Кърур и закъуэу уэгум къремынэ!

ГъукIэныр япэ дыдэ цIыхум IэщIагъэ хуэхъуахэм ящыщщ. Пасэм ар IэщIагъэ къудейуэ ­мыхъуу, мэгъугъэу къалъытэрт. Апхуэдэу щIыщытыр мафIэр - дунейм и къэхъугъэхэм ящыщу нэхъ IэубыдыпIэншэр, шынагъуэр - ­къагъэIурыщIэурэ гъущIыр жыI­э­даIуэ зэращIыфыр арагъэнут. ­ГъущI плъа сыджым телъым уадэкIэ еуэху хъуаскIэр къыпы­лъэлъырт. ХъуаскIэм къыщалъэ­тыхь кIыщыр къуажэм пэIэщIэу, нэхъыбэм псы ежэхым пэгъу­нэгъуу щытти, абы нэхъри гурыщхъуэ къыхэкIырт мы IэщIагъэр зыIэщIэлъхэр адрей цIыхухэм емыщхьу. А IэщIагъэ хьэлэмэтым пэрыта, «и уадэр уэрэд жиIэу, къигъафэу, мо хужьу плъа гъущIым зэрытехуэу, хупхъэм тхьэвыр зэрыхихум хуэдэу, хихуу, зыхуейм хуигъакIуэу» кIыщым щIэта цIыхум уадэ хьэлъэр къыIэщIэпх­рэ Iэпэрытхэр IэщIэплъхьэмэ, сыту пIэрэт къэхъунур?

Къэхъунуращи, тхакIуэ, усакIуэ хъунущ. Хъунущ жьакIуэ. И гупсысэкIэ жаным мэгъуфэ къыт­ригъауэу, и псалъэ пэжым цIыхупсэм щIыкIэ ириту, къигъэщI лIыхъужьхэр хэти фIым и IэщакIуэрэ ем и лъыхъуакIуэу, хэти фIым и IэщакIуэр зыпэщIэт ем и лэжьакIуэрэ гущыкIыгъуэу. Ар-тIэ зэсар махуэм хъуаскIэр къыпылъэлъу «Тхьэм ибгынэжа гъущI кIапэжьым псэ хилъ­хьэрэ» хьэпшып щхьэпэ къыхищIыкIыу, жэщым пщIыхь дахэ епщIыхьущ: Лъэпщ и лъащэIэмпIэм бгъэдэтщ, нарт Сосрыкъуэ и Тхъуэ­жьейм тесрэ и бжыщхьэ дыкъуа­къуэр сысу къыIуохьэ, и пыIэ щыгум дыгъэр кIэрахъуэу къитщи, уригъэплъыркъым, тажыр зэрыщхьэрихыу, Къэжэр ХьэкIашэ мэхъу. Иджы, кIыщым къыщIэбэкъукIри, щIэныгъэм и бжэр зэIуихащи, къегъэщI дуней зэмыфэгъу, дызэсэжауэ нэм къыфIэмынэжым и телъыджагъыр къыдигъэщIэжу, псэуныгъэм дыпы­щIаурэ гу зылъыдмытэ дахагъэхэр къытхузэIуихрэ, ди нэхэр игъэхъуэ­пскIыу, ди щхьэ Iуэхум дитхьэкъу­пауэ дибгъукIэ къыщыхъу насыпыншагъэ дымылъагъуххэм дришалIэрэ, быдэ хъуа цIыхугур къигъэщIытэжу, игъэузу.
Зы гъукIэ хэмыIэбэу езыр-езыру гъущIым къыхэщIыкIам хуэдэ хъуа цIыхум и псэр къыIуигъэкIэжынурэ, хигъэплъэжынущ зытет щIым хьэ­лэмэт куэд къызэрыщыхъум, Iейри фIыри зэрызэхэухуэнам, пэжри пцIыри зэрызэдэгъуэгурыкIуэм, дахэри наджэIуджэри зэрызэдэпсэум, жэщкIэ вагъуэхэр къызэрыт­хуеплъыхым, махуэкIэ удз гъэгъа гурыхьхэм мэ гуакIуэ къазэрыпихым, хъуреягъым зи Iуэху дэкIи тхьэмыщкIи зэрыщыкуэдым.
ЖыхуэтIэ псори зыбгъэдэлъар, зылъэкIар Нало Заурщ. Ар кIыщым къыщIэкIащ гъущIым хуэдэу и хьэлыр псыхьауэ, зыри зыкIи зыщымыгугъыж гъущI кIапэм псори зыхуэныкъуэ хьэпшып дахэ къыхищIыкIыу зэрыщытам хуэдэу, и псалъэ Iущ, шэрыуэмкIэ цIыхум я гум дахагъэм абгъуэ щригъэщIыфу, зыр адрейм хуэныкъуэ ищIыжыфу, Iеймрэ фIымрэ зэхагъэкIыу фIым и телъхьэ хъуну къыхуриджэу. Заур гъукIэу къэнащ. Iэмэпсымэр ихъуэжауэ аркъудейщ. Тыншкъым лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыну гупсысэ нэхъыщхьэр адрей псом къыхэбгъэщхьэхукIыу, цIыхум я деж нэсын псалъэкIэ къару щIэплъхьэну.
Нало Заур емызэшыж гъуазэу лъэпкъым иIащ, псом нэхъапэр щIэныгъэрауэ зэрыщытыр езым и щыIэкIэмкIэ нахуэ ищIрэ къигъэщI образхэмкIэ щIигъэбыдэжу. ЩIэныгъэу щыIэм ящхьэжыр анэдэлъхубзэр фIыуэ пщIэныр зэрыарар псэуху жиIащ, а гупсысэр «сэ сыадыгэщ» жызыIэ дэтхэнэми и гум щипсыхьу. Налом и щIэныгъэ лъэщапIэм къыщIэкIа беягъым адыгэ дунейр зэIузэпэщ ищIыфынущ, абы къы­щылыда гупсысэхэм я хъуаскIэм адыгэ дунейм къуапэлъапэу иIэр ­къигъэнэхунущ. Джын, зэгъэщIэн хуейуэ аркъудейщ.
И щIалэгъуэм кIыщым щыщIэтамрэ адэкIэ къигъэщIа гъащIэр тхэным зэрытриухуамрэ зэпыхыпIэ имыIэу зэрызэпытыр шэчыншэ ещI езыми гъукIэр мызэ-мытIэу и рассказхэм лIыхъужь зэрыщищIам, цIыхур зыгъэцIыху щытыкIэ дахэу щыIэр абы зэрабгъэдилъхьам.
«Къру закъуэ» зыфIища тхылъыращ Налор зэи IэщIыб ямыщIы­жыфын тхакIуэу тхылъеджэхэм ­къезыгъэцIыхуар. А фIэщыгъэ дыдэр зезыхьэ новеллэм къы­щытцIыху Къэжэр ХьэкIашэ адыгэ литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм къигъэщIа образ нэхъыфIхэм ящыщщ. ЦIыхугъэ нэгъэса зыхэлъ, и къуажэгъухэм я деж емыкIу гуэр къыщихьынкIэ гузавэу, къыхуэныкъуэхэм асыхьэту къа­гъуэтын хуейуэ къэзылъытэ гъукIэм и гъэсэн БлутI, «кIыщым лэжьыгъэ щIэлъкъым, сыт щытщIэнур?» щыжиIэкIэ, жэуап ирет: «…Догуэ, зыгуэрым и фIанэ къутауэ къокIуэ, лIо пщIэжынур? Уи напэр текIакъэ?» ­ГъущI кIапэр шыр теувэхукIэ тхыпхъэ тезыдзэ налым хуэзыгъакIуэ ХьэкIашэ и гъэсэным игуми три­дзащ напэм, укIытэм, хьэтырым, зэхэщIыкIым, щысхьым я нагъыщэ. Хэгъэзыхь хэмылъу, уэршэр защIэкIэ щIэныгъэм и IэфIыр зыхригъэщIащ, псалъэр игъэджэгуурэ, зыпэмыплъэхха упщIэ къыхуигъэувурэ гупсысэкIэ иригъэщIащ. Що­джэнцIыкIу Алий, Пушкин Алек­сандр, Лермонтов Михаил сымэкIэ литературэм и гъунапкъэхэр зэрымыгъэбыдам щыгъуазэ ищIащ.
ХьэкIашэ и кIыщым гъущIхэкIым къыхэпщIыкI хъуну хьэпшыпу цIыхум къыщамыгъуэта къэнакъым, ауэ а псори зэ лэжьэжынут, къутэжынут, сыт хуэдэу Iэзэу ар ­гъукIэм имыщIами. Ауэ БлутI къы­хилъхьар мыкIуэдыжын, мыкIуэ­щIы­жын, мыужьыхыжыну лъэп­къым деж къыщыщIидзыжащ. Мыбдежым гугъу мэхъу новеллэм хэт лIыхъужьымрэ ар зи гупсысэ къы­хэтэджыкIа тхакIуэ дуней нэпцIу жыхуаIэм щыпсэумрэ щхьэхуэныгъэ гуэр яку илъу къэпхутэныр. БлутI и нэкIэщ и гъукIэм дызэреплъыр, Налом и псалъэ къэуатхэмкIэщ а тIум я хьэлэмэтагъыр къэIуэта зэ­рыхъур.
ЦIыхум и гъащIэр щыз хъун ­папщIэ зыхуеину хъуар бгъэдэлът ХьэкIашэ: зыми хуэмыдэ IэщIагъэ, къызэрымыкIуэ гупсысэкIэ, IэпэIэсагъэкIэ къилэжьа пщIэшхуэ, щIэ­ныгъэ куу, гушыIэ дахэ, хуэфэщэн ткIиягъ… Ауэ сыт мы лIыжь Iумахуэм гущIэгъу хуэтщIу новеллэр щIиухыр? Нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэ­ныкъуа гуэр къимыгъуэтауэ къыпщохъу. ЖимыIэ гуэр псэкIэ псэуху игъэва хуэдэщ. Абы гъущIым къыхищIыкIат къру закъуэ, уэгум иту жьым хэсыхь фIэкIа умыщIэу. И дамэшхуэхэр щIеупскIэ, и пщэмрэ и лъакъуэхэмрэ укъуэдиящ. И дамэ Iэтахэр тIэкIу къызэрыгъэша щIыкIэм псэ хэту къыпфIегъэщI. «Сурэтым псэ зэрыхалъхьэ Iэмалыр дэнэ къыщищIар ХьэкIашэ - игъащIэм сурэт зымыщIа, ящIуи зымылъэгъуа ХьэкIашэ?» - егъэщIагъуэ БлутI. АрщхьэкIэ… Къыкъуэ­кIащ зы лIы гъум кIэщI, къру сурэтыр зыщIар ХьэкIашэу къыщищIэм: ­«Ау-у-у-! Ар дауэ уи псэм дэхуа?...», - жиIэу. ГъукIэм и къру закъуэр сыдж упщIапхъэм трилъхьэри, цIыкIу-цIыкIуу зэпигъэлъэлъыжащ. ХьэкIашэ и Iэр зыхуихьыжа хуэдэу мэIу а псалъэхэр. Сыту гущIыхьэ укъызыгурыIуэн ущимыIэр! ДалэфI дэкIауэ щызэхуэзам, БлутI и гъэсакIуэм къыжриIэгъауэ щыта псалъэ шэ­рыуэхэр игу къыхуигъэкIыжат: «Къру закъуэр уэгум къинэмэ, кIуэ­дыгъуафIэ мэхъу, лIы пелуаныр закъуэ хъуамэ, сабий хуэдэ къонэ!». И IэдакъэщIэкI телъыджэр щызэпигъэлъэлъыжам нэхърэ мынэхъ мащIэ гуауэ хэлъщ ХьэкIашэ абы иритыжа жэуапым: «Иджыри къэс пщIэжрэ ар, БлутI?!» И пащIэ къетхъухам нэщхъейуэ къыщIэгуфIыкI хуэдэу ищIат.
ХьэкIашэ езым и дуней иIэжт, уэрэд, усэ, хъыбар хьэлэмэт, псалъэ дахэ, гурыщIэ куу, щIэныгъэ зэпэщ щызекIуэу. Ар езым и псэ закъуэр щыхъуапсэ дунейт… Хишэн, хы­хьэфын иIакъым. Хъуреягъым щыIэм къызэралъытэмкIэ, псэ зыIутым и сурэт пщIы хъунутэкъым, гуэныхьт, жыхьэнмэт.
Езым и сурэтщ ХьэкIашэ ищIар. «Си закъуэпцIийуэ уэгум ситу, сы­гузавэу, сыджэу, си гъусэхэр кIуэдарэ сымыгъуэтыжу, сышынэу, сыпIейтейуэ Iэджэрэ пщIыхьэпIэу слъэгъуащ», - къыжреIэ абы БлутI. Апхуэдэуи ихьащ и гъащIэр. Ауэ, и нэгу къыщIыхьэмкIэ, и къэухьым къиубыдымкIэ, и псэр зыхуэпхъэрымрэ и гущIагъщIэлъхэмкIэ зыдэгуэшэн акъылэгъу имыIами, и хъуахуэ зытрихьа щыIащ: БлутI къыхэкIащ ар зыщIэхъуэпсар зыгъэзэщIэн телъхьэгъу. ГъукIэгъэ­сэныр хъуащ IэпщIэлъапщIэ, щIэныгъэрылажьэ, гущхьэгъэсэныгъэ лъагэ зиIэ, къэухь Iузэ зиIэхэр зыузэщI, псэкIуэдащIагъэр, сурэт щIыныр мыхъуу, нэгъуэщI щытыкIэ гуэрхэм зэрепхар езыми къыгурыIуэу, нэгъуэщIхэми къагури­гъаIуэу. Мис мыбдежи зэхэгъэкIыгъуей щохъу литературэ лIыхъужьыр щиухымрэ дуней нэпцIым щыпсэу цIыхум къыщыщIидзэмрэ. Абы наIуэ къещI Налом ди пащхьэ ­кърихьэ дунейр гъащIэм зэры­пыщIар, зытетхыхьхэр абы къы­зэрыщи­гъуэтар, ауэ, дауи, дигъэ­лъагъур а къигъуэтахэм трищIы­-    кIа сурэт къудейкъым, атIэ философие, психологие, тхыдэ пэж и лъэны­къуэкIэ узэда Iуэхугъуэхэмрэ теплъэ­гъуэхэмрэщ.
Нобэрей махуэр зыхуэныкъуэ цIыху гъэсэкIэ телъыджэ щыдо­лъагъу «ГъукIэкъуэм и лIыгъэ за­къуэ» новеллэм. Абы къыхэщ гъукIэ лIы­жьым и къуэм къыхузыкъуих ткIиягъым хуэдэ иджырей адэ-анэм ­къалъыкъуэкIыныр узыщымыгугъынщ. Къэухьым къриубыдам елъы­тащ гур зыхуэпхъэрыр: ди Iуэху еплъы­кIэр, гурыIуэкIэр, тхэлъ хабзэр. Сытым къыпкърыкIа гъукIэм шхуэр къищтэу ешыху и къуэр иукIыныр, щIалэр зэрыгушхуэ и ­пащIэр иупсын хуейуэ унафэ ­хуи­щIыныр, псом ящхьэжыращи, лIыгъэ зехьэпIэ ­ихуауэ къилъытэу ­къидыгъуа пщIэгъуалэр къызэришам хуэдабзэу зейм хуишэжыну зэрыпигъэувар? ПщIэгъуалэр ишэ­жыну къудейкъым, саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхур ­телъхьэ хуищIынущ. Бын пэпсалъэр мыхьэлэмэтыж щыхъуа нобэрей махуэм диплърэ новеллэм къы­щыIуэтар къыщыхъу далэм дыхуе­плъэкIыжмэ, узрегъэхъуапсэ лIы­жьым и унафэр гъэзэщIа зэрыхъунум зы шэчи къызэрытримыхьэм.
- Iэбжьанэ фIейкIэ упсэуну мурад пщIауэ ара? - мы зы упщIэр уна­гъуэм илъ зэхущытыкIэми зэрыунагъуэу гъащIэм хуаIэ щытыкIэми и жэуапщ. Лажьи шхэж, зыми зэран ухуэмыхъу, уи пщIэр Iыгъыж, узыгъэсам и пщIэр лъагэу Iэт. Армырамэ… Уи псэм бэлыхьищэр телъу къэбдыгъуа шыр уи напэр сыуэ, уи фэм уипщхьэжу, къызыфIэбды­гъуам хуэпшэжынурэ зыбумысы­жынущ, «къысхуэгъэгъу» къикIыу, саур фIыцIэ зытебза адыгэ къамэ Iэпщэхури IэщIэплъхьэнущ. А щIалэм и гъащIэм а гъуэгуанэм нэхъ ­гугъу къыхухэхуауэ къыщIэкIынукъым - я пщIантIэм къыдишу къэ­закъ къутырым зыша гъуэгур. Шыр къыщидыгъуам лIыгъэ зэрихьауэ къалъытами, лIыгъэу хэлъым хуэныкъуэ щыхъужар а гъуэгуанэм техьа нэужьщ. УкIытэрт.
Дауи, гъукIэм и къуэр иужэгъужатэкъым, адэ лъагъуныгъи хуиIэт, щысхьуи, фIэгуэныхь хъууи къы­щIэкIынт, ищIар щIалагъэ-делагъэм къызэрыхэкIари къыгурыIуэрт. И гурыщIэхэм япэ иригъэщащ напэр. Хуейт и къуэр цIыху дыдэ хъуну. Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ и къуэм илэжьа щIэпхъаджагъэр иригъэбзыщIыну а лIым Iулъхьэ иту. Iулъхьэ итащ и напэр итхьэщIыжыну.
- ГъукIэ Iэзэу къыщIэкIынщ уи адэр? Шэч хэмылъуи лIыфIщ, - къыжреIэ псори къызыгурыIуа къэзакъым. Адэм и Iэпэ къыпыкIа къамэм и дахагъымрэ и цIыху пэжагъымрэ ихьэхуащ хамэбзэкIэ псалъэ, хамэ хабзэ зезыхьэ, хамэщI къикIа цIыхур. Зи Iэпэ дахэ къы­пыкIыр дахэ щIэхъуэпсу псэуращ. Апхуэдэущ абы къызэрыгурыIуэр: къамэм тращIыхь тхыпхъэм и за­къуэкъым дахэн хуейр. Иредахэ хьэл-щэныр, зэхущытыкIэхэр, гуп­сысэкIэр, Iуэху зехьэкIэр.
Нало Заур гъащIэм и зы Iыхьэкъым зытетхыхьар. Ихъуреягъым къыщыхъум гупцIанэу пэджэж тхакIуэм езым и унагъуэм игъэу­нэхуа гуауэри лъэныкъуэ хуегъэзакъым. «Ди адэр зэрагъэтIысар» зыфIища новеллэм къыщыгъэлъэгъуэжар фIища цIэм зы унагъуэ Iуэхуу къыпщигъэхъуми, апхуэдэ гузэвэгъуэр куэдт. Щысхьыншэу цIыхур щагъэкIуэд лъэхъэнэт. А зы унагъуэм и тхыдэмкIэ тхакIуэм ди нэгу щIигъэкIыжащ щIэпхъаджагъэр хабзэ щытыкIэм ирагъэувауэ, хейр мысэ щIыныр пщэрылъ зыщащIыжауэ, лей зехьэныр захуагъэр хъумэным пагъэкIуауэ къэрал псом щызекIуа гъащIэр, ем къызэгуич­хэм я гур лажьэ зимыIэм трагъэпщэхэну игъуэ зэрихуар. Псалъэ хэIэтыкIаи мылъыхъуэу, ткIийуэ зыри имыукъуэдийуэ, ауэ щыс­хьырабгъу зымыщIэ пэжыр къиIуа­тэурэ, дигъэлъэгъуащ гу къабзэ зыкIуэцIылъ цIыхухэри екIуэкI далэм хуэкIуэ фэ зытезыгъэлъэдэф пцIыIуэпцIышэ лейзехьэхэри. А лейм и кууагъымрэ зэрышэчы­гъуеймрэ къеIуатэ гуузу зи адэр яукIа, иджы гущIыIэ-псэщIыIэхэр «фызабэкъуэкIэ» зэджэ щIалэ цIыкIум и щытыкIэм: «Си псэр шэдыбжь мафIэм пэрылъщ. Си гум шабзэр пхридзащ. Дунейр апхуэдизу гуа­жэщ, апхуэдизу гуемыIущи, слъэкIамэ, скъутэжынут, уафэ IупщIэхэр къеджэрэзэхыу, вагъуэ­хэр къелъэлъэхыу». Сыт хуэдэ псантхуэрэ акъылрэ уиIэн хуей апхуэдэ гуауэм укъыхэхъукIыу, цIыху дыдж ­умы­хъуу, уи лъагъумыхъуныгъэм дунеижьыр зэщIимыщтэу, лъыщIэ­жыным упы­мыхьэу, гъащIэ зэщы­мыщхъур зэтегъэувэжыным упэры­хьэн папщIэ? Аргуэрыжьщи, дэнэ нэс мы ды­зытепсэлъыхьым литературэр, дэнэ деж ди дуней нэпцIкIэ зэджэм къыщыщIидзэр?
«Ди адэр зэрагъэтIысар» зыфIища новеллэм Заур къыщигъэлъэ­гъуэжащ къэхъуа залымыгъэмрэ залымыгъэзехьэ лIыгъэтIысхэмрэ, абыхэм къагъэхъуар зи фэм дэкIа насыпыншэхэр. Хабзэхъумэ зыфIэ­зыщыжа хабзэкъутэхэм лъэпкъым зэраныгъэу къыхуахьам и щыхьэтщ мы новеллэр, дегъэлъагъуж къуажи къали гуIэ нэпскIэ зэрагъэнщIар, лэжьыгъэм хэзагъэхэр, псэукIэ зыщIэхэр зэрагъэкIуэдар, цIыхур гъэпудыныр, гъэмэжэлIэныр, щIы­Iэм егъэсыныр, и псэр щхьэ­зы­фIэфIагъкIэ гъэныныр IэщIагъэрэ Iэужьу зэраIар. Сыту гуауэ зэхуэдэу гугъу зэдехьу дыгъуасэ зэдэлэжьахэр, пцIыупсу къэмыгъуэгуры­кIуахэр зыр адрейм щыхьэтнэпцI хуэхъуным ирахулIэфу зэрыщытар.
Лъэпкъым и щыIэкIэрэ ар къызэриIуатэ бзэм и Iэмалу Нало Заур и новеллэхэм къыщимыгъэсэбэпа къэнакъым. ЩыIэкIэм - пэжыныгъэ, жыIэкIэм - Iэзагъышхуэ хэлъущ къызэригъэлъэгъуар. Ди тхыдэр тщIэжыну дыхуеймэ, абы хэта гуауэмрэ пцIымрэ къытригъэзэну дыхуэмеймэ, ди псэр дузэ­щIынумэ, псэкIи IэпкълъэпкъкIи узыншэ щIэблэ дгъэсэнумэ, Нало Заур и псэ лъэщапIэм къыщIэкIа тхыгъэхэм деджэурэ Iущ зытщIыныр зы хэкIыпIэщ. «Къру закъуэ» тхылъым фIэкIа щIэдмыджыкIми, гъащIэкIэ зэджэм и фIыпIэм хэша дыхъунурэ ар къызэрыIуэта адыгэбзэ гуащIафIэри дгъэщIэгъуэнущ, лъэпкъыу дыкъызэтенэнущ.
«ТIатIунэ и жэмыкуэр» новеллэм хэт гъукIэгъэсэн Брун ищIа брур зыхуащIам гулъэгу ныкъуэщIым хеIу­ри, игъэкIэрахъуэу щIедзэ. Зэрыхъуар щилъагъукIэ, жеIэ: ­«Къащтэ КъурIэн, езы ХьэкIашэ ищIа хуэ­дэкIэ!» Абы ищхьэжкIэ кIуэ щы­тхъу щыIэтэкъыми, щIалэщIэ цIы­кIум гуныкъуэгъуэу иIар а щытхъум докIуэдыж, и гум имыхуэж ­гу­фIэ­гъуэм пэмылъэщыжу гъыну хуожьэ…
IутIыж Борис тхьэмыщкIэм и жы­Iауэ, щымыIа лIыгъэ зыхэтлъхьэрэ зэрамыгугъэу дыкъыщIэкIатэмэ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу гъукIэ Iэзэ Нало Заур къытхуигъэщIа дунейр нэсу зэдгъэцIыхунти, ХьэкIашэ хуэдэхэм ящIа къру закъуэр щIызэпагъэлъэлъыжын щхьэусыгъуэ щы­Iэнтэкъым, кIыщ щIыхьэпIэм фIэ­лъынт гъукIэм я дамыгъэ палъэу… «Нало Заур зыхуеям дыхуэдэкIэ!», - жытIэфыну, ди лъэпкъыр щIэныгъэщIэхъуэпс хъурэ, и анэдэлъхубзэм емылъэпэуэжу, зэрыхуэфащэу лъэпкъыбзэ ищIыжамэ, ди цIыху ­телъыджэ димыIэжым и псэр Брун нэхърэ зыкIи мынэхъ мащIэу гуфIэнт. Абы и кIыщым къыщызы­лъэтыхьа хъуаскIэхэр ауэ сытми лыдакъым, езым фIыуэ илъэгъуа и адыгэ лъэпкъым хуэщхьэпэн хуейуэ аращи, къремынэ Налор уэгум къру закъуэу.
 

ХЬЭЦIЫКIУ Рае.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.