Къурмэн хуащIащ унагъуэ 1000-м щIигъум

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Къурмэн хьид махуэшхуэр. Дэтхэнэ зы муслъымэнми къытохуэ ­къурмэн ищIыныр, ар къызыхихын мылъку бгъэдэлъмэ. Дызэрыщыгъуа­зэмкIэ, республикэм и цIыху куэдым ягъэзащIэ а къалэн лъапIэр. Абы ирихьэлIэу псапэ зыщIэхэри ди мащIэкъым, апхуэдэхэм зыхузэфIэмыкIхэр гулъы­тэншэу къагъанэркъым.

КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ мы махуэхэм уна­гъуэ хуэмыщIауэ 1000-м щIигъум къурмэн ящIыну Iэмал иратащ. Iуэху щхьэпэр даIыгъащ ­республикэ, жылагъуэ унафэщIхэм, пса­па­щIэхэм. КъищынэмыщIауэ, Сирием ­къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми зыщIагъэ­къуащ.
Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм сыт хуэдэ IуэхукIи гулъытэ къазэрыхуищIым папщIэ фIыщIэ хуещI КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, ап­хуэдэуи Къурмэн хьид махуэ лъапIэм ирагъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхухэм зи мылъку хэзылъхьа псоми абы фIы къахудэкIуэну йохъуэхъу.
- ФIы зыщIэрщ, гуапагъэр зи Iэпэгъурщ, пэжым тетырщ зи Iуэхур сытым дежи дэ­кIынур, - жиIащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэз­рэталий. - Узыншагъэ, насып, фIы­гъуэ фи унагъуэ жьэгум дэлъу, псапэ Iуэху­хэм тевгъэкIуадэ мылъкур фхуэба­гъуэу Тхьэм фигъэпсэу!

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.