Жылагъуэр зыхуэдэнур унагъуэращ къыщежьэр

Иджыблагъэ кIэщIу фыхэдгъэгъуэзащ унагъуэм, лъагъуны-гъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ирагъэжьа «Унагъуэ» Iуэхум. Ар къыхэзылъхьа хьэ­ры­чэтыщIэ, псапащIэ, IVS IуэхущIапIэм и унафэщI Нэхущ Азэмэтрэ проектым и программэхэм я унафэщI, Инстаграмым щылажьэ Налшык напэкIуэцIым и редактор, инджылызыбзэр, усэр фIыуэ зылъагъухэм; я клубхэр къызэ- зыгъэпэщ Мэзукъэбз Аслъэнрэ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр къэ­­гъэщIэрэщIэжыным ­теухуауэ яIэ мурадхэм тедгъэп­сэ­лъыхьащ.
- Азэмэт, «Унагъуэ» Iуэхур къыщIызэвгъэпэщам, фи къалэнхэмрэ мурадхэмрэ я гугъу къытхуэщIыт. - Психолог Апажэ Валерэрэ сэрэ нэIуасэ, псэлъэгъу дызэхуэхъуа нэужь, унагъуэм къыщыхъу-къы­щы­щIэхэм, сабий гъэсэныгъэм ­теухуауэ щыIэ Iуэху зэIумыбзхэм я гугъу тщIащ. Унагъуэхэм сабийр зэрыщагъасэм дыхэIэбэну ди пщэ дэтлъхьэжыркъым, ди мурадыр зы мащIэ нэхъ мыхъуми зедгъэ­хъуэжынырщ иджыкIэ щыIэ хъуа щытыкIэм. КIуэ пэтми гъащIэм и ­лъапIэныгъэхэм, жьымрэ щIэмрэ я зэхущытыкIэхэм, хабзэм, нэмысым зэрахэщIым гу лъыботэ. ХэдмыгъэтIасэу дызэкъуэувэрэ мы Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэтщIмэ, зэ­хъуэкIыныгъэфI зэрыщыIэнум шэч хэлъкъым. Ауэ, иджырей щыты-кIэм дыкъытемыкIыу дыкIуэмэ, илъэсипщI дэкIмэ, щIалэгъуалэр тIэщIэкIынущ. Мылъку хэхыпIэ, ахъшэ къэ­лэжьыпIэ мыхъуу, мыр жылагъуэ Iуэхущ. Унагъуэм теухуауэ щыIэ хъуа гупсысэкIэ, еплъыкIэ мышум, щы­тыкIэм зедгъэхъуэжыну дыхуейщ. Адэанэм я жыIэм ущIэтыныр зэрыпэжыр, зэрызахуэр щIэблэм зыхедгъэщIэныр, фIымрэ Iеймрэ, мыхъумыщIагъэмрэ дахагъэмрэ ­зэхагъэкIыфу къэхъуным щIэ­пIы­кIынырщ ди къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зыхуэунэтIар. Нэхъ пасэм унагъуэм иIа пщIэр, илъа зэхущытыкIэ дахэхэр, щызекIуэу щыта хабзэхэр къэдгъэщIэрэщIэжы-нырщ нэхъыщхьэу зи ужь дитыр. Дуней псор зыгъэгузавэ а Iуэху зэ­Iумыбзым и щытыкIэм нэхъыфIкIэ зытхуегъэхъуэжынущ абы игъэгу­завэ дэтхэнэри дызэкъуэувэрэ ди еплъыкIэхэр утыку къитхьэмэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр зэхуэпэжы­ныгъэр, лъагъуныгъэр, дзыхьыр ­зи лъабжьэ унагъуэ дахэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэнырщ, адэанэ­хэмрэ я бынхэмрэ я зэхущытыкIэ-хэр нэхъри дгъэбыдэнырщ, едгъэ­фIэкIуэнырщ. Абы ехьэлIа программэхэр диIэщ. Адэ-анэр зыхуэныкъуэ чэнджэщхэр зи лъабжьэ лекцэ, семинар щхьэпэхэр къызэдгъэпэщынущ. - Унагъуэм ехьэлIа Iуэху зэIу­мыбзым игъэпIейтейхэр зэрымымащIэр, абы зи псалъэ хэзылъхьэну хуейхэр зэрыщыIэр, дауи, фIыщ. - Жылагъуэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр ди тегъэщIапIэу утыку ды­къызэрихьарагъэнщ, къыхэтлъ­хьа Iуэхур куэдым къыщIыддаIы­гъар. ГугъэфIхэр дегъэщI икIи гуа­пэщ унагъуэм и нобэрей Iуэху зэ­Iу­мыбзхэм хэкIыпIэ къахуэгъуэтын ­хуейуэ къэзылъытэ IэщIагъэлI зыбжанэ къызэрыткъуэувар. Апхуэ­дэ­хэщ республикэм фIыуэ къыщацIыху психолог Iэзэ Апажэ Валерэ, «Унагъуэ» проектым и программэхэм я унафэщI Мэзукъэбз Аслъэн, «TPИZ Центр» IуэхущIапIэми унафэщI Махуэ Нурхьэни-Миланэ, Инстаграмым щиIэ «Унагъуэ» проектым и редактор Апэжыхь Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Гупым хэтыр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ защIэщ. КъищынэмыщIауэ, зызы­хуэдгъазэ цIыхуу хъуар ди лъэны­къуэщ. ЗэрытщIэщи, зи IэщIагъэм хуэIэижь, щытхъу зиIэ IэщIагъэлIхэр сыт щыгъуи мащIэщ. Сабий гъэ­сэныгъэм ехьэлIауэ дэтхэнэ зы унагъуэ щапхъэри ди нэ-ди псэщ. - Аслъэн, Iуэхум ехьэлIауэ зы­хуэвгъэувыжа къалэнхэмрэ мурадхэмрэ зэвгъэхъулIэн папщIэ сыт фщIэр? - Унагъуэм, дахагъэм, къабзагъэм, лъагъуныгъэм, узыншагъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъэсэныгъэм гу лъедгъэтэн папщIэ, абыхэм ехьэлIа программэ зыбжанэ дгъэ­хьэзыращ. Республикэм и зыгъэп­сэ­хупIэ, нэгузыужьыпIэ паркхэм сурэтхэр щызытрагъэх щIыпIэхэр, хъыринэхэр щыдогъэув. Сабийр трагъэу къудей мыхъуу, абыхэм я къалэныр куэдкIэ нэхъ инщ. ГъащIэм, унагъуэм и лъапIэныгъэхэм къыхуезыджэ псалъэхэр тхауэ я ­нэгу щIэтынущи, хуейхуэмейми, ­сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ягу ираубыдэ, сурэтхэм еплъыжыху а лъапIэныгъэхэм къыхураджэу, гу лърагъатэу. МыхъумыщIагъэхэм я гугъу тщIынукъым, арыншэми ахэр гъащIэм щымащIэкъыми. Зи акъылыр нэсу зэтемыува ­ныбжьыщIэхэм я акъылыр Интерне­тым «зэригъэутхъуэр», я дуней тетыкIэм зэран зэрыхуэхъур нобэ ди нэгу щIокI. Адэ-анэхэр мэлажьэ, унагъуэр зэрагъэпсэуныр япэ ирагъэщу. Армырми, нэхъыжьхэр зы Iуэху гуэр щыпэрыткIэ, сабийм те­лефоныр IэщIалъхьэу щызыщхьэщагъэкI куэдрэ къохъу, махуэ къэс быным гулъытэ хуэщIын, епсэлъэн зэрыхуейр Iэпэдэгъэлэл ящIу. Ап­хуэдэурэ цIыкIухэр Интернетым дехьэхыпэри, ар зэран яхуохъу адэ-анэмрэ бынымрэ я зэпыщIэны­-гъэм, сыту жыпIэмэ сабийм хуэщIыпхъэ гулъытэ хэхар и чэзум игъуэтыркъым. КъищынэмыщIауэ, щIэблэм зэманым и лIыхъужьу ­къалъытэ хъуащ зыми щымыщ, зыкIи гугъу зезмыгъэхь цIыхухэр. Инстаграмым дытемыкIуэми, ар къэдгъэсэбэпу щIалэгъуалэм я гуп­сысэм фIы и лъэныкъуэкIэ зедгъэхъуэжыну, ИнтернетымкIэ ди лэжьыгъэхэр зэбгрыдгъэ­кIыну ди мурадщ. Абы и лъэ­ны­къуэкIэ IэмалыфIщ ди на­­пэ­кIуэцIыр щыдгъэлажьэ Инстаграмыр, нэхъыбэу хъыбархэр щызыIэпах социальнэ сайтхэр. КIэщIу жыпIэмэ, щIалэ­гъуалэ псори къызэщIэдубыдэн ­папщIэ, Интернет сайт лIэужьы­гъуэхэр къэдгъэсэбэпынущ. Зэзэ­мызэ мыхъуу, Iуэху зэIу­мыбзыр зэ­рыдгъэзэкIуэжыным ­махуэ къэс ­дыкъытеувыIэмэ, абы зэ­хъуэ­кIы­ныгъэхэр тхухэлъхьэнущ. ЗэрытщIэщи, иджыпсту тхылъ еджэхэр мащIэщ, жып телефоным еплъмэ нэхъ къащтэ. Аращ видеонэтынхэр къэдгъэсэбэпурэ Iуэху зэIумыбзхэр зэпкърытхыным дыкъыщIытеувыIар. ЯпэщIыкIэ семинархэр едгъэ­кIуэ­кIынущ. Дохутыр, нарколог, психолог жыпIэми, щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIхэр къедгъэблэгъэнущ. Iуэху зэIумыбз зэрылъ унагъуэхэм чэнджэщ къудейкIэ мыхъуу, пщIэншэу IэщIагъэлIхэм хуэдгъэзэфынущ. Семинархэм щытрахыну видео­нэтынхэри ИнтернеткIэ зэбгры­дгъэкIынущ. Апхуэдэу ди мурадщ унагъуэм ис псори дэзыхьэхыну икIи зэкъуэзыгъэувэну зэпеуэ гъэ­щIэгъуэнхэр, щIыпIэ дахэхэм зы­щыплъыхьыныр къызэдгъэпэщы-ну. - Унагъуэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэху япэ ивгъэщыну фи мура­дыр? - Дауи, куэд и уасэщ узыгъэпIейтей Iуэхум и зэманым гу лъатэ­ным. Ар щыхагъэтIасэкIэ, хэкIыпIэхэр къэбгъуэтыну, бгъэзэкIуэжыну куэдкIэ нэхъ гугъу мэхъу. Япэ идгъэ­щынухэм ящыщщ адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэпыщIэныгъэр дгъэбы­дэныр. Мы зэманым ар тIас-хъэщ. Сабийм зэрыджэгу хьэпшып, смартфон, планшет, компьютер къыхуэпщэхурэ и зэманым гулъы- тэ хуумыщIмэ, уемыпсалъэмэ, а ­зы­хуэ­чэмам иужькIэ зыкъуигъэ­-щIэ­жынущ. Аращ абыхэм и чэзумгу ­лъедгъэтэну дыщIыхуейр. Адэ-анэм емыпсэлъэф, зыгъэ­пIейтейхэр зыущэху сабий куэд щыIэщ. Абыи хэкIыпIэ къыхуэд­гъуэтащ. Зы сабий гуп зыгъэгузавэ упщIэхэмкIэ адэ-анэ псоми зыхуе­дгъэгъэзэну ди мурадщ. Ар упщIэ-жэуап щIыкIэм тету къызэдгъэпэщынущ икIи сабий псоми ­яхуэгъэзауэ адэ-анэхэм къатыжыну жэуап нэхъыфIхэри къэдгъэлъэ­гъуэнущ. Ди гуапэ зэрыхъущи, щапхъэ зы­тетхыпхъэ цIыхухэр ди мащIэкъым. УнагъуэфIхэр дгъэлъэгъуэну, илъэс куэд хъуауэ зэбгъэдэс зэщхьэ­гъусэхэм я чэнджэщхэр щIэблэм зэхедгъэхыну ди мурадщ. Дызыпэрыт Iуэхур зэманым зэрыпэджэжым гу лъатащ. Аращ абы цIыху куэд щIызэщIишэм и щхьэусыгъуэри. Лэжьыгъэм адэ- кIи зедгъэубгъунущ. КъБР-м и Iэтащхьэр ди Iуэхум щыгъуазэщ, республикэм и Профсоюз IуэхущIапIэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ ­къыддэIэпыкъуну дыкъагъэгугъащ. ЩIыпIэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэми дадэлэжьэнущ. Псоми ди зэхуэдэ Iуэхум апхуэдэу дызэ­къуэту яужь дитмэ, шэч хэлъкъым дызыгъэгузавэ псоми хэкIыпIэ ­къазэрыхуэдгъуэтыфынум.

ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.