Урысейм и Прокуратурэ Нэхъыщхьэм КИФЩI-мрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм и прокурор Усачёвэ Еленэ къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм и прокурор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Кикоть Андрей и унафэм щIэту Мэхъэчкъалэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ.
Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр пхыгъэкIыным ехьэлIауэ щIыналъэ бюджетхэм щыхухаха ахъшэхэр зэхадыгъуэным пэщIэтыным, гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэм щIэпхъаджагъэ къыщымыгъэхъуным.
Зэхуэсыр зытеухуа Iуэху нэхъыщхьэхэр зэпкърихыу къэпсэлъащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм щыIэ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Сомов Константин.
ЗэIущIэм хэтащ Дагъыстэн Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Меликов Сергей, УФ-м и Прокуратурэ Нэхъыщ-хьэм и Управленэ нэхъыщхьэу Кав-каз Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм щыIэм я унафэщIхэр, Урысейм и МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм и Iэтащхьэ Бачурин Сергей, Урысей Федерацэм и субъектхэм я прокурорхэр, щIыналъэ МВД-хэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным къэралым и зыужьыныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр зэIущIэр къыщызэIуихым Кикоть Андрей къыхигъэщащ. Абыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым я нэIэ тетыныр прокуратурэм и органхэм дежкIэ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэм ящыщщ.
Илъэс кIуам и пэщIэдзэм щегъэжьауэ лъэпкъ проектхэм ятеухуа къэпщытэныгъэ мин 1,5-м щIигъу къызэрагъэпэщащ. Абыхэм къыщIагъэщащ хабзэр мини 5-м щIигъурэ къызэпаудауэ, икIи уголовнэ Iуэху 245-рэ къаIэтащ.
Урысейм и Прокурор Нэхъыщхьэм и къуэдзэм апхуэдэуи къыхигъэщащ хабзэхъумэ органхэм лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIар гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексым щызэхащIыхь хьэгъэщагъэхэр хэIущIыIу щIыным теухуауэ. Экономикэм ехьэлIауэ Урысейм щатха щIэпхъаджагъэхэм я Iыхьэ етхуанэр (1379-м щыщу 270-р) къыщыщIагъэщар а щIыналъэхэращ. Энергокомпаниехэм я унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ящыщ куэдым хабзэм ебэкъуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр къызэпаудащ.
Апхуэдэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ, зэфIэмыхьэныгъэхэр къэзышэ лъэпощхьэпо зыбжанэм. Абыхэм ящыщщ ТЭК-м и IуэхущIапIэхэр зэрылэжьэнкIэ къызэзыгъэпэщ предприятэхэм щIыхуэшхуэ зэрателъыр.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм кърихьэлIахэм гулъытэншэу къагъэнакъым псэупIэ, коммунальнэ Iуэху-тхьэбзэхэм я уасэхэмрэ тарифхэмрэ зэтеухуэнымкIэ щыIэ гугъуехьхэр, гъэтIылъыгъэхэр щхьэзыфIэфIу къыщагъэгъэсэбэп къызэрыхъур. Хэхауэ къыхагъэщащ а унэтIыныгъэхэм ехьэлIауэ хабзэхъумэ, къэпщытакIуэкIэлъыплъакIуэ IэнатIэхэм я къалэнхэр тэмэму ягъэзэщIэн, прокурор кIэлъыплъыныгъэр зэщIагъэуIуэн зэрыхуейр.