ДИ ЧЕМПИОНХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Токио щекIуэкI XXXII Гъэмахуэ Олимп джэгухэм Урысейм и олимп и спортсменхэм иужь махуитIым я медалхэм щыхагъэхъуащ.
Гъубж кIуам ди олимп чемпионхэм къахэхъуащ Рылов Евгений. ЩIыбкIэ телъу метрищэкIэ псым щесым ар япэу къэсащ. Абы зы мэскъалкIэщ къызэрыкIэрыхуар нэгъуэщI ди хэкуэгъу Колесников Климент. Аращ дыжьын медалыр зылъысар.
Еханэ дыщэр Токио щекIуэкI зэхьэзэхуэшхуэм къыщытхуихьащ спорт гимнастикэмкIэ Урысейм и олимп спортсменхэм я цIыхубз командэ къыхэхам. Ар хуабжьу дызыпэплъа Iуэхугъуэщ.
Абы кIэщIу иужь иту нэгъуэщI хъыбарыфIи къэIуащ - тхэквондист Ларин Владислав олимп чемпион хъуащ. Килограмм 80-м щIигъухэм я зэпеуэм и финалым абы 15:9-уэ щыхигъэщIащ Македонием щыщ Георгиевски Деян.
Ди къэралым икIахэм ящыщу Токио япэу дыщэ медалыр къыщызыхьа Бацарашкинэ Виталинэ етIуанэри зыIэригъэхьэным зы мащIэ дыдэщ иIэжар. АрщхьэкIэ Черноусов Артём дэщIыгъуу зыхэта пневматикэ кIэрахъуэмкIэ метрипщI зи жыжьагъ нэщанэм еуэнымкIэ зэпеуэм хэгъэрейхэр япэ къыщрагъэщащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм дыжьын медалхэр къахьащ Урысейм и олимп спортсменхэм я цIыхухъу командэ къыхэхам псым есынымкIэ метр 200-р захъуэжыурэ плIэнейрэ къыщызэпача зэхьэзэхуэм.
Токио ещанэ увыпIэр дзюдомкIэ зэхьэзэхуэм щиубыдащ Таймазовэ Мадинэ. Килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм домбеякъ медалым папщIэ къеныкъуэкъуа Хорватием щыщ Матич Барбарэ абы тридзащ.
Официальнэу щымыт гуп зэпеуэм хэгъэрейхэм бжьыпэр зэрыщаIыгъщ. Абыхэм я дыщэ медалхэм иужь махуитIым иджыри 5 хагъэхъуащ. Японием и спортсменхэм зы закъуэкIэщ къазэрыкIэрхур китайхэр. Абы щыгъуэми адрей медаль лIэужьыгъуэхэмкIэ я гъунэгъухэр япэ къитщ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм дамыгъэ нэхъыбэ дыдэ (31-рэ) къахьащ. АрщхьэкIэ олимп абыхэм зэкIэ чемпиону яхэтыр 11-щ.

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.04.2024 - 12:35

ХЬЭЦIЫКIУ БАШИР И ЗЭФIЭКI

Ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыху уэрэджыIакIуэ щIалэщ ХьэцIыкIу Башир.

16.04.2024 - 08:21

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ЯПЭ ИРАГЪЭЩУ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат центрым иджыблагъэ республикэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. КъызэрыгуэкI шахмат джэгукIэмкIэ абы щызэпеуащ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм, дзэ Iуэху хэхахэм хэтахэр.

16.04.2024 - 08:19

КIЫЩ АСЛЪЭНБЭЧ И ДЫЩЭХЭМ КЪЫХЕГЪАХЪУЭ

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.04.2024 - 08:18

СОЧЭ КЪАЩЫПОПЛЪЭ

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха.

16.04.2024 - 08:18

КЪЫЩIАГЪЭКIЫМ И КУЭДАГЪЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ -мазаем къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIа IэфIыкIэхэкIхэм я куэдагъым процент 24-кIэ, н