ЩIэтIысхьэгъуэм и гуащIэгъуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетыр зэ­рыщIагъэтIысхьэ Iуэху­гъуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ зэрыхыхьэрэ мазищ дэ­кIащ. Мэкъуауэ­гъуэм и 12-р зэрыщIэ­тIысхьэ тхылъхэм я къе­Iы­хыным и иужьрей махуэу щыта пэтми, абыхэм хэп­лъэныр, зэхэдзыныр, тхы­лъымпIэхэм я зэхэзе­кIуэм кIэлъыплъыныр иджы­ри увыIакъым, уеб­лэмэ лэ­жьыгъэ нэхъыбэ пыщIащ.
КъБКъУ-м щIэгъэтIыс­хьэ­нымрэ IэщIагъэм зэрыхуа­у­нэтI лэжьыгъэр къызэгъэ­пэщынымкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ­Хъурей Арсен къызэрыхигъэщамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 12-м ирихьэлIэу университетым IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызрагъэгъуэтыну ­хуейуэ я тхылъымпIэхэр къэ­зытам я бжыгъэр цIыху минищрэ щитхум щIегъу. Нэ­гъабэрей щIэтIысхьэгъуэм а пIалъэ дыдэм ирихьэлIэу зи тхылъхэр къэзытахэм я ­бжыгъэм уеплъмэ, минкIэ нэхъыбэщ. Абы ущымыгуфIыкIынкIи Iэмал иIэкъым.
«Мэкъуауэгъуэм и 12-р ди университетым къыщIэ­тIыс­хьэну хуейхэм я тхылъхэр ­къатыну Iэмал щаIа иужьрей махуэт, - жиIащ КъБКъУ-м щIэтIысхьэным епха Iуэху­гъуэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Табыщ Тимур. - Иужьрей махуэщ жытIэу къэдгъэлъэгъуа пIалъэр зы­теухуар университет кIуэ­цIым къыщызэрагъэпэщыну гъэунэхуныгъэхэм хыхьэнухэращ. Ар яхуэгъэпсауэ щытынущ къэралым и мылъкукIэ бакалаврым и программэхэмрэ IэщIагъэ пыухыкIахэр зэрызрагъэ­гъуэт программэхэмкIэ еджэ­ну хуейхэм. Мы экзамен лIэужьыгъуэм хыхьэнущ IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэр къэзыухахэр, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэхэр, бакалавриатыр е магистратурэр къамыухауэ ар зэзыгъэпэщыжыну е зи еджэныгъэр и кIэм нэзыгъэ­сыжыну хуейхэр, зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэхэр, зеиншэхэмрэ адэ-анэ зы­щхьэ­щымытыжхэмрэ, хамэ къэ­рал къикIахэр. Ахэр хуитщ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр ятыну е университетым къызэригъэпэщ гъэунэху­ныгъэхэм хыхьэну, зэры­щIэ­тIысхьэну тхылъымпIэхэр къыщаткIэ балл бжыгъэу ­къагъэлъагъуэр ирагъэ­фIэ­кIуэн папщIэ».
КъБКъУ-м щекIуэ­кIыну гъэунэхуныгъэхэм хы­хьэ­ну­хэм дэтхэнэми Iэмал иIэнущ къэралым и мылъкукIэ еджэ­нухэм яхэхуэнуи зэгу­рыIуэныгъэ зэращIы­лIэу пщIэ зыщIат программэ­хэмкIэ еджэнуи. Урысейм щыщу гъэунэхуныгъэхэм хыхьэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ еджэну гупыж зыщIхэм IэмалитI яIэщ. Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм япкъ иткIэ къахьа баллхэм тещIыхьа зэры­щIэ­тIысхьэ тхылъымпIэхэр шы­щхьэуIум и 25 пщIондэ ­къатыну хуитщ, ауэ университет кIуэцIым щекIуэкIыну гъэунэхуныгъэхэм хыхьэну­хэм я тхылъымпIэхэр шы­щхьэуIум и 10 пщIондэ къатын хуейщ.
ЗэгурыIуэныгъэ зэращIы­лIэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ еджэну хуейуэ ­хамэ къэрал къикIхэмрэ къэ­рал гуэрми и цIыхуу щымытхэмрэ зэры­щIэ­тIыс­хьэ тхылъымпIэхэр шы­щхьэуIум и 23 пщIондэ къыIахынущ. Зи тхылъхэр къэзытахэм яхэтщ Конгэм, ­Узбекистаным, Сирием, Иорданием, Египетым, Индием щыщ щIалэгъуалэр. Урысейм и гугъу пщIымэ, ди университетым нэхъыбэрэ къыщIотIысхьэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэм, Шэшэным, Ингу­шым, Дагъыстэным къикIахэр.
КъБКъУ-м щIэтIысхьэнухэм я тхылъымпIэхэм хэп­лъэ гупым цIыхуищэм нэ­благъэ хэтщ. Абы хохьэ унафэщI гупым щыщхэри, егъэджакIуэхэри, еджакIуэ пажэхэри. А гупым хэтщ: КъБКъУ-м и ректорым и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ (уна­фэщIщ), КъБКъУ-м щIэгъэтIысхьэнымрэ IэщIа­-гъэм зэрыхуаунэтI лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хъурей Арсен (унафэщIым и къуэдзэщ), КъБКъУ-м щIэтIысхьэным епха Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Тимур (жэуап зыхь секретарщ). Гупым и лэжьыгъэхэр къы­щIэтIысхьэхэм елъытауэ унэ­тIыныгъэ зыбжанэу гуэшащ. Апхуэдэу жэуап зыхь секретарым и нэIэ ятетщ IуэхущIапIэ зэмылIэужьы­гъуэхэм къабгъэдэкIа жэрдэмыр и лъабжьэу еджакIуэ къакIуэхэм ядэлажьэ IэнатIэм, бакалавриатымрэ IэщIа­гъэ зэрызрагъэгъуэт программэхэмкIэ IэнатIэр, магистратурэм, аспирантурэм, ординатурэм кIуэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу ядэлажьэ IэнатIэхэм, IэщIагъэ щрагъэгъуэт курыт еджапIэхэр къэзыухахэм я тхылъхэр ­къезыIых IэнатIэм, хамэ къэрал къикIхэмрэ къэрал гуэрми и цIыхуу щымытхэмрэ я тхылъымпIэхэр зэ­зыгъэуIу IэнатIэм, зэгу­ры­Iуэныгъэ зэращIылIэу пщIэ зыщIат программэхэмкIэ еджэну хуейхэм а Iуэху­тхьэбзэр къахузэзыгъэпэщ IэнатIэм, чэнджэщэгъухэм, нэгъуэщIхэми.
Лэжьыгъэ екIуэкIыр ягъэпсынщIэ чэнджэщэгъу­хэм. А къалэныр ягъэзащIэ КъБКъУ-м и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм я ­къуэдзэхэмрэ. Абыхэм я лэжьыгъэр зэрегъэуIу ­КъБКъУ-м щIэгъэ­тIыс­хьэ­ным щыхуагъэхьэзыр IэнатIэмрэ IэщIагъэм зэры­хуаунэтI лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и къуда­-мэм и унафэщI КIэрашэ Аксанэ. ЩIэтIысхьэгъуэм еп­ха Iуэхугъуэхэр екIуэ­кIыхукIэ жэуап зыхь секретарым и къуэдзэ къалэныр абы и пщэ дэлъынущ.
Апхуэдэу, лэжьыгъэм и курыкупсэм хэтщ еджэныгъэми жылагъуэ Iуэхухэми къыщыхэжаныкIа, пщэрылъ ящыпщIыр жыджэру зыгъэзащIэ гупыр, волонтёр ныбжьыщIэ тIощI хуэдиз хъууэ. Абы и ныкъуэр зэры­щIэ­тIысхьэ тхылъымпIэхэм я электрон щапхъэхэр гъэхьэ­зырыным епхауэ мэлажьэ, адрей ныкъуэр къакIуэ-на­кIуэхэм, щIэупщIэхэм япы­щIащ, здэкIуэнумрэ зыбгъэ­дыхьэнухэмкIэ ягъэгъуазэу.
Абы къищынэмыщIауэ, я гугъу щIыпхъэщ техникэ хуэIухуэщIэхэмкIэ секретарь 35-рэ зэрыщыIэм. Ахэр зэрыщIэтIысхьэ тхылъымпIэхэр «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» къэрал сервисым е КъБКъУ-м и къэпщытакIуэ гупым и сайтым илъхьэ­нымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу. Техникэ Iуэхугъуэхэм пыщIа секретархэм тхылъымпIэхэр сервисым ирагъэзэгъа нэ­ужь, лъэIу тхылъхэр щапхъэм тету ягъэхьэзыр, тхы­лъымпIэхэр зыхуей-зы­хуэ­ныкъуэкIэ щIапщытыкI, унэ­тIыныгъэхэр яубзыху, зэпэщ хъуа тхыгъэхэр «1С: Уни­верситет»-кIэ зэджэ хъыбарылъэм иралъхьэ. Псори зэхэту зы цIыхум и тхылъымпIэхэр мы жыпхъэм тету гъэхьэзырыным дакъикъэ 20 - 30 хуэдиз ехь.
«КъБКъУ-м и институтхэми, медицинэ факультет­-ми, колледжиплIми щеджэ студентхэм куэдрэ сахэп­лъащ щIэтIысхьэнухэм я тхылъымпIэхэр къеIызых гупым и лэжьыгъэм къы­хэпшэ хъун гуращэкIэ, - жеIэ Табыщ Тимур. - ТхылъымпIэ зэгъэзэхуэкIэмрэ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэ ­хъунум теухуа теориемкIэ абыхэм си деж мазэм ­нэб­лагъэкIэ зыщагъэсащ. ­Пра­к­тикэ Iыхьэм и гугъу пщIымэ, волонтёрхэм япэ лъэбакъуэхэр щачащ ­КъБКъУ-м и сайтым, къы­щIэтIысхьэну хуейхэм абдеж къыщызэIуаха напэ­кIуэцI­хэм дэлажьэурэ. ИужькIэ, Iуэхум хэгъуэза нэужь, ахэр тхылъымпIэ къекIуэкIхэр зэзыгъэуIу «1С» хъыба­ры­лъэр зыгъэлажьэ Центрым и унафэщI Денисенкэ Владимиррэ КъБКъУ-м инженер-техникэ хуэIухуэ­щIэ­хэмрэ хъыбарылъэ техно­логиехэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Лазарев Лео­нидрэ я деж щекIуэкI практикэ курсым хэтащ. Къыхэгъэщын хуейщ, зи цIэ къис­Iуа IэщIагъэлIхэр ди лэжьыгъэхэр зэфIыхьа хъун пап­щIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къызэрытхуэхъуар. ЩIалэгъуалэ къыхэтхар зэрыжы­джэрым къищынэмыщIауэ, куэдым гулъытэ хуаIэу икIи екIуэкI лэжьыгъэр яфIэгъэщIэгъуэну къыщIэкIащ. Ди еджапIэм япэ къыдыхьэ ныбжьыщIэхэм я гуращэр ядэIыгъыным, къыхаха гъуэгум хущIемыгъуэжу ирикIуэным теухуауэ абыхэм ирагъэкIуэкI псалъэмакъ­хэм мыхьэнэ яIэщ. Абыхэм университетым и пщIэр къызэраIэтым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым».
КъБКъУ-м щIэтIысхьэнухэм я тхылъымпIэхэм хэплъэ гупыр махуэ къэс сыхьэти 8-м щегъэжьауэ    18-м нэс зэпымыууэ мэ­лажьэ.
«Япэ лъэбакъуэхэр гъащIэм хэзычэ ныбжьыщIэхэм я нэгум ущиплъэкIэ, хъуап­сэрэ гугъапIэу иплъагъуэм улэжьэну, зыхуежьа Iуэху­гъуэхэр ящыбгъэпсынщIэну уи гур хуэщIа мэхъу. МахуэщIэм цIыхущIэрэ гуп­сы­сэщIэу къишэм къегъэлъагъуэ дызыхэт лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиныр, щы­тыкIэ къызэрымыкIуэхэр ­зэ­фIэхыным хуэунэтIауэ зэ­рыщытыр. IэнатIэрэ щIэныгъэрэ зригъэгъуэтыну хуей­уэ ди деж къакIуэм и ­мурадыр дэтIыгъым и мы­закъуэу, и Iэмалхэми худо­гъэплъэкIыж, кIуэрабгъухэр идогъэлъагъу. Къытщохъу ди лэжьыгъэмкIэ куэдым ящIа мурадхэм нэхъ ялъэ­IэсыгъуафIэ тщIыуэ, зэ­рыхъукIи ар нэхъри дгъэп­сынщIэнущ. «Седжэнущ, IэщIагъэ зэзгъэгъуэтынущ» жызыIэм удэIэпыкъуныр, ­гъуэгу етыныр зыхуэлажьэр ди университетым и за­къуэкъым, атIэ ди щIыналъэм, ди лъэпкъым я къэ­кIуэнуми къыгуэх имыIэу ­епхащ», - къызэщIекъуэж и гупсысэр Табыщ Тимур.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.