ПОЛИКЛИНИКЭР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Мы илъэсым республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ куэдым зыгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. Абыхэм яхэтщ Шэджэм район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэри. Ар узыншагъэр хъумэн IэнатIэм япэ дэIэпыкъуныгъэр цIыхухэм щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын программэм хэту ягъэзащIэ лэжьыгъэщ.
Iуэхур зэрекIуэкIым зыщигъэгъэгъуэзэну мы махуэхэм абы щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Мы зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэм и 3-нэ къатым зэгъэпэщыжыныгъэхэр щызэфIэкIащ. Абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр зригъэлъэгъуа нэужь, министрым къыхигъэщащ Iуэхум хъарзынэу зэрехъулIар. Иджыпсту етIуанэ, ещанэ къатхэм щыIэ пэшхэр зыхуей хуагъазэ.
Лэжьыгъэшхуэ къапэщылъщ ухуакIуэхэм. ЗэраубзыхуамкIэ, илъэситIым къриубыдэу поликлиникэр зэфIагъэувэжын хуейщ. Ауэ, ухуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, 2022 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу поликлиникэм и унэр хьэзыр хъунущ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хугъэзэжа IуэхущIапIэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ псори зэрекIуэлIэным хуэщIауэ.

ЩхьэщэмыщI Изэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.