Бэву къыщрахьэлIэж

«Зелёная компания» ООО мэкъумэш IэнатIэу Кременчуг-Константиновкэ, ­Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) къуажэхэм щылажьэм губгъуэ хьэсэхэм джэш­хъурейр (горох) бэву къыщрахьэлIэ-жащ.
Мы махуэхэм ирихьэлIэу гектар 500-м щIигъу Iуахыжати, абы тонн мини 2,3-м нэблагъэ къытрахащ. Гектарым къытекIар, ику иту, центнер 45-м нызэрохьэс.
КърахьэлIэжам и нэхъыбапIэр консерв заводхэм яшащ. ЖыпIэнурамэ, рес­пуб­ликэм и апхуэдэ IуэхущIапIэхэм щы­лажьэхэм мы гъэм я мурадщ нэгъабэ яху­зэфIэкIам щIрагъэгъуу, хадэхэкIрэ пхъэ­щхьэмыщхьэу зэхалъхьэну фIэIугъэр, ком­потым я бжыгъэр, псори зэхэту, банкI мелуан 304-м нагъэблэгъэну.

ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн щIыналъэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.