Унагъуэм и пщIэм хагъэхъуэн мурадкIэ

ХьэрычэтыщIэ, псапащIэ, IVS IуэхущIапIэм и унафэщI ­Нэ­хущ Азэмэт и жэрдэмкIэ къы­халъ­хьа «Унагъуэ» Iуэху щхьэпэр ирагъэ­жьащ.
Жылагъуэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэр и тегъэщIапIэу, Нэхущым гу зылъита Iуэху щхьэпэр ­къыдаIыгъащ икIи унагъуэм и нобэрей Iуэху зэIумыбзхэм хэ­кIы­пIэхэр къыхуагъуэтын, щытыкIэм зрагъэхъуэжын папщIэ зэкъуэуващ щIэныгъэ зиIэ, а Iуэхум ­гулъытэ ­хуащIыну зэричэзур ­къы­зыгурыIуэу республикэм ис цIыху зыбжанэ. Апхуэдэхэщ республикэм фIыуэ къы­щацIыху ­психолог Iэзэ Апажэ Валерэ, «Унагъуэ» ­проектым и про­грам­мэхэм я уна­фэщI, Инстаграмым щылажьэ Нал­шык напэкIуэцIым и редактор, инджы­лы­зыбзэмкIэ, усэмкIэ клубхэр къызэзыгъэпэ­-ща Мэзукъэбз Аслъэн, «TPИZ Центр» IуэхущIапIэм и унафэщI ­Махуэ Нурхьэни-Миланэ, Инстаграмым щиIэ «Уна­гъуэ» ­проектым и редактор Апэ­жыхь Альбинэ сымэ.
- Зым и дежкIи щэхукъым уна­гъуэм и пщIэр нобэ зэрехуэхар. Дуней псор зыгъэпIейтей а Iуэху ­зэ­Iумыбзым и щытыкIэм нэхъыфI­кIэ зытхуегъэхъуэжынущ абы игъэ­гу­завэ дэтхэнэми ди еплъыкIэхэр ­утыку къитхьэмэ, - жеIэ Нэхущ Азэмэт. - Ди къалэн нэхъыщхьэр зэхуэпэжыныгъэр, лъагъуныгъэр, дзыхьыр зи лъабжьэ унагъуэ ­дахэхэм я бжыгъэм хэдгъэхъуэ­нырщ, адэ-анэхэмрэ я бынхэмрэ я зэхущытыкIэхэр нэхъри дгъэбы­дэ­нырщ, едгъэфIэкIуэнырщ. Абы ехьэлIа программэхэр диIэщ. Лекцэхэр, ­семинархэр къызэдгъэ­пэ­щынущ.
Проектым хэтхэр елIэлIэнущ нэхъапэм унагъуэм жылагъуэм щиIа пщIэр къэIэтыжыным, адэ-анэ­хэмрэ щIэблэмрэ я иджырей щы­IэкIэр ирагъэфIэкIуэным.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.