Операцэ ящIынухэр къыхах

«Валео Вита» клиникэм зи нэпкъпэпкъым дагъуэ иIэу къалъхуа сабийхэм я щытыкIэр къахутэу Iуэху щхьэпэ щекIуэкIащ. Хирургие IэмалхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу узыхуэхъуфыну цIыкIухэр къыхихащ, апхуэдэуи адэ-анэхэм чэнджэщ щхьэпэхэр яритащ жьэ къупщхьэ-нэпкъпэпкъ хирургиемкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ, дохутыр Iэзэ Баиев Хьэсэн.
«Операция улыбка» Iуэхум хэту къыхалъхьа дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэщ, ар «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу» псапащIэ фондыр я щIэгъэкъуэну ирагъэкIуэкI.
Сабий 30-м еплъати, операцэ ящIыну 6 къыхахащ, мыдрейхэм я щытыкIэр нэхъ тынш зэрыщащIын чэнджэщхэр иратащ. Операцэхэр фокIадэм и 26-м къыщыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 5 пщIондэ Грознэ къалэм щрагъэкIуэкIынущ Америкэмрэ Европэмрэ я хирург пажэхэм. Абы зыхуагъэхьэзыру сабийхэм я узыншагъэр къызэрахутэну медицинэ къэпщытэныгъэхэм текIуэдэну мылъкур «ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу» псапащIэ фондым къыбгъэдэкIынущ.
Адэ-анэхэм фIыщIэ хуащI апхуэдэ Iуэху щхьэпэр къызэзыгъэпэщахэм икIи къыхагъэщ Баиев Хьэсэн гущIэгъу зиIэ, цIыхугъэ зыхэлъ, нэгъуэщIым и гуауэр зыхэзыщIэ дохутыр Iэзэу зэрыщытыр.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.