Жэрдэм щхьэпэ

Гулъытэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм хэтхэм зэIузэпэщ ящIащ Налшык къалэм дэт курыт школ № 10-м къедзылIа щIыпIэр. Ар къызэIуахащ бадзэуэгъуэм и 23-м. Физическхэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщыхуагъэсэну хаха щIы Iыхьэм метр зэбгъузэнатIэу 100-м нэблагъэ къызэщIеубыдэ. НэхъапэIуэкIэ абдеж щIалэгъуалэм баскетболым и закъуэт зэрыщыджэгур. Адрей спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуагъасэр школ кIуэцIырт. - Курыт еджапIэм спортым зыщыхуагъэсэ щIыпIэ зэримыIэр щызэхэтхым, «ЩIалэгъуэ гвардием» и штаб нэхъыщхьэр а Iуэхум хэдгъэгъуэзащ икIи ахъшэкIэ зыкъытщIигъакъуэри, лэжьыгъэхэр къызэдгъэпэщащ. Турникхэр я фIагъкIи тэмэму, уасэми нэхъ уезэгъыу тхуэзыщIын къыщыдгъуэтащ Ульяновск щIыналъэм. Абы и фIыгъэкIэ мы Iуэхур къызэдгъэпэщыфащ сом мин 200-м къриубыдэу, - жеIэ КъБР-м и «ЩIалэгъуэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абазэ Албэч. Курыт школым и унафэщI Чэрты Артур Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщащ еджапIэм дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр. - Мы зэманым щIалэгъуалэ, ныбжьыщIэ спортым зедгъэужьыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар мызэ-мытIэу къыхигъэщащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. Абы къыхэкIыу си гугъэщ мы Iуэхур ди сабийхэм къащхьэпэну, я узыншагъэми сэбэп хуэхъуну, - жиIащ абы. Спорт утыр Iэтауэ къызэIуахащ ГТО-м къызэщIиубыдэ IыхьэхэмкIэ еджакIуэхэр зэпрагъауэу. А Iуэхум зыкърагъэхьэлIат егъэджакIуэхэмрэ «ЩIалэгъуэ гвардием» хэт спортсменхэмрэ. Ахэр зэхьэзэхуащ зэдэжэнымкIэ, нэхъ жыжьэ лъэнымкIэ, зэпекъунымрэ зыщIэIэтэнымкIэ, спорт Iэмэпсымэ дзынымкIэ, хьэлъэ къэIэтынымкIэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.