АДЫГЭ КХЪУЖЬЕЙМ ДЭФТЭР ХУЗЭРАГЪЭПЭЩ

Адыгэ республикэм щапхъэ пщIыну щхьэпэ Iуэхушхуэ къыщаIэтащ. Адыгейм щыIэ Урысей географие зэгухьэныгъэм и мурадщ КъэкIыгъэхэм я генофондыр хъумэнымкIэ урысейпсо институтым гуэту адыгэ кхъужьей лIэужьыгъуэ къэс паспорт хуагъэхьэзырыну.
Кавказ Ищхъэрэм пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг куэд цIыхум къыщыхуагъэIурыщIащ. Ди бзэм жыгхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ щызэрахьэ фIэщыгъэхэри къоув абы и щыхьэту: кхъужьIэрысей- кхъужьIэрысэ; мыIэрысей - мыIэрысэ; балий Iэрысей – балий Iэрысэ, къинэмыщIхэр. А псоми «Iэрысэ» псалъэр зэрадэщIыгъум къегъэлъагъуэ ди япэ итахэм къэкIыгъэхэр яцIыху къудей мыхъуу, ахэр цIыху цIыкIум шхыныгъуэ хуащIыным гуащIэшхуэ зэрыхалъхьар. Дунейпсо къэкIыгъэ псалъалъэм алыдж дэр («грецкий орех») зэритыр «адыгэ дэуэщ» (circassian walnut). Апхуэдэщ адыгэ кхъужьеймрэ кхъужьымрэ я Iуэхури.
Урыс-Кавказ зауэм тетхыхь куэдым ягу къагъэкIыж хэкурысхэм ябгына щIыхэм жыг лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр къыщагъуэту зэрыщытар. Абыхэм ящыщ гуэрхэр ди нобэми къэсащ. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIы кхъужьейхэм хуэдэу жыгитI Адыгэ республикэм хыхьэ Каменномостскэ къуажэм ущрохьэлIэ. Езыхэр илъэс 200-м зэрыщIигъум нэмыщI, дэтхэнэ зыми ди адэжьхэм дагъэкIауэ щыта къудамэхэм я лъэужь тыболъагъукI.
Кърахьэжьа Iуэхум ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрызэфIах щIыкIэм щыгъуазэ дещI Адыгэ республикэм щыIэ Урысей географие зэгухьэныгъэм и унафэщI Агай Игорь: «Адыгэ университетым и гъусэу дэ ди мурадщ кхъужьейхэм паспорт яхузэдгъэпэщыну, «база данных» жыхуаIэм хуэдэ къахузэIутхыну. Абы и фIыгъэкIэ дэ Iэмал дгъуэтынущ кхъужьейхэр щэнхабзэмрэ щIыуэпсымрэ я хъугъуэфIыгъуэхэм хедгъэбжэну. Сыт абы къытхуихьынур? Жыгхэм я хъуреягъкIэ бжыхь ягъэувынурэ, зыгуэркIэ мы щIыпIэм ухуэныгъэ Iуэху къыщрахьэжьэмэ, ахэр ираупщIыкIыну хуитыныгъэ яIэнукъым».
Языныкъуэ кхъужьейхэм я ныбжьыр илъэси I50-200-м ноблагъэ, ныбжьышхуэ зэраIэм щхьэкIэ къэмынэу, пхъэщхьэмыщхьи къапокIэ. Европэм къраша кхъужьей лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэ дыдэу илъэс 50-60 псэуми аращ. КъызэрыщIэкIымкIэ, адыгэ кхъужьейм и гъащIэр абыхэм нэхърэ ззэрынэхъ кIыхьым ищIыIужкIэ, къыпыкIри щыкIэ нэхъыбэщ.
Адыгэ кхъужьыр хьэпIацIэм нэхъ щыхъумащ, щIымахуэри нэхъ тыншу ирех. Адыгэ хадэгъэкIхэм жыгыр хьэпIацIэм кърагъэлын папщIэ щхъухьрэ хущхъуэрэ траутхэу щытакъым. ИтIани, тхьэмпэхэри пхъэщхьэмыщхьэри узыншэу, къабзэу къызэтенэрт.
ЩIэныгъэлIхэм, япэрауэ, Адыгэ республикэм адыгэ кхъужьейуэ къинар къапщытэу, ахэр зэрызэщхьэщыкI и лъэныкъуэкIэ зэхагъэкIыу, дэфтэрхэм иратхэну я мурадщ. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ ират дэтхэнэ жыг лIэужьыгъуэри нэхъ къыщыкI хабзэ щIыпIэр яубзыхуным. ЕтIуанэ лъэбакъуэр – ахэр зэрагъэбэгъуэн Iэмал къалъыхъуэнырщ. Ещанэр – абыхэм я ДНК-р къахутэнырщ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм хэпщIа биологие щIэныгъэхэм я доктор, АГУ-м физиологиемкIэ и кафедрэм и доцент Шаповалов Максим зэрыжиIэмкIэ, адыгэ кхъужьейр псэ зыIут тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъщ, цIыхум щIыналъэр езым и фейдэкIэ губзыгъэу къызэригъэщхьэпэфым и щыхьэт наIуэщ.
«Адыгэ кхъужьеижьхэм псэщIэ къахэгъэхьэжауэ, ахэр туристхэми егъэцIыхун хуейщ, - и гуращэхэр наIуэ къещI Шаповаловым. - Адыгейм щыщ куэдым къалъытэ республикэм и дамыгъэу кхъужьыр щытын хуейуэ».

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)