Сом мини 100-кIэ ягъэпэжэнущ вакцинэр зыхезыгъэлъхьахэр

Коронавирус узыфэ зэ­ры­цIалэ лIэужьыгъуэ-щIэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр зэрагъэпажэ программэм мыгувэу къэралым лэжьэн щыщIидзэнущ. Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. ЛотереекIэ ягъэджэгуну ахъшэ саугъэтхэр къахьыну Iэмал иIэнущ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуауэ мастэр зыхезыгъэлъхьа дэтхэнэ зыми.
Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ 2021 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 1 пщIондэ. Абы зэрыхэтынур мастэр зэрызыхрагъэлъ­хьамкIэ и щыхьэт регист-рым къызэрыщыгъэлъэгъуа бжыгъэмкIэщ. Лоте­реем и оператору щытынущ «Гознак» акционер зэгу­хьэныгъэр. Ахъшэ саугъэтхэр щагъэджэгунущ «бо­нус­заздоровье.рф.» сайтым, абы кърикIуами абдеж ­щыгъуазэ зыщыхуэпщIыжы-фынущ, апхуэдэуи хъыбар­егъащIэ IэнатIэхэми ар наIуэ къащIынущ.
«Вакцинэр зыхезыгъэлъ­хьахэр гъэпэжэным теу­хуа программэмкIэ УФ-м и Правительствэм фIыщIэ яхуещI я узыншагъэр хъумэным ­зы­хэщIыкI яIэу бгъэдыхьа цIы­хухэм. Ахэр я щхьэм и ­за­­къуэкъым зэгупсысар, атIэ къэзыухъуреихь цIы­ху­хэми я зэран зэрырамыгъэ­кIыным хущIэкъуащ», - къыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Голиковэ Татьянэ, къыхалъхьа унафэм зэреп­лъыр щыжиIэм.
Компьютерым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу ирагъэ­кIуэ­кIыну лотереемкIэ цIыху 1000 ягъэпэжэнущ, абыхэм дэтхэнэми сом мини 100 иратынущ.
Ахъшэ саугъэтыр къызэ­рахьа хъыбарыр хуагъэхьынущ цIыхум Къэрал, муниципальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ зыуэ щыт порталым ­щиIэ «кабинет щхьэхуэм». Ахъ­шэр МИР банк картэм ­ягъэ­кIуэну аращи, абы и реквизитхэр къэгъэлъэ­гъуауэ щы­тын хуейщ. Сау­гъэ­тыр къэзыхьахэм къа­Iэ­рыхьэжынущ мазихым ­къриу­быдэу.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, COVID-19-м зэрыпэщIэт вакцинэр Урысейм и цIыхухэм халъхьэн щIадзащ мы гъэм и щIышылэм и 18-м щегъэжьауэ. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, шыщхьэуIу мазэм и пэщIэ­дзэм ирихьэлIэу къэралым и цIыху мелуан 37-м хущ­хъуэр ирахьэлIащ.
Урысейм и къулыкъущIэ­хэм нэхъапэкIи ирагъэ­кIуэ­кIащ коронавирусым зэ­ры­пэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр щагъэпажэ насыпырыхь джэгухэр. Апхуэдэу Москва щагъэ-джэгуащ мелуаным нэблагъэ зи уасэ «Renault Logan» автомобилыр, Подмосковье - унэ.

Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.