэкIэ зрагъэхъулIахэр, цIыхухэм вакцинэр яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, апхуэдэуи тепсэлъыхьащ гъэ еджэгъуэщIэмрэ фокIадэм и пэщIэдзэм хабзэ хъуауэ ягъэлъапIэ махуэшхуэхэмрэ зэрызыхуагъэхьэзырхэм.
Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ щIыналъэхэм унэтIыныгъитIымкIэ - «Ущыпсэуну тынш щIыпIэ», «Сабийхэм заужьын папщIэ псоми зэхуэдэ Iэмалхэр яIэн» жыхуиIэхэмкIэ - лэжьыгъэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зэрыщызэфIэкIар. Зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну мылъкум щыщу процент 53-м щIигъур ахэр зыхухахэм къыхуагъэсэбэпакIэщ икIи ар Урысейм и адрей щIыналъэхэм яхузэфIэкIа бжыгъэхэм щIегъу.
Мусуковым администрацэхэм я Iэтащхьэхэм гу лъаригъэтащ ухуэныгъэ зыбжанэм ехьэлIауэ зэфIагъэкIыпхъэ Iуэхухэм, апхуэдэуи къэралым ис цIыхухэр бжыным теухуауэ къапэщыт лэжьыгъэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыхуейм.
Премьер-министрым республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ курыт школыщIэхэу Солдатскэ станицэмрэ Ново-Ивановскэ къуажэмрэ щаухуахэр къызэрызэIуахыным хуэдэу хьэзыр зэрыхъуам, ахэр муниципалитетхэм я мылъкум зэрыхагъэхьэнум, Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт еджапIэр зэгъэпэщыжынымрэ Бахъсэн щаухуэ ФОК-мрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэри и кIэм зэрынагъэблэгъам.
Муниципальнэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм къалэну хуагъэуващ вакцинэр цIыхухэм Iэмалыншэу яхэлъхьэным хуэгъэза лэжьыгъэр я щIыналъэхэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм щыщIагъэхуэбжьэну, «Роспотребнадзор»-м фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къэпщытэныгъэхэр зэрыригъэкIуэкIынури къалъытэну. А Iуэхур нэхъыфIу щекIуэкIхэм я щапхъэу къахьащ Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэр. Абы мастэр зыхалъхьахэм я бжыгъэр процент 58,6-рэ щохъу. Узыфэм щызыхъумэ мастэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ лэжьыгъэфI щекIуэкIхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэмрэ Прохладнэ къалэ округымри.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ЩIэныгъэхэм я махуэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ Урысей ныпым и махуэмрэ ехьэлIа дауэдапщэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэми. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къыхигъэщащ махуэшхуэхэр онлайн жыпхъэм иту е цIыху 50 нэхърэ нэхъыбэ зэхэмыхьэу, утыку зэIухахэм щызэхуэсу зэрырагъэкIуэкIынур. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу Къуэдзокъуэ Мухьэмэд жиIащ Урысей ныпым и махуэм ехьэлIахэр: Урысей Федерацэм и къэралыгъуэм и дамыгъэр Iуащхьэмахуэ и щыгум дахынущ.
А Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ МЧС-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэр и щIэгъэкъуэну. Урысейм и къэрал ныпхэм а махуэм ягъэдэхэнущ муниципалитетхэм я уэрамхэмрэ цIыху зэхуэсыпIэхэмрэ.
Жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа гугъуехьхэр
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Кыщпэк псы къыщIэшыпIэм. Абы щIыгъуащ ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Бэрбэч Алим, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, «Водоканал» IуэхущIапIэм и унафэщI Жанкъазий Анзор.
«Кыщпэк» псы къыщIэшыпIэрщ Налшык и Iыхьэ щанэмрэ абы къедза жылэхэмрэ щыпсэухэм къагъэсэбэп псыр мы зэманым къэзытыр. Абдеж щытепсэлъыхьащ абы и лэжьыгъэр адэкIи зэтеухуауэ иригъэкIуэкIыным пыщIа Iуэхухэм, республикэм и къалащхьэм дэсхэр зэфэну псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъун папщIэ ар зыхуэныкъуэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
Республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хэлъ гугъуехь нэхъыщхьэр зыпыщIар бжьамийхэр жьы зэрыхъуарщ. «Псы къабзэ» щIыналъэ проектым хыхьэу 2021 гъэм я мурадщ псы къыщIэшыпIэ 19 яухуэну е зэрагъэпэщыжыну. Абыхэм сом мелуани 130-рэ хуэдиз текIуэдэнущ. Илъэс кIуам а проектым ипкъ иткIэ ящIащ псы къыщIэшыпIэ 32-рэ, абыхэм бжьамийхэр укъуэдиинри, псы къыщIэшыпIэхэр убруунри, псыр къыдэзышей Iэмэпсымэхэр абыхэм тегъэувэнри яхэту.
Спортым, щэнхабзэм республикэм зыщегъэужьыным йогугъу
Иджырей пятиборьем зыщыхуагъасэ спорт IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ. Абы хухаха щIыпIэм лэжьакIуэхэм щIыр ухуэныгъэм щыхуагъэхьэзыр, инженер коммуникацэхэр далъхьэ.
Комплексыр ящI «Демографие» лъэпкъ проектым и «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэу. Ухуэныгъэм сом мелуан 270-рэ хухахащ, ар 2022 гъэм и дыгъэгъазэм яухыну я мурадщ.
Комплексым хэтынущ метр 42-рэ зи кIыхьагъыну, метр 24-рэ зи бгъуагъыну залышхуэ, езым и лъагагъынущ метрий нэхърэ мынэхъ мащIэ. Абы къикIыращи, унэм спорт лIэужьыгъуэ куэдми зыщыхуагъэсэфынущ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэри щрагъэкIуэкIыфынущ. Проектым апхуэдэуи хэтщ Iыхьийуэ гуэша, метр тхущI зи кIыхьагъыну псыгуэн, иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща тренажёр зал, спорт нэщанэуапIэ, комплексым екIуалIэхэм зыщагъэпскIыжыну, зытIэщIыпIэ-зыхуэпапIэ, нэгъуэщI пэшхэри.
Мыбы щаухуэнущ зи гъунэхэм къэжыхьыпIэхэр иIэну футбол джэгупIи. Абы зэIущIэхэм еплъыну къакIуэхэр зэрысыну трибунэхэри хэтынущ.
Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи зыщиплъыхьащ Ашуровым и цIэр зезыхьэ уэрамым щащIыну щэнхабзэ центрыр зыхуэзэну щIыпIэми. Ари 2022 гъэм къриубыдэу яухын хуейщ. Центрыр щIыным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэм «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу къэрал бюджетым щыщу къыхуаутIыпщащ сом мелуани 197-м щIигъу. Щэнхабзэ центрыщIэм хэтынущ цIыху 200 зэуэ зыщIэхуэну пэшышхуэр, къыщыфэ, цIыхухэм я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэшэщI, артистхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, я фэилъхьэгъуэхэр зыщIэлъынухэр, нэгъуэщI пэшхэри, класс хэхахэр щылэжьэнухэри, щыгъын фIэдзапIэхэри. А унэр и архитектурэкIи къащхьэщокI республикэм и адрей ухуэныгъэхэм - абы удз гъэгъа теплъэ иIэу ящIынущ. «ЦентрыщIэм сабийхэмрэ щIалэгъуалэм-рэ Iэмал псори щаIэнущ я творческэ зэчийхэр къызыкъуахынымкIэ, унэтIыныгъэ куэдкIи заужьынымкIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Iэтащхьэм ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм пщэрылъ ящищIащ унэщIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр тэмэму ящIыну икIи абыхэм къедза щIыпIэхэри зэIузэпэщу щытынми егупсысыну. «Дэ нобэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр едгъэкIуэкIым и закъуэкъым, атIэ абыхэм я хъуреягъхэри догъэдахэ, къалэр зэрыщыту зэIузэпэщ дощI», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек. КъимыдэкIэ, «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым зи гугъу ящIа уэрамхэм я гъуэгухэр, лъэс зекIуапIэхэр зэрагъэпэщыжынущ, гъуэгу Iуфэхэр къагъэнэхунущ, абыхэм щхъуантIагъэхэр щыхасэнущ.