ДИ ЗЭФIЭКI ДОГЪЭЛЪАГЪУЭ

Туризмэм зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ Урысейм нобэ иIэ зэфIэкIхэр къэгъэнэIуэным хуэгъэпса онлайн -IэIэт ирегъэкIуэкI «Националь Географик» журналым. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, ар сэбэп хъунущ ди къэралым и зыгъэпсэхупIэ нэхъ дахэхэм, нэхъ цIэрыIуэ хъуахэм я мызакъуэу, туристхэм зыщаплъыхьыну къезэгъ нэгъуэщI щIыпIэхэри егъэцIыхунымкIэ. УнэтIыныгъипщIкIэ гуэшауэ екIуэкIыну IэIэтым и иужьрей номинацэм хиубыдащ илъэс зыбжанэ хъуауэ Налшык, Абхъазым и утыкум мыIэрысэм къыхэщIыкIауэ щигъэлъагъуэ «МыIэрысэ пIастэ» зыфIища панно иныр. Абы итщ мыIэрысэ щхъуэкIэплъыкIэхэм къыхэщIыкIа жыг щIэращIэ. Панном и лъабжьэм «Налшык» псалъэр ину тетщ. Кавказ Ищхъэрэм мы номинацэмкIэ дыщыяпэщ. «МыIэрысэ пIастэм» къыдэкIуэу ди республикэр жыджэру адрей номинацэхэми хэтщ. Псалъэм папщIэ «Щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр» унэтIыныгъэм Екатериноградскэ станицэм и аркэ цIэрыIуэр, «IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкI» - балъкъэрхэм дахащэу ящI кйизхэр, «Лъэпкъ шхыныгъуэхэр» - адыгэхэм ди лы гъур гъэжьар, «ЦIыхухэм я кIуапIэ» - ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэр, «Псы Iуфэ зыгъэпсэхупIэхэр» - «Налшык» курортыр, «Турист лъагъуэхэр» - Безенги и мылылъэхэр, «Турист лъагъуэхэр» - Iуащхьэмахуэ. Саугъэтхэм хухаха Интернет напэкIуэцIым щызэхуахьэсынущ щIыналъэ къэс игъэлъэгъуэну къыхиха хьэпшыпхэр, шхыныгъуэхэр, щIыпIэхэр, тхыдэ фэеплъхэр. Абыхэм я дэтхэнэми куууэ ухэзыгъэгъуазэ тхылъ цIыкIухэр дыщIагъуащ. ТекIуэхэр щэкIуэгъуэм хэIущIыIу щащIынущ зи гугъу тщIа журналым.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.