Жылагъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр псом ящхьэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэм.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Джэш Вячеслав, хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэ-сым и Къэрал Думэм и VIII зэхуэгъэсы­гъуэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэмрэ я депутатхэр хэхыным зыщы­хуагъэхьэзыркIэ, а Iуэхухэр щрагъэ­кIуэ­кI-кIэ, апхуэдэуи ЩIэныгъэхэм я махуэм, Терроризмэм пэщIэтыным щызэкъуэувэным и дунейпсо махуэм ехьэлIа дауэ­дапщэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр.
IэIэтыр махуищым къриубыдэу - фокIа­дэм 17 - 19-хэм - екIуэкIынущ. Республикэм къы­щызэрагъэпэщащ хэхыпIэ участкэ комиссэ 355-рэ, къэрал псом щызэхэтыну IэIэтхэм къадэкIуэу, щIыпIэм щекIуэкIынущ муниципальнэ хэхыныгъэу 122-рэ, абыхэм ящыщу 112-р къуажэхэм, 7-р къалэ щIыпIэ-хэм, 3-р республикэм и къалэ округхэм ­яхуозэ. Къэблэгъа IэIэтым зэрызы­хуагъэхьэзыр щIыкIэм теухуауэ къэпсэ­лъащ Джэш Вячеслав. «Ар къызэрымы-кIуэу ин политикэ Iуэхухэщ икIи ахэр шына­гъуэншэу, сыт и лъэныкъуэкIи тэмэму къызэгъэпэщауэ егъэкIуэкIын хуейщ», - къыхигъэщхьэхукIащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Iэтащхьэм.
Республикэм и унафэщIым гулъытэ хэха хуищIащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм ­террор шынагъуэншагъэр къы­щызэгъэпэ­щыным. Гъэ еджэгъуэщIэм республикэм щылэжьэнущ цIыхухэм щIэныгъэ щра­гъэгъуэт IуэхущIапIэ 341-рэ. ЕджапIэхэр террорым щыхъумэ­ным хуэгъэпса лэ­жьыгъэшхуэ ирагъэ­кIуэкIащ, абы мафIэс къэмыгъэ­хъуным-рэ санитар-эпидемио­логие щыты­кIэм я нэIэ трагъэтынымрэ ­хуэгъэзахэри хэту. Абы и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIахэм я ­гугъу ящIу къэпсэлъащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий, КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.
Урысей Федерацэм терроризмэм щыпэ­щIэтыным хузэхалъхьа план зэгъэуIуам, 2019 - 2023 гъэхэм ятещIыхьам, щыубзыхуа­хэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуауэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжащ зэIущIэм кърихьэлIахэр, щхьэхуэу къэпсэлъащ КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ Залым.
Зэхуэсым щызэпкърахыну ягъэува Iуэ­хухэм хэплъа нэужь, КIуэкIуэ Казбек абы хэт­хэм ягу къигъэкIыжащ властым и гъэ­зэщIакIуэ, муниципальнэ органхэр респуб­ликэм исхэм я шынагъуэншагъэр къызэ­-гъэ­пэщыным теухуауэ хабзэхъумэхэм быдэу япыщIауэ ядэлэжьэным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр. УнафэщIым муниципаль-нэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ пщэрылъ ящищIащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным адэкIи я нэIэ трагъэтыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм зэ­Iу­щIэм хэтхэм гу лъаригъэтащ Iулъхьэ зэ­Iэпыхыным ебэныным хуэгъэза лъэпкъ план, 2021 - 2024 гъэхэм ятещIыхьауэ, зэ­хэлъхьэным теухуауэ Урысейм и Прези­дентым шыщхьэуIум и 16-м Iэ зыщIидза указым зэрыщыубзыхуам тету, республикэм и къэрал властым и органхэм коррупцэм пэщIэтыным хуэгъэза лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIын зэрыхуейм. Абы къэрал ­къулыкъущIэхэм яхь жэуаплыныгъэр нэхъри егъэткIий икIи Iулъхьэ зэIэпыхыным пэщIэтын лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр щы­зыIэрыгъэхьэным хуэгъэпсащ. КIуэкIуэ Каз­бек къалэн ящищIащ Урысейм и Президентым и указым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIа хъун папщIэ, республикэм и зы­хуэфащэ дэфтэрхэм зэхъуэкIыныгъэхэр ­халъхьэну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.